ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IэнатIэр зыгъэбжьыфIэ

2013-10-12

  • Географие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъУ-м и биологие къудамэм социально-экономикэ географиемкIэ и кафедрэм и унафэщI, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Борей Рауф и ныб­жьыр иджыблагъэ  илъэс 80 ирикъуащ.
  •  
  • Профессор Борей Рауф

    Борей Рауф ехьэлIауэ жыпIэ хъунущ ар зи гъащIэр щIэныгъэм хуэлэжьэным езыта, зи IэщIа­гъэм хуэпэжу зи IэнатIэм хьэлэлу пэрыта щIэ­ны­гъэлI щэджащэу къызэре­кIуэкIар. Езы профессорым игу къызэригъэ­кIы­жымкIэ, ар гугъу ехьу къэ­хъуащ. И адэри и адэ къуэш­хэри политикэ залымыгъэ зырахахэм яхэ­хуащ. И анэм къэрэшей благъэхэр иIэти, КъШР-м зэманкIэ щыпсэуащ, абы къыхэкIыу къэрэшеибзэр иджыри фIыуэ егъэшэры­уэф.

  • — Си анэр сымаджэрилэт, абы сригузавэ зэпытти, си мурадт дохутыр IэщIагъэ зэзгъэгъуэтыну, ауэ си гъа­щIэр геграфие щIэныгъэм еспхащ, — игу къегъэкIыж Борей Рауф. — Школым и класс нэхъыжьхэм сыще­джэу ди унэм къыщIа­гъэ­тIысхьат географиемкIэ егъэджакIуэ урыс цIыхубз. Абы и хъыбар гъэщIэ­гъуэнхэм сыдригъэхьэхауэ жыпIэ хъунущ а щIэ­ныгъэм. АрщхьэкIэ дохутыр сымыхъуу географиер къызэрыхэсхам зэикI сыхущIегъуэжакъым.
  • ЩIэныгъэм зи гур хуэ­къабзэ щIалэ Iущым еджэныр фIыуэ къехъулIэрт. Абы и щыхьэтщ 3-нэ курсым щеджэу абы игъэзэщIа курс лэжьыгъэр къэхутэныгъэу ялъытэу журналым къызэрытрадзар. Ар езыр щалъхуа Хьэбэз къуажэм и Iэгъуэблагъэхэм деж щIым и щызэхэлъыкIэм теухуат.
  • 1955 гъэм Борейм ехъу­лIэ­ныгъэкIэ еджапIэ нэ­хъыщхьэр къиухащ. Аспирантурэм щIэтIысхьэу и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурад иIэт, ауэ ар занщIэу къе­хъулIакъым. А зэманым хабзэу щыIэрати, еджапIэ нэхъыщхьэр къауха нэужь, аспирантурэм укъащтэн папщIэ илъэ­ситI­кIэ лэжьэн хуейт. Апхуэдэу Борейм Хьэбэз игъэ­зэжри, къуажэ школым щылэжьащ, иужькIэ райкомым и комсомол секретарь къулыкъур къыхуа­гъэфэщащ.
  • И мурадым ткIийуэ хуэкIуэ щIалэм зыхуеину экзаменхэр мыгувэу итри аспирантурэм щIэтIыс­хьащ. Абы щригъэкIуэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэм и кIэухыу 1962 гъэм Москва дэт Къэрал пединститутым географие щIэны­гъэ­хэм­кIэ кандидат лэжьы­гъэр щыпхигъэкIащ. Абы­кIи игу зэгъакъым Рауф. Абы и щIэныгъэ лэжьы­гъэр фIыуэ къалъытэри, Тбилиси щыIэ къэрал университетым 1974 гъэм географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, иужьыIуэкIэ профессор цIэ лъапIэхэр къы­фIа­щащ.
  • — Борей Рауф КъБКъУ-м лэжьэну къызэращтар япэу щызэхэсхар а зэманым ректору щыта Лъостэн Владимир жиIэущ, — игу къегъэкIыж КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэны­гъэм­кIэ министру 1988 — 1996 гъэхэм лэжьа Тхьэгъэпсо Хьэжысмел. — Ар блэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм и пэщIэдзэрт. Университетым и щIэныгъэ советым и зи чэзу зэхуэсы­гъуэм щыжаIащ еджапIэм щылажьэхэм щIэныгъэхэм я доктор къазэрыхэхъуам. А зэманым университетыр интэкъым, щыIэхэр псори зэрыцIыхурт, икIи занщIэу гу лъатащ абыхэм къахыхьа «жьы зыщIэт» щIалэм. Сэ нэхъри гъунэгъуу Рауф къыщысцIыхуар 90 гъэхэрщ. А зэманым министр къулыкъур згъэза­щIэрт. Дэтхэнэми ещIэж а зэманым гъащIэм и лъэныкъуэ псоми зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэригъуэтар, егъэ­джэныгъэри къызэтена­къым. Ди министерствэм къэкIуэрей хъуащ щIэ­ныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ псэ хьэлэлу хуэлажьэ егъэджакIуэ пажэхэр. Апхуэдэу зы махуэ гуэрым си деж къыщIы­хьащ Рауф Емуз Людмилэ и гъусэу. Ахэр игъэпIей­тейрт георграфиемкIэ щIэ­ныгъэр ди республикэм зэрыщыгъэувам.
  • Тхьэгъэпсом игу къызэ­ри­гъэкIыжымкIэ, Бореймрэ абы и лэжьэгъухэмрэ яхузэфIэкIащ япэ дыдэу «География КБР» дисциплинэр ди республикэм и школхэм щаджыну зэфIэ­гъэу­вэныр. Ар Iуэху тынштэкъым. А лэжьыгъэм хы­хьэрт зэреджэну программэхэр, тхылъхэр, методикэ дэIэпыкъуэгъухэр, атласхэр, картэхэр зэгъэпэщыныр. Географиер езыгъэджыну IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзырын папщIэ дэIэпыкъуэгъу къадэхъуат МКъУ-р, икIи а еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэлI­хэм Рауф я пашэу зэман кIэщIым къриубыдэу КъБР-м и школхэм я егъэджакIуэ куэд ягъэ- хьэзыращ. А Iуэхугъуэр ­екIуэ­­кIащ 2001 гъэм КъБКъУ-м географиемкIэ къудамэ къызэIуахыху. Апхуэдэу, Борейм и фIыгъэкIэ ди республикэм и географиер школым щра­гъэдж предметхэм хагъэ­хьащ.
  • ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ емызэшыжу ­хуэлажьэ профессорым и лэжьэгъухэм пщIэ, нэмыс къыхуащI, уеблэмэ насы­пыфIэу забжыж апхуэдэ унафэщI я пашэу зэры­ла­жьэмкIэ. Я кафедрэм и унафэщIым псалъэ гуапэ защIэкIэ хуоу­псэ абы и ­лэжьэгъухэр. Абыхэм ящыщщ егъэ­джакIуэ нэ­хъыщхьэ Петшак Еленэ:
  • — «ЦIыху гъащIэр — зи пэ­жыпIэр къэгъуэтын хуей, зэфIэхын хуей лэжьыгъэшхуэщ, къэхутэн хуей ­щэхущ», — жаIэ. Си гугъэщ Борей Рауф ахэр къе­хъу­лIауэ. Ди республикэм географиемкIэ зы егъэ­джа­кIуи къыщыбгъуэтынкъым а щIэныгъэлI Iэзэм имы­гъэсауэ. КъэхутакIуэ зэ­фIэ­кIыр Тхьэшхуэм къыбгъэдилъхьащ цIыху псэ къабзэм, гулъытэ зыхэлъ унафэщIым. Абы и студентхэр сытым дежи хурегъа­джэ гъащIэр къэхутэны­гъэшхуэхэм я гъуэгуу ­ялъытэну, икIи абы щащI мурадхэр пхъуан­тэм жыжьэу дамылъхьэу ахэр икIэщIы­пIэ­кIэ къазэрехъулIэным ухущIэкъун зэрыхуейм.
  • Зыхалъхуа лIэщIыгъуэм гу хьэлэлрэ псэ къабзэкIэ гуащIафIэу хуэлажьэ Борей Рауф и махуэ лъа­пIэм­кIэ гуапэу дохъуэхъу зи унафэщI кафедрэм, абы и лэжьакIуэхэм яфI, я ехъу­лIэ­ныгъэ къызэры­кIын IуэхуфI куэдым я жэр­дэм­щIакIуэу куэдрэ иджыри щытыну, узыншэу, гукъыдэж иIэу, гулъытэ щымы­щIэу дунейм тетыну.
  •  ЩОДЖЭН Iэминат.