Шууей пашэхэр зэIуощIэ
2018-07-21
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и хьэщIэщым бадзэуэгъуэм и 18-м щызэIущIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэу Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм къыщызэрагъэпэща шууей зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, абыхэм я дэIэпыкъуэгъухэр.
- Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей «Шууей Хасэм» и тхьэмадэ Къудей Аслъэн.
- — Нобэрей ди зэIущIэр си гуапэу къызэIузох, — жиIащ абы. — КърихьэлIахэр фыкъыхузоджэ мы гъэм накъыгъэм и 3 — 8-хэм дызыхэта зекIуэм, Адыгэ Республикэм и къуажэрэ къалэу 29-р щызэлъэдгъэIэсам, гу зыщылъыфтахэм, къыщыдэхъулIахэм, арэзы фыкъэзымыщIу къэнахэм, зэман къэунэхум егъэфIэкIуапхъэу къэфлъытэхэм мыбдежым фыщытепсэлъыхьыну.
- Адыгэ Республикэм и шууей зэгухьэныгъэм и пашэ, хьэрычэтыщIэ Тхьэпщокъуэ Альберт къыхэгъэщыпхъэу къилъытэхэм ящыщщ, я зэгухьэныгъэм къыхыхьэну гукъыдэж зыщIа щIалэхэм дяпэкIэ нэхъ набдзэгубдзаплъэу зэрахущытыпхъэри, ущие дерсхэр зэрадегъэкIуэкIыпхъэри, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм зекIуэхэм я мыхьэнэр нэхъ лъагэж ищIынущи.
- КъыкIэлъыкIуэ Iуэхуу къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ шыщхьэуIум и 9-м къыщыщIэдзауэ и 12-м нэсыху Санкт-Петербург щызэхэтыну 20-нэ къэрал зэхуаку шы гъэлъэгъуэныгъэм, «Иппосфера-2018» зыфIащам, щIыналъищым къабгъэдэкIыу лIыкIуэхэр зэрагъэкIуэнум. Налшык къыщыщIэдзауэ гъуэгуанэм и кIыхьагъынущ километр 2800-м нэблагъэ. Ахъшэу текIуэдэнущ сом мини 170-м щIигъу.
- — А гъэлъэгъуэныгъэм кърашэлIэнущ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щагъэхъу шы лъэпкъыгъуэу 20-м щIигъу, — къыпищащ и псалъэм Къудейм. — Мы гъэм а Iуэхум дэри дызэрыхэтынум дрогушхуэ. КъызэрытлъытэмкIи, а къалэ жыжьэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуэнум дишхэр хуэхьэзырщ.
- Зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ ди республикэм и шууейхэм 2018 гъэм къриубыдэу ди хэгъэгум щрагъэкIуэкIыну я гугъэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Зи гугъу ящIахэм ящыщщ адыгэлI щэджащэ Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрыдэкIрэ бадзэуэгъуэм и 21-м илъэси 189-рэ зэрырикъум теухуауэ зэхашэну зекIуэм щызэщIэшэсэнухэр шыщхьэуIум и 5-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Сэрмакъ къуажэм зэрыщызэрихьэлIэр. А Iуэхум хэтыну ирагъэблэгъащ адыгэ хэгъэгуищым я шууей зэгухьэныгъэхэм хыхьэхэри.
- Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.