ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Псынэр» гъужа?

2018-07-21

  • «Псынэ» журналыр къыдэкIыу щыхуежьам жьыри щIэри щыгуфIыкIат абы икIи, и къыдэкIыгъуэр къытхуэмыгъэс жыхуаIэм хуэдэу, зи лъэпкъри зи бзэри фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ зыри дежьэрт.

  • ЩхъуэкIэплъыкIэт, купщIафIэт, бзэ гъащIэ щызекIуэ дунеищIэм утришэрти, куэдым щыгъуазэ уищIырт. КIэщIу жыпIэмэ, адыгэбзэм и фащэ дахэу къэунэхуат.
  • ЩIэныгъэлIхэми КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсени псалъэ гуапэ куэд хужаIат «Псынэ» журналым. Ар тхыгъэхэмрэ сурэт-кIэ къулейт, куэдым я нэгу уригъаплъэрт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «Адыгэ псалъэ» газетым «къуэш цIыкIу къыхуалъхуат», лъэпкъым и бзэр яхъумэу, ирагъэфIакIуэу зэдэпсэуну дыщыгугъыу.
  • Ауэ «Псынэ» журналым хэт и Iэ щIыIэ теIэба, щхьэ «гъужа»? МылъкукIэ къулей хъуа куэд адыгэхэм къыхэкIащ, къыщIыдэмыкIыжым и щхьэусыгъуэр мылъкум елъытамэ. Адыгэхэм ди фIыр тхъумэу, зылъэкIыр зылъэмыкIым дэIэпыкъуу аракъэ зэрыщытар?
  • Псынэр щыкIуаси щыIэщ, дыщыгугъынщ абы, мыгъужыпэу къыпхивыжыну.
  • Шыгъушэ Хьэбас.
  • Зеикъуэ  къуажэ