2019-05-18
- Бжыгъэхэм къаIуатэ
- Тхыдэр щыхьэт тохъуэ
- Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм абыхэм я бжыгъэр зэрыхъуу щытар. Адыгэхэм я бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ.
- АБЫ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭР гурыIуэгъуэщ: Кавказ зауэр зэхаубла нэужь, урыс дзэпщхэми хамэ къэралхэм къикI лIыкIуэхэми ялъытэ хъуащ адыгэхэм (къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, бжьэдыгъухэм, кIэмыргуейхэм, жанэхэм, н.) я цIыху бжыгъэр. А Iуэхур япэ зыублахэм ящыщщ урыс щIэныгъэлI-хэр, тIасхъэщIэххэр, дипломатхэр. Абыхэм я нэхъыбэм а зэманым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я бжыгъэр мин 300-м къыщыщIэдзауэ мин 500-м нэсу арат. Апхуэдэ бжыгъэ къагъэлъагъуэ (XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм тещIыхьауэ) урыс генерал Бларамберг (мин 500), барон Сталь (мин 307-рэ), урыс тIасхъэщIэх Торнау (мин 495-рэ). Адыгэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Хъан-Джэрий зэрилъытэмкIэ, 1836 гъэм адыгэхэр мин 265-рэт зэрыхъур. А бжыгъэм нэхърэ зымащIэкIэ нэхъыбэщ Берже Адольф 1858 гъэм къигъэлъэгъуар — мин 290-рэ.
- ГъэщIэгъуэнракъэ, а бжыгъэхэмкIэ акъылэгъу мэхъу совет зэманым а Iуэхум тетхыхьа щIэныгъэлI зыбжани. Псалъэм папщIэ, Гарданов Константин къызэрилъытэмкIэ, XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм я бжыгъэр мин 500-м щIигъуу щытакъым.
- Адыгэхэм я хабзэхэмрэ я псэукIэмрэ куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIахэм ящыщщ лыхь революционер цIэрыIуэ Лапинский Теофил (1826 — 1886 гъгъ.). 1857 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, ар илъэсищкIэ яхэтащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, натхъуэджхэм, абазэхэхэм, н.). ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Лапинскэр щIэмыупщIэнкIэ Iэмал иIакъым адыгэхэм я бжыгъэм. 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIа тхылъым («Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэ-кIа бэнэныгъэмрэ») зэрыщитхымкIэ, кIахэ адыгэхэм (къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ хэмыту) я бжыгъэр Лапинскэм мин 900-м щIигъуу къелъытэ. АбыкIэ щхьэусыгъуэ и мащIэкъым Лапинскэм.
- «Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, — етх Лапинскэм. — Сэ къызэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу. Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ — мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжауэ, европей автор куэдми къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ… Шэрджэсхэм къезауэ урысыдзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин 200 шэрджэсхэм къариутIыпщынтэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкIа имысатэмэ».
- Лапинскэр, зэрыжытIащи, Шэрджэсым къыщыкIуар 1857 гъэрщ — Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэщ. Абы и пэкIэ, 1829 гъэм, адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къэкIуауэ щытащ урысыдзэм и генштабым и лэжьакIуэ Новицкий Г. Б. Абы а гъэм къызэрилъытамкIэ, адыгэхэр (кIахэ адыгэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Псыжь адрыщI ис адыгэхэр) мин 263-рэ хъууэ арат. КъыкIэлъыкIуэ гъэми къытригъэзащ Новицкэм тIасхъэщIэх Iуэхум. А гъэм абы дэIэпыкъуащ шапсыгъ лIакъуэлIэшхэу Абатхэ Беслъэнейрэ Убыхрэ. Хъан-Джэрий зэритхыгъамкIэ, Абат Беслъэней щIэныгъэшхуэ зиIа цIыхущ. Абатхэ зэшитIым къыжраIамрэ езым илъэгъуамрэ трищIыхьри, Новицкэм а гъэм шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр) мелуанрэ мин 82-рэ хъууэ къилъытауэ щытащ (унагъуэ 54110-рэ). Новицкэм зэритхамкIэ, адыгэ унагъуэм цIыху 20 нэхърэ нэхъ мащIэ исакъым (абы щыхьэт тохъуэ а Iуэхум иужькIэ тетхыхьа щIэны-гъэлIхэм я нэхъыбэр — адыгэ унагъуэм цIыху 20 нэхърэ нэхъ мащIэ зэримысам). Ар (адыгэ унагъуэм цIыху 20 е нэхъыбэ зэрисар) я фIэщ хъуркъым зи гугъу тщIы Iуэхур (адыгэхэм я бжыгъэр) ди зэманым зыджа щIэныгъэлIхэм. Абыхэм ящыщ куэдым зэратхымкIэ, XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэ унагъуэхэм исар, ику иту къапщтэмэ, цIыхуи 8-м фIэкIыркъым (уеблэмэ, нэхъ мащIэщ). Iуэхум нэхъ хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэр щыхьэт тохъуэ адыгэ унагъуэм XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм цIыху тIощIи, нэхъыби зэрисам. А зэманым адыгэ унагъуэм щIэблэ зыбжанэ зэрисар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым: я тхьэмадэр псэуху, унагъуэхэр зы пщIантIэ дэсу щытащ, цIыху дапщэ хъуми. Адыгэхэм ятеухуауэ унагъуэкIэ узэджэн хуейр тхьэмадэ зыщхьэщыт пщIантIэрщ, абы дэс хабзэт унагъуэ зыбжанэ — аращ ди тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Новицкэм кIахэ адыгэхэр пщIантIэ (унагъуэкъым!) мин 54-рэ мэхъу щыжиIэм, ар щыуакъым, щыуауэ иужькIэ ягъэкъуэншами. Новицкэм зи гугъу ищI пщIантIэ (езым зэритхымкIэ, «двор») къэс цIыху 20 зэрыдэсарщ абы кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным щIигъуу щытауэ щIыжиIэр.
- КЪЭБЭРДЕЙ адыгэхэм я бжыгъэм и IуэхукIэ ардыдэр жыпIэ хъунущ: куэдым яфIэфIакъым ахэр зэгуэр (псалъэм папщIэ, XVI — XVIII лIэщIыгъуэхэм) куэд хъууэ щытауэ ятхыни жаIэни. Псалъэм папщIэ, Берже 1858 гъэм зэритхамкIэ, къэбэрдейхэр мин 36-м зэрыщIигъу щыIакъым. Абы акъылэгъу дэхъу щIэныгъэлI щыIащ совет лъэхъэнэми. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым — сыткIэ нэхъ захуагъэт къэбэрдей адыгэхэм (кIахэхэми) я бжыгъэр зэрыпхузэфIэкIкIэ бгъэмэщIауэ птхыныр — аращ мыгурыIуэгъуэр. Зы щапхъэ закъуэ къэтхьынщ. Урысыдзэм и генштабым и офицер Бларамберг Иоганн 1834 гъэм итхыгъащ (еплъ абы и «Историческое, топографическое, статистическое, этнографическое и военное описание Кавказа» тхылъым) къэбэрдейхэр унагъуэ мин 45-рэ хъууэ — ар 1804 гъэм. Къэбэрдейр лъыгъажэ зауэмрэ емынэ уз бзаджэмрэ лъэрыщIыкI ящIа нэужь, Бларамберг зэритхымкIэ, абы къинэжар цIыху мин 30 хуэдизщ. Бларамберг щыуэркъым: тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм иса цIыху бжыгъэм щыщу зауэмрэ емынэ узымрэ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къелар Iыхьэ пщIанэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, XVIII лIэщIыгъуэм (XIX лIэщIыгъуэр къихьэху) къэбэрдейхэм я бжыгъэр мин 500 нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытакъым — абы щыхьэт тохъуэ тхыдэр. 1793 гъэм Къэбэрдейм къэкIуауэ щыта академик Паллас Петер-Симон зэритхамкIэ, зауэ къащIэхъуэмэ, къэбэрдейхэм шу мин 20 ягъэшэсыфу щытащ. Къэбэрдейм и тхыдэм щыгъуазэм фIыуэ ещIэ шууэ зауэм Iухьэм я нэхъыбапIэр уэркъхэм къахэкIауэ зэрыщытар: къэбэрдейхэр мелуан ныкъуэ нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытатэмэ, уэркъ шу мин тIощI ягъэшэсыфынкIэ Iэмал иIакъым — ар гурыIуэгъуэщ. Уэркъ шу къэс, зэрыхабзэти, зауэлI зытхух щIагъурт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, академик Паллас щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, адыгэхэм зауэм Iуашэфырт, шуми лъэсми, цIыху минищэ. Апхуэдэдзэ зэщIамыгъэшэсэфтэмэ, къэбэрдейхэм 1708 гъэм кърым хъаным и дзэ фIыцIэр (мин 80 хъур) зэхакъутэфынтэкъым — а зауэм и хъыбар куэд къыхэнащ урыс тхыдэми европей авторхэм я тхыгъэхэми.
- Адыгэ унагъуэм цIыху 20-м нэхърэ нэхъыбэ исауэ къелъытэ профессор Дзэмыхь Къасболэти. Абы зэритхымкIэ, адыгэ унагъуэм, XVIII — XIX лIэщIыгъуэхэм ятепщIыхьмэ, цIыху 20-м къыщыщIэдзауэ цIыхуи 100-м нэс ису щытащ — абы и щхьэусыгъуэр зы адыгэ пщIантIэм унагъуэ зыбжанэ зэрыдэсарщ (зы адыгэ пщIантIэм, зэрыжытIащи, унагъуэ хъуауэ зэкъуэш зыбжанэ дэс хабзэу щытащ). Абы ипкъ иткIэ, профессор Дзэмыхь Къасболэт елъытэ Къэбэрдейм XVIII лIэщIыгъуэм икухэм деж цIыху мин 450-м нэс исауэ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, етх Дзэмыхьым, къэбэрдей адыгэхэм зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытам. Ар Къэ-бэрдейм и закъуэ!
- ЩIэныгъэлI куэдыр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кIахэ адыгэхэм (иджы адыгейкIэ дызэджэ хъуахэм) я бжыгъэр зы мелуанми къыщызэтенэу щытакъым — куэдым ятх а бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нэсу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, Дьячков-Тарасов Николай 1853 гъэм итхыгъащ: «Фельдмаршал Паскевич и унафэкIэ зэхуахьэса хъыбархэм ятепщIыхьмэ, бгырысхэм (адыгэхэм) я бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нос, абыхэм зауэм Iуашэфынущ зауэлI мин 250-рэ». Псыжь къэзакъхэм я тхыдэр зыджа Щербинэ Ф. А. уеблэмэ фIэмащIэщ Новицкэм къигъэлъагъуэ бжыгъэр — 1082200-р. Абы нэхърэ нэхъыбащ шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр), — итхыгъащ Щербинэ.
- Адыгэхэм я бжыгъэр зы мелуаным куэдкIэ щIигъуу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ Кавказ зауэм и ужькIэ хэкур зыбгынауэ щыта цIыху бжыгъэри. Абхъаз щIэныгъэлI цIэрыIуэ Дзидзарие Георгий къызэрилъытэмкIэ, Тыркум Iэпхъуауэ щытащ бгырыс мин 900-м нэс (Кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къинэжар цIыху мини 100-м щIигъужыртэкъым).
- УНЭЖ Кашиф,
- философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор.
- Хьэжрэтхэм я дыщэ
- Кавказым и щIыпIэ куэдым дыщэ, дыжьын къызэрыщIахыу щытам теухуауэ хъыбар мащIэкъым къыщIэнар. Ижь-ижьыжым къыщегъэжьауэ, къамэхэр, сэшхуэхэр, нэгъуэщI Iэщэхэр, фащэр зэрагъэдахэу щытар дыщэрэ дыжьынрэщ. Арами, адыгэхэм дыщи дыжьыни къащэхуу щытакъым. Уеблэмэ, тхыдэм къыхэнащ нэгъуэщI лъэпкъхэр къакIуэурэ адыгэхэм я деж ахэр зэрыщащэхуу щытар. АтIэ, дыщэ къыщIэхыпIэ щымыIэмэ, дэнэ кърахрэт ахэр?
- ТХЫДЭМ дыхэплъэжмэ, дыщэ чырбышхэр зэрахьэу щытауэ адыгэпщхэр къыхощ абы. Мы Iуэхур иужьрейуэ нэхъ IупщI щыхъуар Кавказ зауэращ. А зэманым, Псыжь псыхъуэ куэщIым къару къыщыщызэрагъэпэщым, беслъэней, абэзэхэ, къэбэрдей хьэжрэтхэр япэу хуэкIуауэ щытащ дыщэ зэхуахьэсу, абыкIэ Iэщэ къащэхун гупсысэм.
- Мы Iуэхур мыхьэнэшхуэ зиIэт. Пащтыхьыдзэр гынышэрэ топышэрэкIэ къапэщIэтт, хьэжрэтхэм я нэхъыбэм яIэр къамэрэ сэшхуэрэт, фоч яIэххэми, шэкIэ ирикъуртэкъым. Пэжщ, нобэр къыздэсым хьэжрэт псыхъуэхэм уащыхуозэ «гынгухъущхьэкIэ» зэджэ щIыпIэхэм. Абдеж адыгэхэм гынышэ (порох) езыхэм щагъэхьэзырыжырт. Арами, абы ягъэхьэзырымрэ зыхуэныкъуэ бжыгъэмрэ зытэкъым. ЕтIуанэрауэ, пащтыхьыдзэр къазэрыпэщIэт топхэм пэщIагъэувэн езыхэми къащэхуну хьэжрэтыпщ куэд и ужь итащ.
- Апхуэдэ мурадкIэ Псыжь куэщIым щызэхуэса адыгэхэм дыщэ зэхадзэн щIадзэ. Ар зи пщэ иралъхьауэ щытар Къарэмырзэ Алийрэ Ажджэрий и къуэ Кушыкупщрэщ. Дыщэр къызэрыщIахыр пащтыхьым и генералхэми ящIэрт, ауэ зэхуахьэсар хьэжрэтхэм щагъэпщкIу щIыпIэм щыгъуазэтэкъым. Генерал Засс сымэ куэдрэ лъыхъуащ а щIыпIэм, ауэ ягъуэтакъым. Пэжыр жыпIэнумэ, ар къэзыIуэтэн цIыхут ямыгъуэтыр. Дыщэм и гъэтIылъыпIэр зыщIэр нэрыбгитIт. ЗэрыжаIэмкIэ, ар Ажджэрий Кушыкупщрэ Къанокъуэ Айтэчрэт.
- Хьэжрэтхэр мызэ-мытIэу и ужь итащ дыщэ зэхуахьэсамкIэ Iэщэ къащэхуну. Хьэжрэт хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, Зан Сэфарбий Тыркум щIагъэкIуар арат — хьэжрэт дыщэмкIэ Iэщэ къащэхуну ягурыIуэнрат. Ауэ, щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэм къыхэкIкIэ, Iуэхур къайхъулIакъым.
- Бэч и къуэ Фёдор (Бекович Черкасскэм) дыщэм и хъыбарыр Iэрыхьэу, дзэ и гъусэу къыщежьам IэщIэкIуэда Къарэмырзэ Алий и жылэм дыщэ куэд къыдахащ. И ныкъуэхэм зэрагъэхъыбарымкIэ, жылэм щIытеуари, къыдахари хьэжрэтхэм зэхуахьэса дыщэрат. Ауэ, ар пэжкъым. Къарэмырзэм и жылэм дэлъар езымрэ и уэркъхэмрэ я дыщэращ. Жылэм дэсым я нэхъыбэр дыщэ къыщIэхыным хэлэжьыхьырт, арат щIэбейхэри. Къарэмырзэм и жылэм беягъкIэ зыкIи къыкIэрыхуртэкъым Ажджэрий Кушыкупщ и жылэри. Ахэри дыщэ къыщIэхыным хэлэжьыхь жылэт. Ауэ Бэч и къуэм IэщIэшхыхьар Къарэмырзэ и жылэ закъуэращ. Кушыкупщ и деж нэмысарэ, е модрейхэм хъыбарыр ялъэIэсу щIэпхъуэжа — абы и щхьэусыгъуэр нэгъэсауэ иджыри къыздэсым яубзыхуакъым.
- Мы Iуэхум ехьэлIауэ щыIэ еплъыкIэхэм ящыщщ Бэч и къуэм Къарэмырзэ и гупым закъыпищIауэ, дыщэ къыщIахымкIэ зыдагъэгуэшэну. Мыдрейхэм щыхуамыдэм, «зыри къызэзымытым, псори сыт къыщIытезмыхыр» жери къежьащ Бэч и къуэр.
- Хьэжрэт хъыбархэм къызэрыхэнамкIэ, Бэч и къуэр жылэшх къызэрежьар пщы Дохъушокъуэ Кърымджэрий зэхихат. Ар езыр цIыху щыпкъэти, Къарэмырзэ Алий къыжриIащ и жылэр яшхыну къызэрыкIуэр. Дохъушокъуэр я жылэхэр яхъумэн папщIэ пащтыхьым и нэIэ щIэува адыгэпщхэм ящыщт, а зэманым пащтыхьым Кавказым къыщызэригъэпэща милицэ къулыкъум хэтт. Ауэ Къарэмырзэм идакъым къыжраIар и фIэщ ищIын. Япэрауэ, щIымахуэ шылэ мазэт, пащтыхьыдзэр жылэшх къыщежьэ пIалъэтэкъым. ЕтIуанэрауэ, Къарэмырзэр и къаруми щыгугъыIуащ — и жылэр узыфIэмыкIыжыну инт. А зэманым щыIа адыгэ жылэхэм еплъытмэ, тIукIэ-щыкIэ нэхъыбэт. Ар Бэч и къуэм къыздиша дзэми ягъэщIэгъуауэ щытащ, мы Iуэхум тепсэлъыхьыж тхыгъэхэми къыхэнащ.
- Кърымджэрий Къарэмырзэ и деж зэрыщыIар пащтыхьыдзэм тIасхъэщIэхыу хэт Щогъур и къуитIым къащIэри, Бэч и къуэм бзэгу хуахьыжащ. Щогъур и къуитIыр Дохъушокъуэм и азэтт, и щэхухэм щыгъуазэт. Бэч и къуэм хъыбарыр щылъэIэсым, къуажэр жэщым къызэраувыхьу Дохъушокъуэр топым и пэм ирапхыну унафэ ищIащ. «ДыкъызэрыкIуэнур Къарэмырзэм зэрыжепIар пэжу, къуажэр къыдэзэуэну хьэзыру къыщIэкIмэ, япэ дутIыпщыну топышэм и гъусэу жылэм ухэтпхъэнущ» , — къыжриIащ Кърымджэрий. Ауэ Къарэмырзэм и жылэр жей Iувым хэту хуэзэри, зэрыхуейуэ яшхащ.
- Къарэмырзэм и жылэм къыдиха дыщэмкIэ Бэч и къуэр ирикъуами, хьэжрэтхэм я дыщэ зэхуахьэсам и лъэужьыр къыхуэубыдакъым. Хьэжрэт хъыбархэм къызэрыхэнамкIэ, дыщэр здагъэпщкIуа щIыпIэм узэрыкIуэну лъагъуэр — къамитIым я тхьэмпэхэр зэгуагъэувэри, къыхаIущIыкIат. Иужьым къамитIыр зэгуахыжри, зыр Ажджэрий Кушыкупщым ищтащ, адрейр Къанокъуэ Айтэч иIыгъащ.
- Ажджэрийр 1829 гъэм зыукIыжар и щыкъу щIалэщ, и щхьэгъусэм и дэлъху нэгъуей хъан Исмэхьилщ. Ажджэрийр лIыгъэрэ къарурэ зыхэлъ, зи псалъэм пщIэ хуабжь иIэ, зыщышынэ пщыт. Ар хъан Исмэхьилым и щхьэ акъылкIэ тегушхуэу зэримыукIар хьэкъщ, зыгуэрым къызэрыкъуэгушхукIар, зэрытрагъэгушхуар наIуэщ. Абы щыхьэт тохъуэ къамэм адэкIэ и хъыбар хъуари. Ар генерал Сталь IэщIыхьащ. Ауэ Кушыкупщыр зыIэщIэкIуэдахэр зым щыгъуэзакъым — дыщэ гъэтIылъыпIэм узэрыхуэкIуэну лъагъуэр къамитIым зэрытетым. КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм зыхуейр къаIэщIыхьэн папщIэ, къамэ гъусэ къагъуэтыпхъэт.
- ЕтIуанэ къамэр зыIэщIэлъар Къанокъуэ Айтэчми, абыи хъыбаритI иIэщ. Ауэ, хъыбархэр зэпыбгъэувэжмэ, зым адрейм пещэж. Зы хъыбарымкIэ — къамэр Тыркум ирахащ. Ауэ Къанокъуэ Айтэч Тыркум кIуакъым, Хэкужьым щаукIащ. ЗэраукIари щIыбырыуэущ, и шыр псы здригъафэм, къуагъым къыкъуэукIхэри яукIащ. Ар къыщыхъуар, зэрыхуагъэфащэмкIэ, 1841 гъэращ. Пщы гъусэхэр пхъэращ, ауэ къыкъуэукIар ягъуэтакъым. Айтэч къуитI къыщIэнати, и къуэ нэхъыжь Бэчмызэм къамэр лъысащ. Бэчмызэ и жылэхэр здэщысар иджырей Каноковскэ станицэр здэщысращ. Езы Бэчмызэр 1884 гъэм Тыркум кIуащ. ЗэрыжаIэмкIэ, Хэкум щикIынум и нэIэ щIэтхэм захуигъазэри яжриIащ: «Сэ пщыуэ сыкъэзылъытэр, си ужь фыкъиуви, фынакIуэ». Пщым и ужь иуващ унагъуэ 600-м щIигъу. Унагъуи 120-р Хэкужьым къинащ. Дыщэ гъэтIылъыпIэр зытет етIуанэ къамэр Бэчмызэм Тыркум здрихауэ хъыбар къэнащ.
- КъамитIми, абы и щэхур зыщIэхэми я хъыбар зыри дунейм къытенакъым. Хьэжрэт псыхъуэхэм иджыри къыздэсым щагъэхъыбар дыщэ гъэпщкIуам и Iуэхур. Апхуэдэ хъыбархэм нэхъыбэу ущрихьэлIэр Хьэгъундыкъуейрэ (иджырей Али-Бэрдыкъуэ), Дохъушыкъуейрэщ (иджырей ВакIуэ-Жылэ). Мы къуажитIым зэманым къыпхраха IуэрыIуатэм къахэнащ хьэжрэтхэм я дыщэм ехьэлIа хъыбархэри. Ауэ дыщэр щагъэпщкIуар иджыри къыздэсым зыми хуэубзыхуакъым.
- БЕМЫРЗЭ Зураб.
- Пэжым нэр ирещI
- Лъапсэрых
- Сыт адыгэхэм я ХэкурщIабгынар?
- Засс бийр гузэвэгъуэ и псэм телъу гъэпсэун хуейуэ къилъытэрт. Абы и нэщэнэу, езым и унафэкIэ зэтригъэтхъуа ЩIытI Быдэм пэгъунэгъу Iуащхьэм гъущI бжэгъухэр щыхригъатIэри, абыхэм адыгэхэм я щхьэ пыупщIахэр фIригъэIуауэ фIигъэлът, я жьакIэхэр жьым щIихурыхукIыу. Уи гур къригъакIуэрт а теплъэгъуэ гукъутэм.
- Зэгуэрым генералым Нарышкинэ-гуащэр и деж иригъэблэгъащ. Бзылъхугъэм къыхуиIуэхуащ, щхьэхэр фIебгъэхыжмэ, сынэкIуэнщ жиIэри. Засс абы и гукъыдэжыр игъэзащIэри, псори и унэм деблэгъащ. И пэшым сызэрыщIэбакъуэу, псэм къытегъуалъхьэ мэ Iей дыдэ гуэр къысщIихьащ. Абы гу лъызыта Засс дыхьэшхри, Iуэхур зыIутыр къыдгуригъэIуащ: щхьэхэр къыфIахыжыну унафэ зыхуищIахэм ахэр зыдэлъ пхъуантэр гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIагъэувауэ къыщIэкIынщ. Пэж дыдэу, ар гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIэIэбэри, пхъуантэ абрагъуэ къыщIилъэфащ, щхьэ зыбжанэ дэлъу, абджыпсым ещхь я нэ ижыхьахэм уи псэр Iуахыу. «Сыт мыхэр зэрыпщIынур?» — сеупщIащ генералым. «Согъавэ, согъэкъабзэри, анатомием елэжьу Берлин дэс си ныбжьэгъу профессор гуэрхэм яхузогъэхь», — къызитащ абы жэуап.
- Лорер Николай,
- Кавказым къулыкъу щызыхьа
- урыс декабрист. 1904 гъэ
- Бгырысхэр гъэIэса зэрыхъун Iэмал нэхъ зэпэщу Вельяминовым илъытэр гъаблэрати, тенджызым къызэпрашу зыри къаIэрымыхьэн хуэдэу, Iуфэм Iэнэпэрэ Гагрэрэ я зэхуаку дэт кхъухьхэмрэ дзэ щхьэхуэрэ Iугъэувэн хуейт, адыгэхэр мэжэщIалIагъэм иубыдын хуэдэу.
- А къарухэм, япэрауэ, я къалэнт урыс къуажэхэм нэхъ щIы пшэрхэр ирагъэубыду, бгырысхэр ящIхэм щызэхагъэкIуэтэныр. ЕтIуанэу — тепщэгъуэм и унафэрэ и арэзыныгъэрэ хэмылъу зыхуей-зыхуэныкъуэ зыри къаIэрымыхьэн папщIэ, ахэр щIыналъэм и адрыщIкIэ зыми ялъэмыIэсу щIын хуейт.
- Короленкэ Прокопий,
- Теджыз ФIыцIэ
- къэзакъыдзэм и тхыдэтх. 1874 гъэ
- МЕРЭТЫКЪУЭ Метин
- Си хэку
- Адэжь щIыналъэм и кIэдахъуэм
- СыкъыщIэкIатэм удз гъэгъауэ,
- IэфIыгъэм гъащIэр щыз ищIынт,
- Псэхугъуэр си псэм щыхэпщынт.
- Адэжь щIыналъэм и къурш щIагъым
- Си гъащIэр псыуэ къыщежьатэм,
- ГуфIэгъуэ защIэр есхьэхынт,
- Къуршыбгъэ лъагэр псым къищынт.
- Голландие, Амстердам
- ДЫГЪУЖЬ ФуIэд
- Уз
- Уз Iеищэ къызоуз,
- Къызоузри — сегъэгыз.
- Пхъэхым хуэдэу сызэпех,
- КъысхыхьэхукIэ сегъатхъэ.
- Къызэузми, си гуапэщ,
- СрищIыкIми, сфIэлъапIэщ.
- Уэ си узу, бетэмал,
- ХыумыгъэщIыт зы мэскъал.
- Адыгэ псоми еуалIэ,
- Псори зы щIыпIэ ешалIэ.
- Уеуз хъумэ — заIэтынщ,
- Уи хущхъуэгъуэр къагъуэтынщ.
- Гъуэгу нэхъыфIым дытепшэнщ,
- МыхъумыщIагъэм дыхэпшынщ.
- Сэ си узыр хэт къищIэн?
- Си щэхуфIыр къыздищIэн?
- Адыгагъэрщ къызэузыр,
- ЦIыху пэжагъырщ сэ сызысыр.
- ЗэрыцIалэми си узыр,
- Сыхъужынут зэуэзэпсэу:
- Си лъэпкъ мащIэр зы хъужамэ,
- Iуащхьэмахуэ тлъагъужамэ!
- Сирие, Хъышние къуажэ
- ЧУРЕЙ Алий
- Тхыдэ
- Си адыгэ нащхъуэ,
- Уи нэ нащхъуитIыр
- ГъэущхъуэнтIи,
- Хы щхъуантIэм хэплъэ.
- Хэплъэ-хэплъи,
- Хэплъагъуэр къызжеIэ.
- Псы щIыIэ дэхуабэу
- Ноби хым хэтыр
- КъызжеIэ зи нэпсыр.
- Гупсысэ-гупсыси,
- Си лъэпкъым и тхыдэр
- Пэж дыдэу схуэIуатэ.
- Темыхуэу и щIыгум
- ЩыкIауэ къикIа?
- КIыфIыгъэм щигъауэу
- Гъуэгу мыгъуэ техьа?
- Къихьахэм
- И лъахэр
- ФIаубыду къикIа?
- КIэ дэдзэ уи лъэпкъыр?
- Къуэладжэ-къуэладжэм
- Ар щхьэ дэкъухьа?
- Тхьэщыхьэ биижьхэм
- Лъэужьыр яутэ.
- Къэтэджи, си нащхъуэ,
- Уи лъэхъур ихыж.
- Ди Хэку дгъэгъэзэжи
- Ди тхыдэр дгъэджыж.
- Инжыджи Тэрчыжьи
- Я ткIуэпсхэр быдзышэу,
- Ди къуэпсыр гъэкIыж.
- Тырку, Зонгулдак
- Хъунэгу Надия
- УмыщIыт уи жагъуэ
- УмыщIыт уи жагъуэ, пшахъуэщI
- гъунапкъэншэр
- Гуузу, гуIэу нэщхъей зэрыхъуар.
- Щхъуэчыфэу хуэигъуэ
- си щхьэц зэрызешэм
- Хьэрып щIыналъэр
- хэщхьэрыухьащ.
- УмыщIыт уи жагъуэ,
- си псалъэ къуэпсыщIэр
- ГухэщIу узу зэрыкIэзызар.
- Кавказ къурш щхьэхухэм
- хуэхъуапсэу, хущыщIэу
- Си нэ къабзитIыр абы хуэплъызащ.
- УмыщIыт си жагъуэ, ппэIэщIэ
- сащIауэ
- Сэ ирезгъэхми хамэщIым сэлам,
- ПIащIэу мэпабгъэ си Iэгу
- пхуэгъущIар
- Адэжь щIыналъэу сызыхуэзэшам.
- КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и гъэмахуэ
- уафэр
- Дыгъэ бзий нэхукIэ сыт щыгъуи
- гъэнщIащ.
- Ауэ мы си псэр махуэ имыгъафIэ —
- КъемыхуэбылIэу си гур упщIыIуащ.
- Бахъсэн уэрэдыр къыщриш аузым
- Сыдэту хуиту махуэ сыбэуам,
- Зэуэ хъужынут сэ спкърытыр узу,
- Къэхуэбэжынут дыгъэ упщIыIуар.
- Иордание, Амман
- Шурдым Къундет
- Мы зы щIымахуэр игъэкIыж
- «Адэжь щIыналъэм дыгъэкIуэж, —
- КъызжеIэ си щхьэгъусэм. —
- СлъэмыкIыу сэри сегъэкIуэщI
- Гугъуехьу телъым уи псэм».
- Си щIалэ закъуэм согупсыс,
- Сигу щыщIэм сщIынт пэIэщIэ.
- Гъуэгу сытехьэну сыхьэзырщ,
- АрщхьэкIэ зызоIэжьэ.
- Сэ нобэ зым къызиткъым гъуэгу,
- Си гугъэр екъутэжыр:
- Мы щIыпIэр сэ схуэмыхъуми Хэку,
- Ар лъапсэщ си къуэм дежкIэ…
- «Мы зы щIымахуэр игъэкIыж», —
- ЖызоIэ си щхьэгъусэм.
- Уи сабиигъуэ пIэщIэкIам
- Хэт зылъэгъуар къигъазэу?
- Австрие, Инсбрук