Лэжьыгъэм хуэфащэ пщIэ иIэн папщIэ
2013-10-12
- Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ «Хуэфащэ пщIэ зыпэкIуэ лэжьыгъэ!» еханэ урысейпсо акцэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм абы хиубыдэу зэхиша Iуэхугъуэм хэтащ профсоюз лэжьакIуэ жыджэрхэр, «Лэжьыгъэм и зэгухьэныгъэ» партым и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэхэр, лажьэ, еджэ щIалэгъуалэр. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, министрхэр, хьэрычэтыщIэхэр, еджагъэшхуэхэр, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс куэд хъуауэ сэбэп пылъу властымрэ профсоюзхэмрэ щызэдолажьэ. Абы и фIыгъэкIэ лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэр зэтес щохъу. Япэ вице-премьер Уянаев Казим къызэрыхигъэщхьэхукIамкIэ, къыкъуэкI Iуэху псори лъэныкъуэхэм зэпсалъэ-зэчэнджэщурэ зэфIагъэкI. Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэм къыхигъэщащ республикэм и профсоюзхэр къару зиIэ зэгухьэныгъэу зэрыщытыр икIи ахэр сэбэпышхуэ зэрыхъур. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ — властхэм сыт щыгъуи къалъытэ профсоюзхэм я фIэфIыныгъэр.
- — КъБР-м и унафэщIхэмрэ профсоюзхэмрэ зэрызэдэлажьэм и фIыгъэкIэ ди республикэм къыщащтэ мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэхэр. Сэ жысIэну сыхуейщ нобэрей Iуэхур а зэхущытыкIэхэм зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ хэлъхьэныгъэшхуэу зэрыщытыр. Дэ псоми дгъэзэщIапхъэщ дызытекI мыхъуну хабзэр: цIыхухэр щIыщыIэр экономикэркъым, атIэ цIыхухэрщ экономикэр щIыщыIэр, — къигъэлъэгъуащ Уянаевым.
- КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт жиIащ лэжьыгъэм хуэфащэ пщIэ иIэныр мы лъэхъэнэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу къызэрыувыр. Аращ иджырей экономикэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэр, цIыхум и зэIузэпэщ псэукIэр зэлъытар.
- — Дызэрыт илъэсым профсоюзхэр мы Iуэхум хыхьащ къэралым захуагъэ зыхэлъ псэуныгъэрэ пщIэ зыхуащI лэжьыгъэрэ щыIэну къагъэуву, — жиIащ Амщокъуэм. — Хуэфащэ лэжьыгъэм и пщалъэхэм гъуэгу ягъуэтын папщIэ дэ къыдолъытэ IэнатIэншэхэм я бжыгъэр хуабжьу ягъэмэщIэн, страховой хабзэхэм тещIыхьа пенсэхэр зэрагъэув къэралпсо хабзэ зэтраухуэн, лэжьапщIэ нэхъ мащIэ дыдэр зыхуэдизынур яубзыхун хуейуэ. Иужьрейр лэжьакIуэ цIыхур псэун папщIэ зыхуеинум нэхърэ нэхъ мащIэу щыт хъунукъым. Профсоюзхэм къалъытэ дэтхэнэ лэжьыгъэми захуагъэ зыхэлъ улахуэ къыпэкIуэн хуейуэ. Мыбдежым нэхъ зыщытрагъащIэр лэжьапIэ зытхэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ яхь жэуапыр къэIэтынырщ, пщIэ зиIэ лэжьыгъэм и пщалъэ пыухыкIахэр ягъэувынырщ.
- Амщокъуэ ФатIимэт къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ бюджетым щымыщ социальнэ фондхэм папщIэ страховой взносхэр къыхихыным теухуа къалэнхэр Урысейм и федеральнэ налог IэнатIэм и пщэ дилъхьэну УФ-м и Правительствэм зэримурадым теухуауэ прессэм къытехуа хъыбархэм профсоюзхэр зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Профсоюзхэм я Iэтащхьэм къелъытэ а лъэбакъуэр щIэуэ щымыту. «Социальнэ страховой взносхэр» къыхэхыныр налог IэнатIэм пщэрылъ щыщIыным теухуа Iуэхур илъэсибгъу хъуауэ ягъэунэху. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэм (ОМС) и хабзэри зэтракъутащ».
- Амщокъуэ ФатIимэт апхуэдэу гу лъаригъэтащ бизнесым хэтхэр зыпэмылъэщ къыхэхыныгъэхэр щагъэпсынщIэн зэрыхуейм.
- — НаIуэу зэрыщытщи, властыр мызэ-мытIэу едэIуащ я лэжьыгъэм зегъэукъуэдииным зэран хуэмыхъуну хьэрычэтыщIэхэм къызыхураджэхэм, — жиIащ абы. — АрщхьэкIэ иужькIэ къыдэхуэ мылъкур лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным икIи улахуэхэм хэгъэхъуэным и пIэкIэ езы хьэрычэтыщIэхэм я жыпым къинэжу къыщIэкIащ. Абы къыхэкIыу лэжьакIуэхэм я псэукIэр сыт и лъэныкъуэкIи екIэкIуащ. ЦIыхур лэжьапIэншэ мыхъунымкIэ шэсыпIэхэр, санаторэхэм кIуэну, езыхэмрэ я унагъуэм щыщхэмрэ я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ яIэ Iэмалхэр кIуэдащ. Апхуэдэу пIалъэкIэ сымаджэхэм, уэндэгъухэм, лъхуахэм ират пособиехэр ягъэмэщIащ.
- И псалъэм и кIэухыу Амщокъуэ ФатIимэт къыхигъэбелджылыкIащ: «Нобэ дэ ди къалэныр лэжьакIуэхэм ягъуэта шэсыпIэхэр тхъумэныркъым, атIэ ахэр зэпымыууэ едгъэфIэкIуэнырщ. ИтIанэщ «пщIэ зиIэ лэжьыгъэр экономикэ лъэщым и шэсыпIэщ!» къыхуеджэныгъэм мыхьэнэ гуэр щиIэнур.
- КъБР-м и хабзэгъэув органым и цIэкIэ къэпсэлъащ Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ. Абы жиIащ депутатхэм профсоюзхэр зэрыдаIыгъыр.
- — Электрокъарум, ерыскъым, хьэпшыпхэм, Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм зэрыхэхъуэм ди цIыхухэм я псэукIэр иригъэфIакIуэркъым. КъБР-м и Парламентымрэ Профсоюзхэм я республикэ зэгухьэныгъэмрэ Iэ традзащ хабзэгъэув жэрдэмхэм зэгъусэу елэжьыным теухуа зэгурыIуэныгъэм, — къыхигъэщхьэхукIащ вице-спикерым.
- Саенкэ Татьянэ жиIащ къытпэщылъ лъэхъэнэм КъБР-м и бюджетыщIэм лэжьакIуэхэм, псом япэу бюджет IэнатIэм пэрытхэм я сэбэп зыхэлъхэр щыхъума зэрыхъунур и фIэщ зэрыхъур.
- Зэхуэсым и кIэухым республикэм и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм зэдэарэзыуэ къыщищтащ лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэ я IэнатIэм щызэфIэгъэкIын хуей мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр зэфIэхыным зэрыбгъэдыхьэр къыщыгъэлъэгъуа резолюцэ.
- КъБР-м и Профсозхэм я зэгухьэныгъэм и зи чэзу епщIанэ зэIущIэри абдежым щызэхэтащ. Абы Урысейм и профсоюз щхьэхуитхэм я федерацэм и 8-нэ зи мычэзу съездым и делегату Амщокъуэ ФатIимэт щыхахащ.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.
- Сурэтхэр Мамий Руслан трихащ.