ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МыкIуэдыжын лъэужь пхызыша

2019-05-08

  • Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ урысей академием и член-корреспондент, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Академием и академик, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 65-рэ ирикъуащ.

  • КъызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэ, къызыдэкIа аушыджэрдэсхэр зэрыгушхуэ, къэралым хьэлэлу хуэлажьэ щIэныгъэлI цIэрыIуэщ Щхьэгъэпсор. «Дэтхэнэ зыми хуэдэу, сэри сыкъызыдэкIа си къуажэм хуэдэ щымыIэу къысщохъу. Си нэгу къыщIохьэж абы щежэх псы къабзэр, къыщыкI жыг дахэхэмрэ удз хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. Андемыркъан и Iуащхьэмрэ Къэзанокъуей джабэмрэ-щэ? Си гур хохъуэ ди къуажэм цIыху Iущ куэд къызэрыдэкIам щхьэкIэ. Апхуэдэхэщ Бэрбэч ХьэтIутIэ, Лъостэн Владимир, Слъон Лудин, Ашэбокъуэ Леонид, Урыс Хьэчим, Къардэн Пашит сымэ, нэгъуэщI цIыху щыпкъэхэри. СыкъызыхэкIахэм я гугъу пщIымэ, абы срогушхуэ, ар лъэпкъ узыншэу къызолъытэри», — жеIэ Сэфарбий.
  • Щхьэгъэпсор и адэшхуэ-анэшхуэхэм я жьауэм щIэту, адыгэ хабзэ дахэм щIапIыкIыу къэхъуащ. И адэ Хьэсэнбий илъэс 18 фIэкIа мыхъуу Хэку зауэшхуэм 1942 гъэм дашри, 1947 гъэ пщIондэ абы щыIащ. Хьэсэнбий лIыгъэ зэрихьэу, и цIэр фIыкIэ къраIуэу зауэм зэрыхэтам папщIэ, абы къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и 1-нэ нагъыщэр, Берлин зэраубыдам, Германием зэрытекIуам папщIэ медалхэр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэри. Зауэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд итхыжурэ газетхэм къытрыригъадзэу щытащ Хьэсэнбий. Сэфарбий и анэ ФатIимэт Бэрбэчхэ япхъут, дэрбзэр Iэзэт.
  • Зэщхьэгъусэхэр сыт щыгъуи хущIэкъурт я бынхэм щIэныгъэ куу зэрыбгъэдалъхьэным. Япхъу нэхъыжь Лерэ КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр къиухащ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутырщ. Сэфарбий КъБКъУ-м и биологие факультетыр «тху» защIэкIэ къиухащ. Абы и ужькIэ ар Ростов дэт къэрал университетым и аспирантурэм илъэсищкIэ щеджэри, кандидат диссертацэр итхащ, 1996 гъэм и доктор диссертацэр Екатеринбург къалэм щыпхигъэкIащ.
  • Щхьэгъэпсом хэлъ жыджэрагъыр, зыбгъэдэт Iуэхур дагъуэншэу зэрызэфIихыр къалъытэурэ, ар жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэхэм пэрагъэуващ. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ 2005 гъэ пщIондэ ар КъБКъУ-м и химико-биологие факультетым и декану щытащ. 2006 гъэм ар КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министру ягъэуващ. 2010 гъэм екIуэкIа «Илъэсым и министр нэхъыфI» зэпеуэм абы бжьыпэр щиубыдауэ щытащ. ИужькIэ КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм и унафэщIу лэжьащ.
  • Щхьэгъэпсор щIэныгъэлI цIэрыIуэщ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 400-м нэс. Апхуэдэхэщ и монографиехэр, еджакIуэхэр зэрырагъаджэ тхылъхэр, статьяхэр, докладхэр. Абы и нэIэм щIэту къыдэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ 25-рэ. Щхьэгъэпсор жыджэру ядолажьэ зи кандидат, доктор лэжьыгъэхэр зыгъэхьэзырхэм.
  • Егъэджэныгъэм зэрызиужьым, абы щIэуэ къыхыхьа Iуэхугъуэхэр къызэрыщыхъум дыщыщIэупщIэм, Щхьэгъэпсом къыджиIащ еджапIэхэм я Iуэхур куэдкIэ зэрефIэкIуар.
  • — 2005 гъэм къыхалъхьауэ щытащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр, — жиIащ Сэфарбий. — Абы и ужькIэ школхэм куэдкIэ нэхъ зыкъаужьыжащ. Проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща зэпеуэхэм школхэр хэтащ икIи текIуахэм сом мелуан зырыз иратащ. Апхуэдэ Iэмалхэм еджапIэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэрагъэпэщыжащ. Лъэпкъ проектым хыхьэ зэпеуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъэгъуа егъэджакIуэхэри ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэпэжащ.
  • ЕГЭ къэпщытэкIэр къызэрыхалъхьэрэ еджакIуэхэм Iэмал имыIэу экзамен зэратын хуей урысыбзэмрэ математикэмрэ зыхуагъэхьэзырри, адрей предметхэр нэхъ лъэныкъуэ егъэза мэхъу. Апхуэдэ экзамен тыкIэм УФ-м и сыт хуэдэ еджапIэми щIэтIысхьэфыну Iэмал хъарзынэ ныбжьыщIэм къызэрыритыр, ар егъэджэныгъэм и зыужьыныгъэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр къыхигъэщащ Щхьэгъэпсом. Ауэ апхуэдэ щхьэусыгъуэм къыхэкIыу адыгэбзэри нэхъ лей къызытехьэ предметхэм хабжэ зэрыхъуари жиIащ абы.
  • А ныкъусаныгъэр къызэднэкIыфынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэм тедгъэпсэлъыхьащ Сэфарбий.
  • — Сабийм и бзэр зригъэщIэн къыщыщIидзэр и унагъуэрщ, и адэ-анэм я дежщ, — жеIэ щIэныгъэлIым. — Абы епсэлъэн хуейщ къыдалъхуа и бзэмкIэ. ЕтIуанэрауэ, школхэми сабийр еджэным хуэзыгъэуш, а предметым дезыгъэхьэх лэжьыгъэшхуэ зэфIахын хуейщ. Апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ къэрал къулыкъущIапIэхэм къащтэ унафэхэми. Аращи, ахэр псори зэпхащ. Ди щIэблэм я бзэр ящIэу къэдгъэтэджынымкIэ дэ зыри зэран къытхуэхъуфынукъым. Аращи, Iэмалу щыIэр къэдгъэсэбэпын хуейщ.
  • Абы и лъэныкъуэкIэ Щхьэгъэпсом лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIауэ щытащ. ПэщIэдзэ классхэм щIэс сабийхэм предмет псори я бзэкIэ яджыжыну Iэмал яритащ, абы папщIэ анэдэлъхубзэкIэ зэрадзэкIа учебникхэр къыдэгъэкIыжынымкIэ ядэIэпыкъуащ икIи езыри зыхуэIэзэ биологие тхылъхэм ящыщ зыбжанэ адыгэбзэм къригъэзэгъащ.
  • Щхьэгъэпсом и IэдакъэщIэкI нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ «Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыкI къэкIыгъэхэр» тхылъ хьэлэмэтыр. Ар напэкIуэцI 600 мэхъу. Абы итщ ди щIыналъэм къыщыкI удз лIэужьыгъуэхэр, ахэр сыт хуэдэ щIыкIэкIэ къэбгъэсэбэп хъунуми, сыт хуэдэ удзхэр кIуэдыжми, дэтхэнэхэр «Тхылъ плъыжьым» ихуами, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу тхылъыр нэхъ щIэщыгъуэж ящI абы ит сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэми. Удз лIэужьыгъуи 150-м я сурэтхэр зэхуихьэсыжащ Щхьэгъэпсом. «Ди щIыналъэм къэкIыгъэу минищым нэс къыщокIри, 700-м я цIэрщ адыгэбзэкIэ къэдгъуэтыжыфар», — жеIэ абы. Къыхэгъэщыпхъэщ Сэфарбий мы тхылъым илъэс 30-кIэ зэрелэжьар.
  • И гуащIэшхуэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зэрыхилъхьам, и Iэдакъэм къыщIэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм папщIэ Сэфарбий къыхуагъэфэщащ УФ-м, КъБР-м къабгъэдэкI щытхъу, щIыхь тхылъхэр, медалхэр. Абы лэжьыгъэшхуэ хищIыхьащ КъБКъУ-м экологием, географием щыхурагъаджэ къудамэхэр къыщызэIухыным. Щхьэгъэпсом къызэригъэпэщащ «Кавказым и дуней плъыфэбэр: абы и зэхэлъыкIэр, щытыкIэр, хъумэкIэр, къэгъэсэбэпыкIэр» еджапIэр.
  • Ди щIыналъэм и мызакъуэу, Щхьэгъэпсо Сэфарбий и цIэр фIыкIэ къыщащIэ хамэ къэралхэми. Абы мызэ-мытIэу къызэригъэпэщащ дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, езыми жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ зэIущIэ куэдым. «Кавказ щIыналъэм и ботаник Iэзэхэм ящыщщ Щхьэгъэпсо Сэфарбий», — жиIащ РАН-м и академик, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Горчаковский П. Л. Профессорхэу Павлов В. Н., Онипченкэ В. Г., Иванов А. Л. сымэ тетхыхьащ Щхьэгъэпсом и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэм ди щIыналъэм и мызакъуэу, хамэ къэралхэми пщIэшхуэ къызэрыщыхуащIам. «КъэкIыгъэхэм я экологием, систематикэм, географием елэжь IэщIагъэлI нэхъ лъэщхэм ящыщщ Щхьэгъэпсор. КъБКъУ-м ботаникэмкIэ и къудамэм, ар зи унафэщIу щытам, и лэжьакIуэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу щIэныгъэхутэ лэжьыгъэфIхэр ирагъэкIуэкIащ икIи Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм нэхъ къыщыхэжаныкIахэм ящыщщ», — жиIащ УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдурахманов Г. М.
  • Щхьэгъэпсо Сэфарбий «Удзыфэ» Урысей экологие партым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIщ. Абы къелъытэ еджапIэхэми сабий садхэми зы сыхьэт экологием хухахын хуейуэ, эколог IэщIагъэм егъэджакIуэхэр хуэгъэхьэзырыпхъэу, куэншыбым елэжь IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщыпхъэу, цIыхухэм я узыншагъэм зэран хуэхъу удзыжьхэр гъэкIуэдыным елэжьыным егупсысыпхъэу.
  • ГъащIэр Iыхьэ куэду зэхэлъщ. Абыхэм я нэхъыщхьэ дыдэу Сэфарбий ебж унагъуэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, унагъуэфI уиIэмэ, уи лэжьыгъэми нэхъ тегушхуауэ убгъэдохьэ, гъащIэри щIэщыгъуэу ибохьэкI.
  • Щхьэгъэпсо Сэфарбий адыгэ унагъуэ дахэу мэпсэу. Щхьэгъэпсохэ я унагъуэм и жьэгу пащхьэр зыгъэхуабэ бзылъхугъэ гумызагъэщ, щхьэгъусэми бынхэми я гур яхуэзыгъэдахэ, я нэщхъеягъуэри гуфIэгъуэри ядэзыIэт цIыху тэмакъкIыхьщ Ларисэ. Абыхэм зэдагъуэтащ бынитI. Я хъыджэбз Лянэ и анэм и лъагъуэм ирикIуащ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Я щIалэ Аслъэнджэрий прокуратурэм щолажьэ. Сэфарбийрэ Ларисэрэ быным, абыхэм я быныжым ящыгуфIыкIыу мэпсэу.
  • Ди гуапэщ Сэфарбий иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу къэралми лъэпкъми яхуэлэжьэну. Абы лъэпкъым хуищIар зэи мыкIуэдыжын лъэужьщ.
  • Табыщ Динарэ.