Аргуэру зы ехъулIэныгъэ
2018-08-07
- RAEX (РАЭКС — Аналитикэ) рейтинг агентствэм, хабзэ хъуауэ, илъэс къэс зэпелъыт ди къэралым щылажьэ университетхэм я лэжьэкIэр. Мы гъэм ебланэу ирагъэкIуэкIа апхуэдэ къэхутэныгъэм кърикIуахэр наIуэ къыщащIащ «Глобальная конкурентноспособность» фIэщыгъэр зиIа VI дунейпсо зэхуэсым.
- Агентствэм иригъэкIуэкIа еплъыныгъэ-зэгъэпщэныгъэм мурад нэхъыщхьэу иIар еджапIэ нэхъыщхьэхэм и студентхэм ирагъэгъуэт щIэныгъэм и кууагъыр, еджэныр къыщаухым деж ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм я лъагагъыр наIуэ къэщIынырщ. Рейтингым куууэ щыхэплъэм, щIэупщIэныгъэ шэщIахэр ирагъэкIуэкIащ: абы хэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я щIэныгъэлIхэр, студентхэр, илъэс зэхуэмыдэхэм ахэр къэзыухауэ лажьэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр, ахэр зыIут IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр. Апхуэдэу экспертхэр набдзэгубдзаплъэу хэплъащ статистикэ дэфтэрхэм, псори зэгъусэу унэтIыныгъэ 50-м щIигъу къызэщIиубыдэу. Еплъыныгъэм нэхъыбэу къызэщIрагъэубыдар IэщIагъэ куэдым щыхурагъаджэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэфIхэр щрагъэкIуэкI классикэ университетхэращ.
- Ди гуапэ зэрыхъущи, рейтингым фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэщащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр. Зи гугъу тщIа унэтIыныгъэхэмкIэ ар ятекIуащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щынэхъ лъэрызехьэу къалъытэ Федеральнэ университетымрэ Ставрополь дэт къэрал мэкъумэш университетымрэ икIи рейтингым 98-нэ увыпIэр щиубыдащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ КъБКъУ-р яхэхуащ студентхэм щIэныгъэ куу щрагъэгъуэт еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIи 100-м.
- RAEX агентствэм къэзэригъэпэща лэжьыгъэм кърикIуахэр наIуэ къыщащI зэIущIэм ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м и лIыкIуэ гуп, университетым и ректор Алътуд Юрийрэ абы и президент Къарэмырзэ Барэсбийрэ я пашэу. Гупыр жыджэру хэтащ «Глобальная конкурентноспособность» фIэщыгъэр зиIа VI дунейпсо зэхуэсым и лэжьыгъэми.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.