Парламентым и тхыдэм ироплъэж
2019-05-08
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ республикэм парламентаризмэр зэрыщызэфIэувамрэ абы зэрызыщиужьамрэ теухуа щIэныгъэ конференц.
- — 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэубзыху IуэхущIапIэм япэ хэхыныгъэхэр щекIуэкIат. Жылагъуэ-политикэ, экономикэ щытыкIэхэр щымыщIагъуэ 1990 гъэхэм я щIэдзапIэм республикэр тегушхуащ зэхъуэкIыныгъэщIэхэм икIи ар зэрыщымыуар къигъэлъэгъуащ цIыхухэм я псэукIэм зэрызрагъэужьыфам, — жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт. — КъБР-м и Парламентым нобэр къыздэсым нэхъыщхьэ дыдэу и нэIэ зытетыр цIыхухэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэрагъэпэщыным кIэлъыплъынырщ. Ар зэIухауэ ядолажьэ политикэ партхэм я лIыкIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, республикэм и цIыхухэм. Шэч къытесхьэркъым адэкIи депутатхэр а Iуэху бгъэдыхьэкIэм зэрытетынум.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ АфэщIагъуэ Михаил жиIащ къаIэта Iуэхум щIэныгъэлIхэм гулъытэ зэрыхуащIам уригушхуэ зэрыхъунур.
- — Къэралыгъуэм, демократие щытыкIэм зегъэужьынымкIэ, зэрытщIэщи, мыхьэнэшхуэ зиIэ къарущ республикэм и Парламентыр. Ар зэрылажьэрэ илъэс 25-рэ фIэкIа мыхъуами, депутатхэм яхузэфIэкIащ щIыналъэм щызекIуэ законхэм лъабжьэ ирагъэгъуэтыну, — жиIащ АфэщIагъуэм.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентыр зэрызэфIэувамрэ зэрызиужьамрэ.
- — КъБР-м и Парламентым и депутатхэм я жэрдэмкIэ нэхъ ипэкIэ политикэ Iуэхугъуэшхуэ зэфIагъэкIахэм ящыщт балъкъэр лъэпкъым я референдум зэрырагъэкIуэкIар, абыхэм я КъэщIэрэщIэжыныгъэм, республикэм и Къэралыгъуэм я махуэхэр зэраубзыхуар, цIыхухэр гъуэгу пхэнж тезышэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэрызэхуащIар. А псор и щIэдзапIэт республикэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжыным, экономикэр хуэмурэ ефIэкIуэным, — жиIащ Федченкэ Людмилэ. — Депутатхэмрэ щIыналъэ унафэщIхэмрэ, республикэм и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий я пашэу, хэкIыпIэ псоми лъыхъуэрт, щIыналъэм и социально-экономикэ щытыкIэр зэпIэзэрыт ящIын папщIэ. Къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт хуэдэ зэманми гулъытэ хэха щыхуащIу щытащ социальнэ политикэм. Арат УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу «Унагъуэр, адэ-анэр, сабиигъуэр хъумэным теухуауэ» законыр япэу къэзыщтахэм КъБР-м и Парламентыр щIахэтар. Законыр теухуат анэр сабий игъуэтам илъэсищкIэ бгъэдэсыфыным, абы щыгъуэми ахъшэ ирату (УФ-м а пIалъэр илъэсрэ ныкъуэрэт). Шэч хэмылъу, абы къыкIэлъыкIуащ цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI законхэри. Ахэр теухуат сабий зеиншэхэм, щIалэгъуалэм зэрызыщIагъакъуэм, цIыху щхьэхуэхэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми. Къапщтэмэ, «Егъэджэныгъэм теухуауэ» КъБР-м и Законри КъБР-м и Парламентым къыщищтар лэжьэн щыщIидза япэ илъэсхэрщ.
- Федченкэ Людмилэ къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Парламентым нобэ къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэри. Ахэр епхащ республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, туризмэм, хьэрычэтым зэрызрагъэужьыну Iэмалхэм. «КъищынэмыщIауэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым унагъуэ хуэмыщIахэмрэ бын куэд зыпIхэмрэ я хуитыныгъэхэр тхъумэн зэрыхуейр, Хэкум ирагъэкIахэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм ди нэIэ зэратедгъэтыпхъэр, къуажэм щыпсэу щIалэгъуалэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэр», — дыщIигъуащ абы.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.