ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УсакIуэхэр, очеркистхэр, романистхэр

2019-03-02

  • ТхакIуэм и дунейпсо махуэр 1986 гъэм ПЕН-клубым и 48-нэ конгрессым щаубзыхуащ. Езы ПЕН-клубыр 1921 гъэм Лондон къыщыунэхуат. Инджылызыбзэ хьэрфхэм я абривиатурэр зэбдзэкIмэ, усакIуэхэр — очеркистхэр — романистхэр — къикIыу аращ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ PEN псалъэм иджылызыбзэкIэ — къалэм мыхьэнэ иIэщ.

  • А IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыныр зи жэрдэмыр инджылыз тха- кIуэ Доусон-Скотт Кэтрин Эмищ. Клубым и япэ унафэщIу щытар Голсуорси Джонщ. 1923 гъэм абы и япэ дунейпсо конгресс зэхэтауэ щытащ, а пIалъэм ирихьэлIэу ПЕН-клубым и къудамэхэр къэрал 11-м щылажьэрт. НобэкIэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэр къэрал 30-м щыIэщ.
  • ТхакIуэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу дэ фхузэхуэтхьэсащ абыхэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр.
  • Шекспир Уильям мэлыжьыхьым и 23-м къалъхуащ, лIэщIыгъуэ ныкъуэкIэ псэуауэ а махуэ дыдэм дунейм ехыжауэ жаIэ абы и творчествэм куууэ хэзыщIыкIхэм.
  • Диккенс Чарльз сабиигъуэ иIакъым. Абы и адэм щIыхуэшхуэ къытехуэри ягъэтIысати, зи Iэпкълъэпкъыр зэмыпцIа сабийм унагъуэр игъэшхэн папщIэ лэжьэн хуей хъуащ. Ар яфIэгуэныхь хъури завод гуэрым ягъэувауэ махуэм жэщ хъухукIэ банкIхэм этикеткэхэр кIэригъауэрт. ЖызыIэни щыIэщ, сыттIэ абы хэлъыр? Зи джэгугъуэ сабийм дежкIэ ар къызэрымыкIуэу Iуэху хьэлъэщ. Фи фIэщ мыхъумэ, зы махуэ апхуэдэ къалэн вгъэзащIи феплъыт. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а щхьэусыгъуэращ Диккенс и IэдакъэщIэкIхэм сабийхэр насыпыншэу къыщIыщигъэлъагъуар.
  • Куэд дыщыгъуазэщ По Эдгар Аллан и творчествэм. А тхакIуэ щэджащэр къызэрымыкIуэу кIыфIым щышынэрт. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар кхъэм зэрыщеджам къыхиха узщ. Школыр тхьэмыщкIэ дыдэти, математикэмкIэ егъэджакIуэм ахэр кхъэм ишэрт, щхьэж сын зырыз бгъэдигъэувэрти, сыныр зейр зэрыпсэуа илъэс бжыгъэр къаригъэбжырт.
  • Иджы дэркIэ наIуэщ а тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм лъабжьэ яхуэхъуар къыздрихар.
  • Сабий тхакIуэ Христиан Андерсен Ханс корректор гуп хуэлажьэрт. Ханс пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувыкIэхэмрэ зыри хищIыкIыртэкъым. И лэжьыгъэр нэгъэсауэ дунейм къытригъэхьэн папщIэ гуп цIыкIу къищтауэ и тхыгъэхэр хузэрагъэзэхуэжырт.
  • Кристи Агатэ Великобританием фIы дыдэу къыщалъагъу, уеблэмэ я пащтыхь гуащэм зыкIи памыдзы-хьыу пщIэ ин хуащI. Абы и тхылъхэр икъукIэ тиражышхуэу къыдагъэкIырт, Шекспир фэкIа абыкIэ Агатэ къытекIуа щыIэкъым.
  • Гюго Виктор апхуэдизкIэ цIэ- рыIуэти, и щIэджыкIакIуэхэм письмо къыщыхуатхкIэ щыпсэу щIы-пIэм и пIэкIэ «авеню В. Гюго» жиIэу тратхэрти зэфIагъэкIырт, икIи ахэр зы къэмынэу тхакIуэм къыIэрыхьэрт.
  • Ди къэралым и тхакIуэ нэхъыфI-хэм ящыщ Пушкин Александр теплъэ дахэ иIэтэкъым. Абы къищынэмыщIауэ, ар и щхьэгъусэ Гончаровэ Наталье нэхърэ сантиметри 10-кIэ нэхъ лъахъшэт. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу зэлI-зэфызыр зэгъусэу цIыху щахыхьэм деж Александр и щхьэгъусэм нэхъ пэжыжьэу зэрыщытыным яужь итт.
  • Толстой Лев и щIалэгъуэм куэзыр джэгуным икъукIэ дихьэхыу щытащ. Уеблэмэ, Ясная Полянэм щиIа унэ щIапIэр фIахьауэ щы- тащ. Мызэ-мытIэу ар къищэху- жыну яужь ихьат, ауэ къехъулIакъым.
  • Толстойм тхэкIэ Iей дыдэ иIэт. Абы итхар и щхьэгъусэм фIэкIа зыми къыхуихыртэкъыми, абы къритхыкIыжырт и лIым и Iэрытххэр. «Война и мир» роман иныр бзылъхугъэм зыбжанрэ къритхыкIыжын хуей хъуауэ жаIэ.
  • Гоголь Николай цIыху IэпщIэлъапщIэу щытащ. Абы фIы дыдэу илъагъуу зэрихьэу щыта пщэдэлъ цIыкIухэр езым идыжырт.
  • Куприн Александр мэкIэ Iэзэт. Зэгуэрым, дыху зэхэзыщIэ франджы щIалэм и дыхур зэрызэхэт пкъыгъуэхэр къанэ щымыIэу жриIати, щIалэр хэщэтыкIри Куприн тхакIуэ IэнатIэмкIэ зигъэкIуэдыжауэ къызэрилъытэр къыжриIат.
  •  Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ гушыIэшхуэ зыхэлъ тхакIуэхэм ящIауэ тхыдэм къыхэна Iуэхугъуэхэр.
  • Дойль Артур Конан Лондон нэхъ къулейуэ, банкир цIэрыIуэу дэс цIыху 12-м къыхихри «Псори наIуэ хъуащ» псалъэухам фIэкI имыту письмо зырыз яхуитхат. КъыкIэлъыкIуэ махуэм цIыху 12-ми загъэпщкIури къалэм дэIэпхъукIат. ТхакIуэр гушыIа щхьэкIэ, мыдрейхэр щIэшынэн якъуэлът.
  • Твен Марк Невадэ журналисту лэжьэн щыщIидзат. Зэгуэрым ар бильярд джэгупIэм щIыхьэри цент 50-кIэ зыгуэрым баз пихьат, зэ- дэджэгумэ текIуэну жиIэу. Марк кърихьэлIа щIалэр къыщыдыхьэшхри, мо джэгукIэмыщIэр фIэгуэныхь зэрыхъум къыхэкIыу, Iэ сэмэгукIэ къыдэджэгуну триухуащ. АрщхьэкIэ, Твен хэнэри, и ахъшри фIахьащ. Ауэ жиIащ Iэ сэмэгукIэ апхуэдизу фIыуэ джэгу щIалэр Iэ ижькIэ зэрыджэгур илъагъуну и нэ къызэрикIыр. АрщхьэкIэ мыдрейм зыкъиумысыжащ зэрыIэсэмэгумкIэ.
  • Щомахуэ Залинэ.