|
Октябрь, 2020
КъызэрекIуэкIар гъэщIэгъуэнщ
2020-10-20
- СССР-м «Автомобилистым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэр 1980 гъэм, жэпуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм ирырагъэхьэлIэу, щагъэувауэ щытащ. 1996 гъэм ар зэрахъуэкIащ Автомобиль транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэу. Илъэс бжыгъэ дэкIауэ, автомобилистхэмрэ гъуэгуухуэхэмрэ я IуэхущIафэкIэ зэрызэщхьэщыкIыр къалъытэри, 2000 гъэм гъатхэпэм и 23-м, УФ-м и Президентым къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэр жэпуэгъуэм и ещанэ, автомобилым дихьэххэм ейр — еплIанэ тхьэмахуэ махуэхэм трагъэхуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс
КъБР-м Коронавирусым кIэлъыплъынымкIэ и оперативнэ штабым къет
2020-10-20
- 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м ирихьэлIэу
- Узыр япкърытрэ япкърымытрэ къахутэну тест зрагъэтахэм я бжыгъэр — 219618-рэ
- Сымаджэ хъуауэ ятхахэр — 8990-рэ
- Иужьрей жэщ-махуэм къриубыдэу къахутахэр — 84-рэ
- Сымаджэщхэм щIэлъхэр — 1486-рэ
- Реанимацэм щIэлъхэр — 80
- Хъужахэр — 6985-рэ
- Вирусым и зэранкIэ дунейм ехыжахэр — 119-рэ
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-10-20
- Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмыса сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ди республикэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей жылэм дэт курыт школ №1-м и нэIэм щIэту къыщызэIуахащ цIыкIу 60 зыщIэхуэну сабий гъэсапIэщIэ. Абы иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ щIыналъэм и унафэщIхэр, абы щылажьэ еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ
2020-10-20
- Урысей Федерацэм шы спортымкIэ и зи чэзу чемпионат жэпуэгъуэм и 18-м ди республикэм щекIуэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр
2020-10-20
- Тхьэмахуэ кIуам ди республикэм щыхьэщIащ Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Шэрджэс драмэ театрыр. Налшык къалэм дэт, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Нарткъалэ, Анзорей дэт ЩэнхабзэмкIэ унэхэм щагъэлъэгъуащ «Шукшин и хъыбархэр» спектаклыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ
2020-10-20
-
Адыгэхэр дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэхэм ящыщщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ ТекIуий Анатолэ Кушбий и къуэр. Къэралми лъэпкъми яхуэщхьэпэ Iуэху куэд зэфIэзыха, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди щIыналъэм, Урысейм я мызакъуэу хамэ щIыпIэ куэдми къыщацIыхуа къэхутакIуэ Iэзэр, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкIа еджагъэшхуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 90 ирокъу. ТекIуий Анатолэ бгъэдэлъа зэфIэкIымрэ иригъэкIуэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я мыхьэнэмрэ лIэщIыгъуэхэм доин, добагъуэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-10-20
- Хэку зауэшхуэм къызэринэкIа гузэвэгъуэ куэд цIыхухэм я гум къинэжащ. Абыхэм лIыгъэкIэ уеджэ хъунуми, зи псэугъуэ дыдэу бын зыфIэкIуэдахэм я дежкIэ ар лъэпкъым щызэIэпах гухэщI хъыбару къонэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язщ Шапсыгъ щIыналъэм хыхьэ Псэушхуэшхуэ къуажэм щыщ Щхьэлахъуэхэ Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я унагъуэр. Зэщхьэгъусэхэм хэкур яхъумэну къуибгъу, къуэрылъхуищ, я нысэр дагъэкIат. Къэзыгъэзэжар я къуэрылъхуитIымрэ я къуитIымрэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
2020-10-20
- Чэрим Марианнэ
- ЛIы иримыкъу
- Роман. Япэ Iыхьэ
-
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №125-м итщ).
- — Фыкъалъэгъуа?
- — Хьэуэ.
- — Хьэрун-щэ?
- — Сэ езгъэлъэгъуащ, си бзэгум сыхуимытыжу.
- — И лъапэ къыдезгъэшиенукъым, щремыгугъ. Си къуэр фадафэ ищIри кIэбгъу зищIыжауэ. Зыми игу хэмыхьэжу къигъэнащ, зыгуэр хуримыгъэтхауэ си фIэщ хъуркъым.
- Мэржан фадафэ псоми я щхьэгъусэхэр и щIыхуэгъущ, нысэр абыхэм къахэжыжын? ЯлIхэм къакIэрымыхуу «шагъыр фIэкIа емыфэжхэм» я гугъу умыщIмэ. Мыхэр, Дахэзилэ ещхьу, хабзэщIэкъу защIэщ, Мэржан щхьэкIэ зыуагъэукIынущ. Хьэрун хуэдэ тхьэмыщкIэжьхэр къэдыгъуауэ, я напэр зытрахыжу, щIыхуэ къатехуэу, я фызхэр яфIикIыжу ефэмэ, мо гупыр зэгъэпэщауэ, щхьэусыгъуэр наIуэу, Iэнэхэр узэдарэ хъуэхъур лъагэу дэIэбейуэ, зэлIзэфызхэри зэрыгъэгушхуэжхэущ зэрефэр. Гупыр зымыгъэгупу фадафэхэм яхуэпсалъэхэр илъагъу хъуркъым Мэржан. Аркъэ, тутын хуэдэхэр хъулъхъугъэ хуэIухуэщIэщи, уигу темыхуэнумэ, зыIуегъэх. ЦIыхубз дапщэ тхьэусыхакIуэ къыхуэкIуа, сыт хуэдиз къелъэIуа, зыкъыхуэзыгъэткIии къахэкIыу. «Уэ нэхърэ сынэхъ хуэмыхукъым, Мэржан, долажьэ, дошхэж, аркъэ щIыхуэ нумыт!» — ар Зубер и фыз Дахэуэст къыжезыIар. Анэхэр-щэ?! «МафIэм Алыхьым иригъэс мы хьэблэ тыкуэнхэр къэзыгупсысар», — жиIэурэ лIэжащ Фаризэт тхьэмыщкIэ. И къуитхум щыщу щыр лъапсэ зэгуэтым исти, щыми Мэржан и тыкуэным зэфэн щагъуэтырт, и уасэр фызыжьым и пенсым зэрыхагъэкIыжынур ящIэу. Нэхъыжьым езэгъыххэртэкъым, фадэрщ унагъуэ иухуэну Iэмал къезымытар. ФIикIыжахэм я зым зиукIыжащ, езыри жьы мыхъуу лIэжащ. Курытыр и нэхъыжьыгъуэм зэрыпэплъам хуэдизкIэ бгъэдэсакъым фIыуэ илъагъуу къиша нысащIэм. Хьэрун ещхьу, фызри бынри аркъэм IэщIихащ, езыр ныкъуэдыкъуэ хъуащ. Ещанэ нысащIэм сабий куэдыIуэ иIэти, и дыщ щызэгъэнутэкъым. Гыбзэмрэ хъуанэмрэ ящIипIыкIащ и бынихыр. «Сыт-тIэ ефэмэ? АфIэкIа дашэчкъэ цIыхухъум?» — аращ Мэржан хужыIэнур а Iуэхум теухуауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-10-20
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь
- зиIэ и лэжьакIуэ ТIымыжь Хьэмыщэ и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу
- ЦIыхум и зэфIэкIыр къызэрапщытэр Iуэхуу зэфIихарщ, и гъащIэм и кIуэцIкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIарщ. Абы щыгъуэми, адыгэхэм нэхъыбэу къалъытэр цIыхум и щхьэзакъуэ ехъулIэныгъэракъым, атIэ лъэпкъым, бзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я зыужьыныгъэм хуэунэтIа лэжьыгъэхэрщ. Апхуэдэ IуэхуфIхэмкIэ узэдащ ТIымыжь Хьэмыщэ и гъащIэ, творческэ икIи щIэныгъэ гъуэгуанэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
2020-10-20
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIадзащ «Iущхэр» программэм ипкъ иткIэ екIуэкIыну зэпеуэм хэтынухэр къыщыхах лэжьыгъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ
Бэлагъы Къантемыр дэлэжьэну и хъуэпсапIэщ
2020-10-20
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щытраха «Чики» сериалым хэт Шмыковэ Варварэ и хъуэпсапIэщ ди хэкуэгъу режиссёр, сценарист икIи оператор Бэлагъы Къантемыр дэлэжьэну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ
2020-10-20
- «Спартак-Налшык» (Налшык) – «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) – 3:2 (0:2). Налшык. «Спартак» стадион. Жэпуэгъуэм и 18-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
|