ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕхъулIэныгъэ нэрылъагъухэр

2013-10-12

  • 1999 гъэм накъыгъэм и 31-м УФ-м и Президентым и УказкIэ ягъэувауэ илъэс къэс жэпуэгъуэм и етIуанэ тхьэмахуэм ар ягъэ­лъа­пIэ. ЗытещIыхьар къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынырщ, иужь­рей зэманым къэунэхуа лэжьэкIэщIэхэм цIыхухэр тегъэгу­ш­хуэ­­нырщ. Нобэ къэралым и щIыпIэ куэдым губгъуэ лэжьыгъэхэр щы­зэфIокI, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ахэр нэхъ щыхотIасэри, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэм кърикIуахэр ди деж нэхъ кIасэу щызэхалъхьэжынущ.
  •  
  • Ди гъавэгъэкIхэмрэ Iэщыхъуэхэмрэ я IуэхущIафэр зыхуэдам пэублэу дриплъэжмэ, лэжьыгъэ хъарзынэ яIауэ жыпIэ хъунущ. Хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми къэкIыгъэ пасэхэри хьэцэпэцэри и чэзум кIэрыхуншэу щыIуахыжащ, мы зэманым етIуанэ хэхъуэм щоужьэрэкI. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу ди республикэм гъавэу къыщрахьэлIэм хуэдэ 1,2-кIэ, кIэртIофым — хуэдэ 1,3-кIэ, гъэшым — хуэдэ 1,4-кIэ, лым — хуэдэ 1,5-кIэ хэхъуащ. Ар кърикIуащ къэ­ралыр мылъкукIэ къазэрыдэIэпыкъум. Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэртIофрэ хадэхэкIхэмкIэ ирикъуу зыкъызэрегъэпэщыжыф. Пхъэщхьэмыщхьэ гъэкIыным и Iэмал нэхъыфIхэр республикэм щызэтеуващ. Зи гугъу тщIы зэманым къриубыдэу псынщIэу зы­зыужь жыг хадэу гектар мини 5,5-рэ хасащ. Уней лъапсэхэр хэ­мыту, мэкъумэш IэнатIэрэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу 50-м щIигъу абы йолэжь. Къэралым и щIыналъэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэщ пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIхэмрэ зэрызэрахьэ пластик ашыкхэр къыщыщIагъэкIыр. Апхуэдэу хадэхэр уэм щызыхъумэ хъархэр (сеткэ) ящIу щIадзэнущ. КъищынэмыщIауэ, ­иджырей пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр яухуэ. Жыг хадэхэр хэсэным, зехьэным бюджетым и къыхэкIыпIэ псоми я хьэкъкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэу сом мелуан 600-м щIигъу хухахащ. Гъа­тхэ кIуам и закъуэ пхъэщхьэмыщхьэ хадэу гектар 500 ягъэ­тIы­сащ. Мы илъэсым а бжыгъэр гектар миным нагъэсынущ. Ха­дэ­хэкI­хэр теплицэкIэ зезыхьэхэми, лырэ гъэшрэ къэзылэжьхэми къэралыр ядоIэпыкъу.
  • 2020 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хадэхэкIыу къы­щра­хьэлIэр тонн мин 600-м нагъэсыну, къыщалэжьыр хуэдэ 1,7-кIэ хагъэхъуэну я мурадщ. Иужьрей илъэситIым питомникхэм гектари 125-рэ хухахащ. Абыхэм псынщIэу зызыужь хадэхэм папщIэ, гъэ къэс гъэIэпхъуэну мелуани 3-м нэблагъэ къыщагъэкIынущ. 2015 гъэ пщIондэ теплицэ комплексхэр гектари 100-м, парник мыинхэр гектар 500-м щыухуэным тещIыхьа проектхэр ягъэзэщIэну я му­радщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ а унэтIыныгъэм социально-экономикэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэри, теплицэхэр ягъэу­вын, Iэмэпсымэхэр къащэхун папщIэ, мэкъумэш хозяйствэ лIэу­жьы­гъуэ псоми иджы япэу къэралым защIигъэкъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхуэщIауэ а къэкIыгъэхэр зехьэным республикэм зэрызыщрагъэужьым и фIыгъэкIэ, илъэсым хадэхэкIыу кърахьэлIэр тонн мин 200-м яхунэгъэсынущ.
  • Гъавэу, гъэшу, лыуэ, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу къалэжьым хэгъэхъуэным, IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным, иджырей къыдэзыгъахуэ технологиехэр къэгъэсэбэпыным, ахэр я лъабжьэу адрейхэм япэхъу, я къабзагъэкIэ нэгъуэщIхэм ефIэкI ерыскъыпхъэхэр гъэхьэ­зы­рыным, я лIэужьыгъуэхэм хэгъэхъуэным, щэхуакIуэхэр къыдэхьэ­хыным йогугъу. Абы и щыхьэтщ республикэм и мэкъумэш хозяйст­вэм папщIэ инвестицэ проект инхэр зэрагъэхьэзырар. Ахэр те­щIы­хьащ жэм гъэшыфIэхэр, лыфI зыщIхэр зехьэным, пхъэщхьэмы­щхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр ухуэным.
  • Пэублэу къызэрабжамкIэ, гъавэу тонн зы мелуан, кIэртIофу тонн мин 280-рэ, хадэхэкIыу тонн мин 400, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу тонн мини 100-м нэс мы гъэм кърахьэлIэнущ. Мы зэманым нартыху гъавапхъэр еужьэрэкIыу Iуахыж. Къэгъэлъэгъуапхъэщ ар ди мэкъумэшыщIэхэм зэрахуэбэгъуар. Нарт гъавэр зытращIа гектар мини 123-м щыщу мин 20-м щIигъур зэщIакъуэжащ. Ику иту гекта­рым центнер 70-м нэблагъэ къет. Мази 8 кIуам хозяйствэ лIэу­жьы­гъуэ псоми мэкъумэшхэкIыу сом мелард 18-м щIигъу и уасэ къы­щрахьэлIэжащ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ проценти 103-рэ мэхъу.
  • Iэщым хъеру къыпахми хохъуэ. Зи гугъу тщIы зэманым къриубыдэу былымылрэ джэдкъазылу тонн мин 53-м нэблагъэ е илъэс кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 1,4-кIэ нэхъыбэ къалэжьащ. Гъэшу тонн мин 278,6-рэ къашащ, джэдыкIэу мелуани 124-рэ кърахащ. Ахэри нэгъабэ и апхуэдэ зэманым зэрыхъуам проценти 3-кIэ, проценти 2,5-кIэ щIегъу. Мы Iуэхум уней хозяйствэхэм хэлъхьэныгъэфI хуащI. Иджыпсту унагъуэхэм Iэщышхуэу мин 278,8-м (мини 136-р жэмщ), мэлрэ бжэну мин 385,5-м, кхъуэуэ мин 53-м нэс щаIыгъщ.
  • Федеральнэ бюджетым и субсидиехэр щыхухах зэпеуэхэм 2005 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтщ икIи илъэс къэс и проектхэр щыдаIыгъ. 2005 — 2013 гъэхэм къриубыдэу мэкъумэш зыщIэ, Iэщ зыгъэхъу хьэрычэтыщIэ IэнатIэ цIыкIухэмрэ курытхэмрэ зе­гъэужьыным теухуа республикэ программэ хэхахэр гъэзэщIэным федеральнэ бюджетым и мылъкуу сом мелард 1,12-рэ хузэщIа­гъэуIуащ.
  • КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иIэщ ерыс­къы­п­хъэхэм зэрелэжьынум и проект зыбжанэ. Къапщтэмэ, консерв промышленностым щагъэхьэзырхэр, нарзаныпсу, пхъэщхьэмыщхьэпсу къыщIагъэкIхэр, гъэшхэкIхэр Европэм щызекIуэ пща­лъэ­хэм къакIэрыхуркъым. Ди лIыкIуэхэм ахэр щагъэлъэгъуащ Мэзкуу къалэм дыгъуасэ щызэхуащIыжа «Бжьыхьэ дыщафэ — 2013» 15-нэ Урысей агропромышленнэ выставкэм.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэр ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр яIэу я махуэм ирохьэлIэри, мыгъэрей губгъуэ лэжьыгъэхэр зэпэщу яухыну, дяпэкIи я зэфIэкIым хагъэхъуэну ди гуапэщ.
  •  
  • ХЬЭЖЫКЪАРЭ Алик.