Депутатхэр къалэм и къэкIуэнум топсэлъыхь
2019-03-02
- Бахъсэн къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и сессием иджыблагъэ къыщапщытэжащ 2018 гъэм щIыналъэ администрацэмрэ депутатхэмрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр.
- ЗэIущIэм хэтащ къалэ администрацэм и унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ, предприятэхэм, организацэхэм, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хабзэхъумэ органхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
- Бахъсэн къалэм и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ гъэзэщIакIуэ властым 2018 гъэм зэфIигъэкIахэм. Ар зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ гъуэгухэр зэрызэрахьэм, промышленностым, сатум, ухуэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм, транспортым я щытыкIэм, хьэрычэт Iуэхумрэ спортымрэ зэрызаужьым. 2019 гъэм къэув къалэнхэм я гугъу щищIым къалэ администрацэм и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ къапэщыт лэжьыгъэшхуэхэр дэкIын папщIэ IэнатIэ псори зэщIэгъэуIуауэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр.
- Къалэм къыпэщыт Iуэхухэр тэмэму гъэзэщIэнымкIэ лэжьыпхъэу къалъытэхэр сессием щыжаIащ Бахъсэн къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и депутат ХьэшкIул Людмилэ, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я къалэ советым и тхьэмадэ Абазэ Хъусен, Бахъсэн къалэм и прокурор Къаныкъуэ Валерий сымэ, нэгъуэщIхэми.
- ЗэIущIэм щаубзыхуащ дызэрыт илъэсым къалэм къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэр.
- Балъкъыз Iэминэ.