ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIунэ и пщIэр нэхъри яIэт

2018-08-07

  • «Аргументы и факты» газетым иджы дыдэ къытридзащ Урысейм щIыхь зи-Iэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ теухуа тхыгъэ-рэ и сурэтрэ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ цIыхубз телъыджэм Волков Фёдор и цIэр зезыхьэ саугъэтыр къызэрыхуагъэфэщар. Ар зытыр Урысейм и Правительствэрщ.

  • «СэРостов театр училищэр къэзуха иужькIэ 1964 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей къэрал драмтеатрым сыщолажьэ», — жриIащ абы журналистым.
  • Актрисэм къыхигъэщащ нэхъыбэу игъэзащIэр хьэл быдэ зиIэ цIыхухэм я ролхэр зэрыарар.
  • — Хуабжьу сфIэфIщ драматург IутIыж Борис и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм сыщыджэгуну, — пещэ ЖьакIэмыхъум. — Абыхэм ящыщ зым пасэрей пащтыхь гуащэ Тыргъэтауэ и ролыр щызгъэзэщIащ. Ар анэ, щхьэгъусэ къудейкъым, атIэ икIи зауэлI хахуэщ. «Эдип», «Медея» спектаклхэми сыхэтащ. Иджыри ди театрым роль куэд щызогъэзащIэ.
  • ЖытIэнщи, КIунэ экраным и вагъуи хъуфынут. Щеджа зэманым ар Тихонов Вячеславрэ Лужинэ Ларисэрэ я гъусэу щыджэгуауэ щытащ «На семи ветрах» фильмым. Азербайджан киностудием ирагъэблэгъат, арщхьэкIэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу кIуакъым.
  • Езы ЖьакIэмыхъур щIегъуэжыркъым кином къызэрыпыкIам.
  • — Сэ сыарэзыщ си театр гъащIэмкIэ, — жеIэ артисткэм. — Волковым и цIэр зезыхьэ саугъэтым и гугъу пщIымэ, сэ абы сыпэплъэхакъым. СщIэрт ди театрым и унафэщIхэм тхылъхэр УФ-м и Правительствэм зэрырагъэхьар, ауэ ар къыслъысыну си гугъакъым.
  • ЖьакIэмыхъу КIунэ икIи жылагъуэ политикэ лэжьакIуэщ — Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм хэтащ,  КъБР-м и Парламентым и депутатуи щытащ.
  •  
  • ШАЛ Мухьэмэд.