ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и унафэщIхэм яригъэцIыхуащ Урысейм и Банкым и къудамэу КъБР-м  щыIэм  и Iэтащхьэу ягъэувар

2020-10-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Урысейм и Банкым и къудамэм — КъБР-м щыIэ Лъэпкъ банкым и унафэщIу ягъэува КIэрэф Мурат. ЩIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр и лэжьапIэщIэм ишащ Урысей Федерацэм и Банк Нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Эберенц Евгений.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и  Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В.  Къэрал кIуэцI  IуэхухэмкIэ органхэм  я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм  я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

2020-10-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Жэпуэгъуэм и 13-м илъэс 15 ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щынэхъ ин нэщхъеягъуэхэм ящыщ зыр — Налшык къалэм щIэпхъаджащIэхэр къызэрытеуэрэ. А террорист акцэм и зэранкIэ хэкIуэдащ мамыру псэу цIыху лажьэншэхэр, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэ пщIы бжыгъэхэми я гъащIэр ихьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Мамырыгъэрщ  псом  нэхърэ  нэхъ  лъапIэр

2020-10-13

  • КъБР-м и Президентым 2008 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м Iэ зыщIидзауэ щыта Указым ипкъ иткIэ жэпуэгъуэм и 13-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI

2020-10-13

  • ПщIэ зыхуэтщI щIэджыкIакIуэхэ!
  • 2020 гъэм фокIадэм и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Тхыдэм и пэжыпIэм тетыныр мурад нэхъыщхьэщ

2020-10-13

  • Ставрополь щIыналъэм и Думэм и жэрдэмкIэ, иджыблагъэ екIуэкIащ «Наша память. Наша гордость. Битва за Кавказ» форумыр. Ар цIыхухэм япэIэщIэхауэ къызэрагъэпэщащ, коронавирусым зимыубгъун папщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Лъэпкъ проектхэр  ягъэзащIэ

2020-10-13

  • Бахъсэн щIыналъэм сабий IыгъыпэщIэхэр къыщыунэхуащ. «Демографие» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Куба къуажэм дэт сабий гъэсапIэм — цIыкIу 40 зыщIэхуэ ясельнэ блок, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт прогимназием епхауэ сабий 40 зыщIэхуэ гъэсапIэ къыщызэIуахащ. Абыхэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэхэм хэтащ щIыналъэмрэ республикэмрэ я унафэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мэзхъумэхэм  я  махуэ

2020-10-13

  • Дызэрыщыгъуазэщи, дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) IэмалыфIщ, щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«СлъэкI   хуэсщIащ  сэ  си  лъэпкъ  мащIэм»

2020-10-13

  • УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Абхъазым и цIыхубэ артист
  • Мысостышхуэ Пщызэбий Зэбэч и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
  • Мысостышхуэ Пщызэбий Зэбэч и къуэр КъБР-м щыщ Псыгуэнсу (Жанхъуэтхьэблэ) къуажэм 1935 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыщалъхуащ.
  • 1953 гъэм ар ГИТИС-м щIэтIысхьащ икIи Сталиным и цIэр зезыхьэ стипендиер къихьу еджащ. А еджапIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэкIэ къиухыу 1958 гъэм къигъэзэжа нэужь Адыгэ театрым актёру, режиссёру илъэс куэдкIэ щылэжьащ, цIыхубэм ягу имыхуж лэжьыгъэшхуэхэр къыщехъулIэу. Мысостышхуэм театрым роль нэхъыщхьэу 120-рэ щигъэзэщIащ, художественнэ фильми 6-м щыджэгуащ. Езым Адыгэ театрым, телевиденэм, радиом спектакль 20-м щIигъу щигъэуващ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ПроектыщIэм гъуэгу  егъуэт

2020-10-13

  • ЕджакIуэхэм IэщIагъэ къыхахынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуным ехьэлIа «Шаг в будущее» урысейпсо проектым хыхьэ Iуэхугъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жыджэру щокIуэкI. Мы махуэхэм электрон хэщIапIэр (http://bilet-help.worldskills.ru/) къагъэсэбэпурэ проектым хэтыну гукъыдэж зиIэхэр зэхуашэс. Апхуэдэу ди республикэм щыщу еджакIуэ 5186-рэ къыхыхьащ Iуэху щхьэпэм, абыхэм ящыщу 174-м зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьыгъэм жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Адыгэ псалъэм и жьэгу мафIэм

2020-10-13

  • Адыгэм псалъэм хуищI пщIэмрэ хилъхьэ фIэщхъуныгъэмрэ къызэрымыкIуэу инщ. Адыгэм псалъэр егъэдахэ, егъэщIэращIэ, и хъуэпсапIэхэр, и гугъапIэ-гурышэхэр къиIуэтэн щхьэкIэ, бзэм хощыпыхьыпэри, нэхъ хьэлэмэт дыдэу хилъагъуэхэр къыхех, абыхэм къэIуэтэкIэ гъэщIэгъуэнхэр къахуегъуэтри, гъэсэпэтхыдэу цIыхум и пащхьэ ирелъхьэж. Апхуэдэщ IуэрыIуэтэж псалъэр. Абы сыт хуэдизрэ къытебгъэзэжми, и щIэщыгъуэр икIыркъым, и дэтхэнэ зы псалъэри щIэныгъэр щыбэ дуней ирокъу, щIэблэ ирибгъэсэнуи ирибущиинуи хуэдэ щыIэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Резуан зыхэт гупыр ехъуэж

2020-10-13

  • Ди лъахэгъу, Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан 2020 — 2021 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм я зэхьэзэхуэр иухыхукIэ «Химки» командэм бэджэнду къищтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Ставрополь  мы  гъэм  яхуэугъурлыкъым

2020-10-13

  • «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 4:1 (1: 1). Ставрополь. «Динамо» стадион. Жэпуэгъуэм и 11-м. Еплъынухэр стадионым ирагъэхьакъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол