Мывэр щыхьэт тохъуэ…
2018-07-21
- Илъэси 112-кIэ, удз къытекIэжарэ укъемыджэфын жыхуиIэм нэсауэ, а гукъинэж псалъэхэр мывэм ихъумащ. Экспедицэм увыIэпIэ ищIа щIыпIэм деж апхуэдиз зэманкIэ щылъа абрэмывэр XX лIэщIыгъуэм къагъуэтауэ щытащ совет альпинистхэм. Мывэр щагъэкъабзэм мыр къыщIэщащ:
- «Урысейм и пащтыхь Николай I и пащтыхьыгъуэ зэманым мы щIыпIэм, 1829 гъэм, бадзэуэгъуэм и 8 — 11 махуэхэм къыщыувыIащ Кавказым къулыкъу щызыщIэ дзэхэм я Iэтащхьэ, Кавалерием и генерал Емануель Георгий; абы дэщIыгъуащ и къуэр — илъэс 14 ныбжьым ит Георгий, Урысей Правительствэм лIыкIуэ ищIа академик гуп: Купфер, Ленц, Мейер, бгы корпусым и къулыкъущIэ Вансович, Минводы щыщ архитектор Бернардацци, Мэжэрым щыщ дунеяплъэ Бессе. Академикхэм Бернардацци ядэщIыгъуу фут 8.000 (сажнэу 1,143) хым и щхьэкIэ щыIэ увыIэпIэр къызэранэкIри, мазэм и 10-нэ махуэм Iуащхьэмахуэ фут 15,700-кIэ (сажнэу 2,243) дэкIащ, щыгум — фут 16,330-м (сажнэу 2,333) нэсар адыгэ щIалэ Чыларщ. Мы мывэм ди ужькIэ псэунухэм яхуреIуатэ Iуащхьэмахуэ и щыгум, иджыри къыздэсым зыми химыгъэщIам, лъагъуэ хэзышахэр хэтми!»
- Иджы абы псори щыгъуазэщ: дуней псом япэу Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIар Брамтэ щыщ адыгэлI Хьэшыр Чыларщ.
- Гъуэгугъэлъагъуэ
- Альпинисту ар щытакъым,
- Бгы дэкIыни имыIуэхут.
- ХамэщI цIыхухэр къыщелъэIум,
- Гъуэгугъэлъагъуэ ар яхуохъу.
- Iуащхьэмахуэ ныдишыну,
- Абы ахэр ирешажьэ.
- Ауэ бгыщхьэм нэс дэкIыну,
- ЗылъэкIар езым и закъуэщ.
- Пшэ зэпцIахэм къахуеплъыхыу,
- Бгым и щыгум зыщиплъыхьт.
- АдыгэлIым, игу пымыкIыу,
- Къыхуихьауэ лъэпкъым щIыхь.
- БАЛЭ Хьэзрэт-Алий.
- Къуэшыркъуей къуажэ.