ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ахъуэхъу Анатолэ Хьэжмусэ и къуэр

2019-01-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 90-м иту 2019 гъэм щIышылэм и 9-м дунейм ехыжащ промышленнэ IуэхущIапIэ зэтеухуэным хуэIэзэу щыта къызэгъэпэщакIуэ, РСФСР-м машинэ зэпкърызылъхьэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Ахъуэхъу Анатолэ Хьэжмусэ и къуэр.

  • Анатолэ Хьэжмусэ и къуэр 1929 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м Налшык къалэм къыщалъхуащ.
  • Киев къалэм дэт политехникэ институтым щIэтIысхьэн и пэ къихуэу Балтие флотым и дзэ кхъухьхэм къулыкъухэр ирахьэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн хъу и къудамэм рулевойуэ щылэжьащ, Киев дэт механическэ заводым слесарь-зэпкърылъхьакIуэу щыIащ. 1958 гъэм еджэныр къиуха икIи «бгылъэ щIыпIэхэм щылэжьэфыну электромеханик» IэщIагъэр зригъэгъуэта нэужь, «Молибден» къыщIэхыпIэм инженеру, иужькIэ а IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ, Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым и обогатительнэ фабрикэм и механик нэхъыщхьэу щытащ. 1963 — 1964 гъэхэм пэрытащ вольт лъахъшэм ирилажьэ Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкIыу Тырныауз дэта заводым и унафэщI къулыкъум.
  • 1964 гъэм Ахъуэхъу А. Хь. ягъэуващ телеманикэ аппаратурэ къыщыщIагъэкIыу Налшык дэта заводым и унафэщIу, 1976 гъэм ар и пашэ хъуащ заводыр и лъабжьэу къызэрагъэпэща «Телемеханика» производственнэ зэгухьэныгъэм. А лъэхъэнэрщ нэхъри IупщIу наIуэ къыщыхъуар абы унафэщI IэкIуэлъакIуэм хэлъын хуей зэчий зэрыбгъэдэлъыр, цIыху куэд дыдэ зэрызэщIигъэуIуэфыр икIи ахэр къапэщыт къалэнхэр гъэзэщIэным зэрыхуиунэтIыфыр. Къалэн къыщащIа сыт хуэдэ пщэрылъми зэпэшэчауэ зэрыбгъэдыхьэм, псэ къабзэу зэрыщытым, зыщIидза Iуэхур и кIэм зэрынигъэсым, цIыхухэм гулъытэ зэрахуищIым я фIыгъэкIэ Анатолэ Хьэжмусэ и къуэм хузэфIэкIащ дунейпсо мардэхэм изагъэ, иджырей телемеханикэ Iэмэпсымэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэ республикэм къыщызэригъэпэщын, абы и лэжьыгъэри зэтриухуэн. Ар зи унафэщI «Телемеханика» ПО-м къыхуагъэува къалэнхэм хъарзынэу зэры- пэлъэщым папщIэ къыхуагъэфэщауэ щытащ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр.
  • 1986 гъэм къыщыщIэдзауэ 1995 гъэ пщIондэ Ахъуэхъу А. Хь. лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Севкавэлектронмаш» ПО-м, СССР-м и гъуэгухэм къыщагъэсэбэп техникэ Iэмэпсымэхэр зэпкърылъхьэнымрэ къыщIэгъэкIынымкIэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэу а зэманым щытам, и генеральнэ директору. Илъэс куэдкIэ ар щытащ СССР-м Приборхэр къыщIэгъэкIынымкIэ и министерствэм телемеханикэ IэмэпсымэхэмкIэ и конструктор нэхъыщхьэу, арат зыунэтIыр телемеханикэ комплексхэр къэралым и цIыхубэ хозяйствэм папщIэ зэпкърылъхьэнымкIэ, ахэр къэгъэсэбэпынымкIэ идеологиемрэ политикэмрэ. 2002 гъэм къыщыщIэдзауэ «Севкавэлектронмаш»-м и щIэныгъэ-техникэ центрым и унафэщIу лэжьащ.
  • Анатолэ Хьэжмусэ и къуэр жылагъуэ гъащIэми жыджэру хэтащ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зэхуэсыгъуитIми я депутату, «Урысейм и лэжьыгъэ щIыхьыр» Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу щытащ.
  • Ахъуэхъу Анатолэ Хьэжмусэ и къуэм и лэжьыгъэм хуэфэщэн гулъытэ къэралым хуищIащ. 1986 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м абы къыфIащащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр. Абы къратащ Ленинымрэ Октябрь революцэмрэ я орденхэр, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденыр тIэунейрэ, «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр, апхуэдэуи къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр, медаль, IэнатIэхэм я дамыгъэ лъапIэ куэд дыдэ.
  • Анатолэ Хьэжмусэ и къуэм — Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ щыпкъэм, лэжьакIуэшхуэм, къызэгъэпэщакIуэ, унафэщI Iэзэу икIи цIыху зэтету щытам и фэеплъ нэхур сыт щыгъуи ди гум илъынщ.
  • КIуэкIуэ К. В., Егоровэ Т. Б., Мусуков А. ТI., Ткачев Е. А.,
  • КIуэкIуэ Ю. А., Къуэдзокъуэ М. М., Алътуд Ю. Къ.,
  • АфэщIагъуэ М. Хь., Ахъмэт А. Н., Ахъуэхъу М. Хь., Ахъуэхъу Т. Б.,
  • Белан Ю. И., Берд Хь. А., Бер М. Л., Блай Б. Хь., Бозий Н. М.,
  • Бэлэтокъуэ В. Хь., Буслик Т. И., Геккиев З. Д., Геляхов А. С., Говоров С. А., Гуэбэшы З-Дж. I., Губин Г. С., Джатэ Р. Хь., Деппуев В. Хь.,
  • Евтушенкэ Н. Н., Жанатаев С. А., Залиханов М. Ч.,
  • Зумакулов Б. М., Иуан П. М., Къер А. М., Къалэ З. А.,
  • Канунников А. Д., Къардэн М. Н., Къардэн Л. М.,
  • Къэрмокъуэ Хь. М., КIэрэф М. А., Максименкэ Н. Н.,
  • Мамхэгъ А. Ш., Маслов Н. А., Мовсисян Г. О.,
  • Муталипов В. Ш., Нэхущ З. А., Сыжажэ В. Хъу.,
  • Симонов А. Г., Сэхъу В. Къ., Сэхъурокъуэ Хь. Хь.,
  • Тэнащ С. Т., Тау П. Къ., Тату К. Б., ТекIушэ А. А.,
  • Лъостэн Г. Ч., Токарев Н. М., Увыж А. С., Федченкэ Л. М.,
  • Федченкэ С. П., Хьэжу В. Щ., Хъурей Ф. А., Хьэщхъуэжь А. Б.,
  • Шыхъуэбахъуэ М. Хь., Щоджэн М. М.,
  • Щомахуэ Л. А., Ефэнды Дж. Къ.