Щхьэлахъуэхэ я унагъуэр
2020-10-20
- Хэку зауэшхуэм къызэринэкIа гузэвэгъуэ куэд цIыхухэм я гум къинэжащ. Абыхэм лIыгъэкIэ уеджэ хъунуми, зи псэугъуэ дыдэу бын зыфIэкIуэдахэм я дежкIэ ар лъэпкъым щызэIэпах гухэщI хъыбару къонэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язщ Шапсыгъ щIыналъэм хыхьэ Псэушхуэшхуэ къуажэм щыщ Щхьэлахъуэхэ Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я унагъуэр. Зэщхьэгъусэхэм хэкур яхъумэну къуибгъу, къуэрылъхуищ, я нысэр дагъэкIат. Къэзыгъэзэжар я къуэрылъхуитIымрэ я къуитIымрэщ.
- Чэбэхъан
- Щхьэлахъуэ Чэбэхъан бын 15 къызэфIигъэуващ: езым къилъхуа и къуихыр, и пхъуищыр, анэ зыхуэхъуа нэгъуэщI къуиплIрэ пхъуитIрэ. ЦIыху тыншу, нэшхуэгушхуэу зэрыщытым и фIыгъэкIэ, Чэбэхъан «ууей-сысейкIэ» зыри имыгуэшу, сабий псори езым къилъхуам хуэдэу ипIащ. ЩIакхъуэ Iыхьэм пщIэ хуэщIын, пщIэ-нэмыс яхэлъу цIыхухэм ябгъэдэтын — а хьэлхэрт Чэбэхъан адэ-анэм къабгъэдихари и бынхэм яхилъхьари. Ауэ езым къемыхъулIа насыпу и бын псоми IэщIагъэ яригъэгъуэтащ. Къуажэдэсхэм зэрагъэхъыбарымкIэ, Чэбэхъан зэрысабийрэ удз хущхъуэхэм хищIыкIыу, цIыхум еIэзэн фIэфIу къэгъуэгурыкIуащ. Жьыи щIэи Щхьэлахъуэхэ къекIуалIэрт, я узыфэхэр ягъэхъужыну.
- Зауэр къызэрыхъейуэ, Чэбэхъан, адрей анэхэм хуэдэу, и щIалэхэр зауэм дигъэкIат, я напэр зытрамыхыжу лIы хуэдэу зэуэну, бийр зэтраукIэу къэкIуэжыну иущийуэ. Ауэ ахэр къригъэблэгъэжыным и насып хэлътэкъым. Зауэм щIидза къудейуэ, Чэбэхъан къыIэрыхьащ нэхъыжь дыдэ Уэсмэн зэрыхэкIуэдам теухуа хъыбар. Абы иужь иту Щхьэлахъуэхэ иджыри щыхьэкIуэ тхыгъих кърагъэхьащ. Анэгум апхуэдиз гуауэр хуэхьакъым — 1943 гъэм шыщхьэуIум и 14-м Чэбэхъан дунейм ехыжащ. ЦIыхубзыр Псэушхуэшхуэ щыщIалъхьа махуэ дыдэм аргуэру и зы къуэ — Хьэсэн — зэрыхэкIуэдам и хъыбар къэIуащ.
- Къасболэт
- Унагъуэшхуэм и нэхъыжь Щхьэлахъуэ Къасболэт, къуажэдэсхэм зэраIуатэмкIэ, лэжьакIуэжьу, зи хэку, зи щIыналъэ фIыуэ зылъагъу цIыхуу щытащ. Совет властыр ягъэува нэужь, япэ итхэм ябгъурыту колхозым хыхьэри, и ныбжьыр хэкIуэтэху абы щылэжьащ. Хьэрэм зримыгъэкIуалIэу, цIыхум сэбэп зэрахуэхъуным иужь иту лэжьащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Къасболэт щIэх-щIэхыурэ щIалэгъуалэм епсэлъылIэрт: шапсыгъхэм я тхыдэм, дяпэкIэ гъащIэр зэрыхъунум теухуауэ ядэуэршэрырт. Чэбэхъани ещхьу, абыи хьэлъэу зыхищIат зи къэкIуэну махуэхэм хэбэкъуэну хунэмыса и къуэхэр зауэм зэрыхэкIуэдар.
- Щауэбыкъуэ
- Къасболэтрэ Чэбэхъанрэ я щIалибгъум щыщу къэзыгъэзэжар тIу къудейщ — Щауэбыкъуэрэ Кърымджэрийрэ. Щауэбыкъуэ армэм ираджэну къытехуэртэкъым, и ныбжьыр икIати. Мэкъумэшым щыIэкIуэлъакIуэу, Iэщми хэзагъэу щытауэ жаIэж. Щауэбыкъуэ Псэушхуэшхуэ къыщызэрагъэпэща колхозым и бригадиру лэжьащ. Зауэр къыщыхъеям абы и ныбжьыр илъэс 40-м нэблэгъакIэт. ИтIани яфIыдэкIри зэманышхуэкIэ ямыIыгъыу къаутIыпщыжащ: зы зэхэуэ гуэрым и IитIри щIыIэм щыпигъэдиикIауэ щытащ. Абы щхьэкIи къимыгъанэу, щIалэр колхозым щылэжьащ.
- 1942 гъэм Щауэбыкъуэ аргуэру зауэ IэнатIэм къыщыхутащ, къуажэм къэнэну хуит пэтрэ. Ар хэтащ Кавказыр, Украинэр, Болгариер, Румыниер, Югославиер, Будапешт къалэр хуит къэзыщIыжахэм. Будапешт хуит къыщащIыжым здыхэта зауэм уIэгъэ щыхъури, Щауэбыкъуэ Тбилиси дэт сымаджэщым ТекIуэныгъэр къыщригъэблэгъащ. Саугъэт куэд къыздрихащ Щауэбыкъуэ зауэм. КъэкIуэжа нэужь, ар «Шапсыгъ плъыжь» колхозым щылэжьащ, 1978 гъэм дунейм ехыжащ.
- Кърымджэрий
- НыбжькIэ Щауэбыкъуэ къыкIэлъыкIуэр Кърымджэрийт. Абы зауэр лагъымщIэх (сапёр) бригадэм хэту Кавказым къыщригъажьэри, Берлин нэсыхукIэ къэувыIакъым. 1943 гъэм Кърымджэрий къратауэ щытащ Бэракъ Плъыжьым и орденыр, медаль зыбжанэ.
- Зауэм ипэкIэ Кърымджэрий Ворошиловым и цIэр зезыхьэ Псэушхуэшхуэ ЦIыкIу дэт колхозым и унафэщIу щытащ илъэс куэдкIэ, зауэ нэужьым «Шапсыгъ плъыжь» колхозым и мэкъумэш Iуэхур и IэмыщIэ илъащ. 1977 гъэм дунейм ехыжащ.
- Жамбот
- Къуажэдэсхэм зэрыжаIэжымкIэ, Щхьэлахъуэ Жамбот нэхърэ нэхъ еджа унагъуэм исакъым. 1924 гъэм ар ТIуапсэ щылажьэ мэкъумэшыщIэ щIалэгъуалэм ящыщу нэхъ хэлъэтышхуэ къэзыгъэлъагъуэхэм хабжэрт. Шапсыгъ районым япэу къыщызэIуахауэ щытахэм яз а еджапIэм шапсыгъ куэд щеджащ. Жамбот щIэныгъэр, спортыр, комсомол Iуэхухэр зыфIэфI щIалэу щытащ. Куэд дэмыкIыу ар Новочеркасск дэт милицейско-юридическэ еджапIэм щIагъэтIысхьэ. Абы и щIэныгъэм щыхегъахъуэри, партми хохьэ. Унэм къэкIуэжа нэужь, Жамбот милицэм и къудамэм и унафэщIу ягъэуващ. Ар Ростов деж щызэуащ, Таганрог деж зауэм щыхэкIуэдащ.
- Атэлахь
- И къуэшхэм елъытауэ, Атэлахь езыр-езыру еджа фIэкIа, еджапIэм щIэсакъым. Колхозым къэпщытакIуэу (учётчикыу) правленэм хэту, иужькIэ — унафэщIу щылэжьащ. Псэушхуэшхуэ комсомол гуп къыщы-
- зэзыгъэпэщахэм ящыщт Атэлахь. Ар зауэм щыдэкIар 1941 гъэрщ. Кубань икIа къэзакъыдзэм хэту зэуащ, Мэздэгу деж щаукIащ. А псори и полкым хэта, Сочэ щыщ щIалэм зауэр иуха нэужь къажриIэжауэ аращ.
- Iэюб
- Iэюб зауэм ипэкIэ заготовителу лэжьащ. ИужькIэ ар Шапсыгъ районым и заготторгым и унафэщIу ягъэувати, зауэм щIыдэкIын щхьэусыгъуэ иIэххэтэкъым. Iэюб, уеблэмэ, армэм мыкIуэну хуит зыщI тхылъ иIэт, ауэ ари абы и къуэш Хъусени унэм дэзэгъакъым. 1941 гъэм и бжьыхьэм тIури Мейкъуапэ къыщыхутащ. Абдежым 116-нэ полкым и 26-нэ бригадэм щыхагъэхьэри, Севастополь деж щызауэхэм гъусэ хуащIащ. Зэкъым, тIэукъым Iэюб зауэ IэнатIэм бийхэм щебгъэрыкIуэурэ и лIыгъэ къызэригъэлъэгъуар.
- Хъыбару кърахьэкI Iэюб и къуажэгъу Нэпсо Долэтджэрий къригъэлауэ зэрыщытар. Долэтджэрий ар мыпхуэдэу жеIэж: «Севастополь деж бийм дыщебгъэрыкIуэм щыгъуэ, биишэр къыстехуэри, уIэгъэ хьэлъэ сыхъуат. Лъышхуэ сщIэкIауэ, сыкъелыну сымыгугъэжыххэу, Iэюб сыкъигъуэтри, медсанбатым силъэфауэ щытащ. Абы нэмыщIамэ, сыхэкIуэдэну къыщIэкIынт».
- Долэтджэрий и пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым езыр къезыгъэла Iэюб Севастополь деж зи псэ щызыта лIыхъужьхэм я гъусэу махуэ зыбжанэ фIэкIа дэмыкIыу зэрыхэкIуэдэнур.
- Хьэсэн
- Щхьэлахъуэ Хьэсэн 18-нэ десант армэм хэту ТIуапсэрэ Кърымрэ зыхъумахэм яхэтащ. Ар Брежнев Леонид зи политрукыу щыта дзэм хэту «Малая Земля» щIыпIэм 1943 гъэм щызэуащ. УIэгъэ хьэлъэ хъуауэ къигъазэри, зэман дэкIа нэужь, Краснодар дэт сымаджэщым щылIэжащ. А махуэ дыдэм Псэушхуэшхуэ езым и анэ Чэбэхъан щыщIалъхьэрт.
- Хьэжрэт
- Къуажэдэсхэм Хьэжрэт гушыIэ зыфIэфI цIыху нэжэгужэу щытауэ жаIэж. Адыгэ пшынэмрэ пхъэцIычымрэ Iэзэу зэреуэм къыхэкIыу, зы нысашэ екIуэкIыртэкъым Хьэжрэт ирамыгъэблагъэу. Колхозым щыжыджэр комсомол щIалэхэм ящыщт ар.
- Зауэм ипэ мазэхэм Хьэжрэт Лазаревскэм щаухуэ кхъухьлъатэ тедзапIэм пыщIа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм хэпщIа хъуат. ИужькIэ ТIуапсэ ихъуреягъкIэ зыхъумэжыным хуэгъэпсауэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм хэтащ. Дзэм щыхыхьар 1942 гъэрщ. УхуакIуэ батальоным хэту лъэмыжхэр, гъуэгухэр, зэпрыкIыпIэхэр зыщIхэм яхэтащ. 1944 гъэм Украинэр хуит къыщащIыжым Сумскэ областым щыхэкIуэдащ Хьэжрэт. Унагъуэ иухуэнуи хунэсакъым, и зы сурэти къэнакъым.
- Хъусен
- Зауэм щIидзэн ипэкIэ, Псэушхуэшхуэм кинопередвижкэ жыхуаIэ фильм гъэлъэгъуапIэ къыщыунэхуат. Абы щыгъуэм къуажэм иджыри уэздыгъэ щыщIашатэкъыми, Iэмэпсымэр моторкIэт зэрылажьэр. Фильмхэр къэзыгъэлъагъуэ IэщIагъэлIым ехъуапсэ Хъусен, ин хъумэ, езыри апхуэдэу еджэну и мурадт. ЗэманкIэ ар къуажэ щIакхъуэ гъэжьапIэм щылэжьащ, гукъыдэж зи куэд щIалэ нэфIэгуфIэу щытауэ къаIуэтэж.
- Хъусен езым и къуэ Iэюб и гъусэу 26-нэ фочауэ бригадэм хыхьэ 122-нэ полкым щызэуащ. Армавир пэгъунэгъуу екIуэкIа зэхэуэхэм я зым щыхэкIуэдащ. ГъащIэ кIэщIми, гъащIэ дахэт къигъэщIар Щхьэлахъуэ Хъусен, апхуэдэуи цIыхухэм я гум къинэжащ.
- Уэсмэн
- ЗэрыжаIэжымкIэ, Щхьэлахъуэхэ я къуэ нэхъыщIэ дыдэ Уэсмэн и цIэкIэ я унэм повесткэ къыщахьам, езы щIалэр гуфIащэри, ислъэмей къэфэну къытехьат. И анэм хуигъэхьэзыра хьэпшыпхэр зэрылъ и плIэидзэ хъуржыныр къищтэри, и къуажэгъу щIалэхэм я гъусэу фронтым дэкIат щIалэр. Япэ мазэм Житомир пэгъунэгъуу щыхэкIуэдащ.
- Рэмэзан
- Зэкъуэшхэм я нэхъыжь Щхьэлахъуэ Рэмэзан хъыбар щхьэхуэ хуэфащэщ. Ар къыщалъхуар 1885 гъэрщ. Пасэу унагъуэ иухуэри, быни игъуэтащ абы. Рэмэзан 1924 гъэм Псэушхуэшхуэ дэIэпхъукIыу Первый Шапсуг жыхуаIэ, иужькIэ Цыпкэ зыфIащыжа къуажэщIэм щытIысахэм ящыщт. Колхозым пасэу хыхьэри, сату Iуэхуми зыщиузэщIат.
- ЗэрыжаIэжымкIэ, Рэмэзан къуажэм нэхъ еджауэ къыдэкIахэм ящыщт — тхэфырт, еджэфырт, фIы дыдэу урысыбзэ ищIэрт, къуажэдэсхэм лъэIу тхылъ ятхын хуей хъумэ, зэлъэIур Рэмэзант. И узыншагъэм зауэм кIуэну Iэмал къритыртэкъым абы. Къуажэдэсхэр зэакъылэгъуу ар зауэм и япэ махуэхэм «Шапсыгъ плъыжь» колхозым и унафэщIу ягъэуват. Бзылъхугъэрэ сабийрэ фIэкIа къызыдэмына жылэм колхоз унафэщIыр чэнджэщэгъу акъылыфIэ куэдым щахуэхъуащ. Езы Рэмэзан къуих ипIырт а зэманми, абыхэм ящыщу тIур фронтым дигъэкIат. Аскэрбий Мэзкуу деж щыхэкIуэдащ, Аслъэнбий уIэгъэу къэкIуэжри, и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэу псэуащ. И къуэ ещанэ Анурбий лэжьакIуэфIу къэпсэуащ, «ЩIыхь зиIэ шахтёр» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ.
- ГъащIэ дахэ къагъэщIащ Рэмэзан ипхъухэми. Мэремхъан Хьэджэхъу къуажэм щопсэу, дохутыр IэщIагъэр иIэу. ПхъуитIрэ зы къуэрэ иIэщ. Тамарэ илъэс куэдкIэ ТIуапсэ къалэм и администрацэм щылэжьащ. Абыи пхъуитIрэ зы къуэрэ иIэщ. Головинкэ щыпсэу Мариет Сочэ дэт «Дендрарийм» и унафэщIу илъэсищкIэ щытащ, илъэс бжыгъэкIэ мэз IуэхухэмкIэ Сочэ дэт щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым и унафэщI къалэныр ирихьэкIащ.
- Аскэрбий
- И къуэшхэм яхуэмыдэу, Аскэрбий дзэм хэт офицерт, зауэм щIидзэн ипэкIэ училищэр къиухауэ. Къэлахъуэ къуажэм егъэджакIуэу щылэжьащ. Фронтым кIуа нэужь, ари хэтащ Мэзкуу щхьэкIэ зэуахэм. Иужьрей тхыгъэр и унагъуэм къыщригъэхьар 1941 гъэм и щэкIуэгъуэрщ. Абы иужь Псэушхуэшхуэ къэкIуащ Аскэрбий зэрыхэкIуэдам теухуа щыхьэкIуэ тхылъ.
- Фаинэ
- ТIуапсэ и Iэхэлъахэм къыщалъхуа урыс бзылъхугъэм и гъащIэ гъуэгур зэрымыщIэкIэ Псэушхуэшхуэ щыщ Щхьэлахъуэхэ я унагъуэм хэпщIащ. 1939 гъэм гъущI гъуэгу еджапIэм къыщIэкIа хъыджэбзым медсестрахэр щагъэхьэзыр курсхэр къиухыжри, гъущI гъуэгу станцым къедза поликлиникэм лэжьэн щыщIидзащ. А илъэс дыдэм ар Щхьэлахъуэ Аскэрбий дэкIуащ, Анатолий зыфIаща щIалэ цIыкIури зэдагъуэтащ.
- И щхьэгъусэр зауэм зэрыхэкIуэдам теухуа хъыбар къыIэрыхьа нэужь, Фаинэ зауэм кIуэну мурад ещI. Ар къыхуэзымыдэ унафэщIхэм зыкъомрэ йоны-къуэкъу, икIэм-икIэжым 1942 гъэм хуит зыкърегъэщI. Медицинэ службэм и сержант нэхъыщхьэ Щхьэлахъуэ Фаинэ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м Севастополь щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа зэхэуэм щыхэкIуэдащ.
- Фаинэрэ Аскэрбийрэ я къуэ Щхьэлахъуэ Анатолий нобэ ТIуапсэ гъущI гъуэгу депом и бригадиру мэлажьэ.
- Аслъэнбий
- Щхьэлахъуэ Аслъэнбий къыщалъхуар 1926 гъэрт, абы къыхэкIыу зауэм дашыну ныбжькIэ къытехуэртэкъыми, и къуажэгъухэм я гъусэу ТIуапсэ иращIэкIа щIытIхэм щылэжьащ. Нэмыцэдзэр Псэушхуэшхуэ пэгъунэгъу щыхъум, и шыпхъу Тамарэ дэщIыгъуу Аслъэнбий къуажэм дагъэIэпхъукIат. 1942 гъэм зэдэлъхузэшыпхъур Магнитогорск дэт ПТУ-м щIагъэтIысхьэ. АрщхьэкIэ и адэ къуэшхэри езым и адэ Рэмэзани зауэм зэрыхэкIуэдар къызэрищIэу, Аслъэнбий и ныбжьым илъэситI нэпцIу петхэ, фронтым дэкIын папщIэ.
- ЩIалэм Тюмень дэт дзэ училищэр къеухри, 1943 гъэм зауэ IэнатIэм къыщохутэ. «Сержант-тIасхъэщIэх» IэщIагъэр иIэу пэрыхьат Аслъэнбий Хэкур хъумэжын къалэным. Ар тIасхъэщIэхыу бийм и хэщIапIэм ягъакIуэрт, ди жыжьэрыуэ топхэм зытрагъэпсапхъэ щIыпIэхэр къахухихырт. 1943 гъэм Курск деж уIэгъэ щыхъуауэ щытащ Аслъэнбий. Сымаджэщым къыщIэкIыжа нэужь, армэм хыхьэжри, сэлэт жыджэрыр Белоруссиемрэ Польшэмрэ хуит зыщIыжахэм яхэтащ. Унэм къыщыкIуэжар 1944 гъэрщ. Илъэс 18 фIэкIа мыхъу сэлэтым и бгъэр зауэ гъуэгум къыщилэжьа орденхэмрэ медалхэмрэ зэщIаблат.
- Мамыр гъащIэм щIидзэжа нэужь, щIалищ зыпIа Аслъэнбий колхозым щылэжьащ, дунейм зэрехыжрэ куэд щIакъым.
- Айдэмыр
- Айдэмыр Чэбэхъан и къуэрылъхущ — Алтыхъу и къуэщ. Абы къиухащ Тбилиси дэт, радистхэр щагъэхьэзыр еджапIэр. Ростов деж, Румынием, Венгрием, Австрием, Болгарием щызэуащ.
- ЗэрыжаIэжымкIэ, Айдэмыр зауэм щыдигъэкIым, Чэбэхъан мыпхуэдэ псалъэхэр жриIат: «Айдэмыр, ди унагъуэм уэращ иужь дыдэ зауэм цIыхухъуу дэкIыр. Уи адэри уи адэ къуэшхэри биижьым хахуэу япэщIэтщ. УкъимыкIуэту зауэ, текIуэныгъэр уи Iэрылъхьэу къэгъэзэж!»
- Зауэр ихуа нэужь, Айдэмыр «Туапсинский» совхозым щIыIалъэхэр игъэлажьэу щылэжьащ, и къуажэм нэхъ жыджэру дэса ветеранхэм язщ. Куэд щIа-
- къым пхъуищрэ зы къуэрэ къызыщIэна Айдэмыр дунейм зэрехыжрэ.
- Зы адыгэ унагъуэ закъуэм лIыгъэу къызыкъуахам и хъыбарыр Краснодар крайм и гъунэм зэрикIрэ куэд щIащ. Абыхэм ятотхыхь газетхэр, ятопсэлъыхь радио, телевиденэ нэтынхэр. Хэкум и хуитыныгъэм нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ и бынхэмрэ и къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ щIэзыта Щхьэлахъуэ Чэбэхъан и цIэр къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэми ягу илъынущ. Шапсыгъ унагъуэ Щхьэлахъуэхэ далъэгъуа лIыгъэшхуэр лъэпкъым зэи щыгъупщэж хъунукъым.
- Ныбэ Анзор,
- АР-м щIыхь зиIэ и журналист.
- Шапсыгъ щIыналъэ, Псэзуапсэ къуажэ.