ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«2019 гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI»  зэпеуэм пещэ

2019-05-08

  • «2019 гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр Бахъсэн къалэ дэт 4-нэ курыт еджапIэм щекIуэкIащ. УнэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ я Iэзагъымрэ я зэфIэкIымрэ ягъэлъэгъуащ республикэм и щIыналъэхэм къикIа егъэджакIуэ 13-м.

  • Махуэшхуэм кърихьэлIа хьэщIэ лъапIэхэм ящыщт КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и пашэ Азычэ Светланэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур, Бахъсэн щIыналъэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим сымэ, зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтхэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу зэIущэм щыIащ республикэм и щIыналъэхэм я щIыпIэ самоуправленэхэм я унафэщIхэр, школ унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр.
  • Махуэшхуэм иращIылIа пшыхьыр къызэIуаха нэужь, пэшым щIэсхэм ирагъэцIыхуащ зэпеуэм хэтыну егъэджакIуэхэр, абыхэм къапэщылъ къалэнхэри наIуэ къащIащ. Япэу псалъэ зрата Къумыкъу Iэуес жиIащ зэпеуэр къызэрежьэрэ мы гъэм илъэс 30 зэрырикъур икIи абы и къалэн нэхъыщхьэу щытыр егъэджакIуэ нэхъыфIхэр къыхэхыным и мызакъуэу, абыхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэгъэхъуэжэныр, адэкIи утыкушхуэхэм ихьэн папщIэ тегъэгушхуэныр арауэ зэрыщытыр. Зэхьэзэхуэм хэт дэтхэнэми зыщыщ еджапIэхэм я цIэр фIыкIэ ягъэIуну, адэкIи урысейпсо утыкум я зэфIэкI щагъэлъэгъуэн хуэдэу ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэну ехъуэхъуащ.
  • Мамхэгъ Хьэчим къыщыпсалъэм фIыщIэ яхуищIащ зэIущIэр къызэзыгъэпэщахэми абы къекIуэлIахэми, мыпхуэдэ Iуэху дахэр я щIыпIэм зэрыщекIуэкIыр зэригуапэр къыхигъэщащ. Ди щIэблэм ягъуэтыну щIэныгъэр зыхуэдэнур зэлъытар ди егъэджакIуэхэр арауэ зэрыщытыр, щапхъэ зытепх хъун куэд абыхэм зэрахэтыр, а IэнатIэм пэрытхэм яхуэтщI гулъытэр нэхъыбэу щытын зэрыхуейр къыхигъэщащ Мамхэгъым и псалъэхэм.
  • ХьэщIэхэр къэпсэлъа нэужь зэпеуэм и япэ Iыхьэм щIимыдзэ щIыкIэ егъэджакIуэхэм Iэмал яIащ ирагъэдж предметым, сабийхэм зэрадэлажьэу къагъэсэбэп Iэмалхэм, я ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьыну. А Iыхьэр зэфIэкIа нэужь, зэпеуэм зэрыхэтыну зэкIэлъыкIуэкIэр яубзыхун папщIэ, егъэджакIуэхэр бжыгъэхэм хагъэдащ. КъыкIэлъыкIуэу ахэр эссе щатхыну пэшым ирагъэблэгъащ.
  • Зэпеуэр къафэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ ягъэдэхащ Iуэхур щекIуэкI курыт школым и еджакIуэ цIыкIухэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
  • Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ екIуэ- кIа зэхьэзэхуэм кърикIуамкIэ хъыбар мыгувэу къыдигъэщIэнущ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.
  • ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.