Нобэ
2019-01-10
- Таиландым щагъэлъапIэ сабийхэм я махуэр
- 1781 гъэм Москва къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и цIэр зыфIаща театрыр. Иджыпсту ар Театр Инырщ.
- 1863 гъэм дунейм щыяпэу Лондон къыщызэIуахащ метрополитен. А гъуэгум километри 3,6-рэ и кIыхьагът.
- 1920 гъэм къару игъуэтащ Франджым щыIэ Версаль уардэунэм 1919 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Iэ зыщытрадзауэ щыта зэгурыIуэныгъэм — Япэ дунейпсо зауэр зэриухам щыхьэт техъуэм.
- 1943 гъэм Дзэ Плъыжьым Нартсанэ (Кисловодск) къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
- 1946 гъэм Лондон къыщызэIуахащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и япэ зэIущIэр.
- Урыс тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Сталиным и саугъэтыр щэнейрэ зыхуагъэфэща Толстой Алексей къызэралъхурэ илъэси 136-рэ ирокъу.
- «Черкес плъыжь» (иджы «Черкес хэку») газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Уэхъутэ Анзор къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, драматург, IуэрыIуатэдж, КъБР-м и цIыхубэ артист КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу.
- Украинэм и япэ президенту щыта Кравчук Леонид и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу.
- Актрисэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ Теличкинэ Валентинэ и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
- Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шукай ФатIимэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 3, жэщым градуси 9 — 8 щыхъунущ.