ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Абы нэхърэ нэхъыщхьэ щыIэкъым

2019-01-10

  • ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ Уполномоченнэу КъБР-м щыIэм къегъэщIылIауэ лажьэ Эксперт советым и зэIущIэм щызэхалъхьэжащ 2018 гъэм зэфIагъэкIахэм кърикIуахэр. Абы теухуауэ къэпсэлъащ Уполномоченнэ Зумакулов Борис.

  • Омбудсменым и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, 2018 гъэр цIыхум и хуитыныгъэхэм къащхьэщыжхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ илъэсу щытащ: ягъэхьэзырри, Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ «УФ-м и щIыналъэхэм уполномоченнэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэр зытещIыхьа я зэхуэдэ къалэнхэм я IуэхукIэ» федеральнэ законым и проектыр. А хабзэр куэдрэ зыпэплъащ. Абы щыубзыхуащ уполномоченнэхэм къэралымрэ жылагъуэмрэ щагъэзэщIэну я пщэ къыдэхуэ IуэхущIафэхэр зыхуэдэр, а къулыкъущIэхэм я зэфIэкIыр, я лэжьыгъэр дагъэкIынымкIэ щыIэ шэсыпIэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • — Дэ зэпыщIэныгъэ яхудиIэщ къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм, профсоюзхэм, дин зэгухьэныгъэхэм, — къыхигъэщащ Зумакулов Борис. — Абыхэм я нэхъыбэм етщIылIащ дызэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэхэр.
  • Омбудсменхэм тегъэщIапIэ зыбжанэ яIэщ я лэжьыгъэр дагъэкIын папщIэ. Псалъэм щхьэкIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж къыщызэрагъэпэщащ Уполномоченнэхэри зыхыхьэ Жылагъуэ совет. Жыджэру мэлажьэ Нэхъыжьхэм я советри. Иужьрейм и зэIущIэхэр езыгъэкIуэкIыр УФ-м и Президентым и полномоченнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александрщ. Аркъудейр щытщ щIыналъэхэм я унафэщIхэм жылагъуэ мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхухэм гулъытэшхуэ зэрыхуащIын хуейм и дамыгъэу. Къапщтэмэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек лэжьэн зэрыщIидзэу, епсэлъащ щIыналъэм щыIэ Уполномоченнэм икIи ди деж цIыхум и хуитыныгъэхэр хъума зэрыщыхъум щыгъуазэ зищIащ.
  • ЗэIущIэм къыщагъэнэIуащ цIыхум и хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ республикэм къыщызэрагъэпэщ IуэхущIафэхэм ехьэлIа бжыгъэхэри. Апхуэ-дэу, 2018 гъэм и мазэ 11-м къриубыдэу, Уполномоченнэмрэ абы и IуэхущIапIэмрэ зыкъыхуагъэзащ цIыху 921-м. Абыхэм я тхьэусыхафэхэм ящыщу 324-м хэплъащ, къыщыIэта Iуэхухэр зэфIагъэкIащ.
  • Гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ къызэнэкIа хъун папщIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэу къэгъэсэбэпыпхъэхэми я гугъу щащIащ мы зэIущIэм. Къыхагъэщащ ди республикэм мамырыгъэр, зэпIэзэрытыныгъэр, зэкъуэтыныгъэр, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэгурыIуэныгъэр щыгъэбыдэным ехьэлIауэ цIыхум и хуитыныгъэхэм къащхьэщыжыным щIэбэн зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
  • Псори къризэщIэдубыдэжу зы псалъэкIэ жытIэмэ, цIыху къызэрыгуэкIым и хуитыныгъэхэр хъумэным нэхърэ нэхъапэ щыIэкъым. Аращ гупсысэ нэхъыщхьэу мы зэIущIэм къыщыхэдубыдыкIари.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.