Лъэпкъым хьэлэлу хуэлажьэ
2020-10-20
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь
- зиIэ и лэжьакIуэ ТIымыжь Хьэмыщэ и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу
- ЦIыхум и зэфIэкIыр къызэрапщытэр Iуэхуу зэфIихарщ, и гъащIэм и кIуэцIкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIарщ. Абы щыгъуэми, адыгэхэм нэхъыбэу къалъытэр цIыхум и щхьэзакъуэ ехъулIэныгъэракъым, атIэ лъэпкъым, бзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я зыужьыныгъэм хуэунэтIа лэжьыгъэхэрщ. Апхуэдэ IуэхуфIхэмкIэ узэдащ ТIымыжь Хьэмыщэ и гъащIэ, творческэ икIи щIэныгъэ гъуэгуанэр.
- ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ Тэркъан и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм къыщалъхуащ. ТхакIуэщ, зэдзэкIакIуэщ, публицистщ, щIэныгъэлIщ, филологие щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ, ЩIДАА-м и академикщ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ.
- Къуажэ курыт еджапIэр ехъулIэныгъэ иIэу къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым и адыгэбзэ къудамэм щIэтIысхьащ Хьэмыщэ. Илъэсищ нэхъ дэмыкIыу, Москва дэт къэрал университетым журналистикэмкIэ и къудамэм зригъэдзащ икIи зыхэхуа гупым ядекIурэ Гоголым и цIэр зезыхьэ стипендиери къихьу фIыуэ еджащ. А еджапIэ пажэр къэзыуха ТIымыжьым Москва лэжьапIэ IэнатIэ щигъуэтынут, ауэ зи адэжь лъапсэр, благъэ-Iыхьлыхэр зи псэм хэлъу къэтэджа ныбжьыщIэм зыIэригъэхьа щIэныгъэр и хэку хуигъэщхьэпэну 1979 гъэм къигъэзэжащ икIи а гъэ дыдэм «Ленин гъуэгукIэ» зэджэу щыта, нобэкIэ «Адыгэ псалъэ» фIэщыгъэр зезыхьэ газетым и лэжьакIуэ хъуащ, мыгувэуи жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу, иужькIэ жэуап зыхь секретару ягъэуващ.
- ТIымыжь Хьэмыщэ езым фIэфIу къыхиха журналист IэщIагъэм и къару емыблэжу илъэс куэдкIэ ирилэжьащ. «Адыгэ псалъэм» щыщылэжьа лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я лъэпкъ газетищым я къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр гъэхьэзырыным и зэхэублакIуэхэм, унэтIакIуэхэм ящыщ зыт икIи апхуэдэ къыдэкIыгъуэхэм я фIагъхэмрэ я щыщIэныгъэхэмрэ абы куэдкIэ елъытауэ щытащ. ПIалъэ дэкIри, газетым и унафэщI хъуа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къуэдзэу ТIымыжьыр ягъэуващ, а IэнатIэми зэфIэкI хъарзынэхэр щигъэлъагъуэу лэжьащ.
- Журналист IэщIагъэм къыдэкIуэу, ТIымыжь Хьэмыщэ сыт щыгъуи дихьэхырт бзэ, литературэ щIэныгъэхэм. 2001 гъэм абы Мейкъуапэ щыпхигъэкIащ «Хэхэс адыгэ литературэ: и къэхъукIэмрэ лъэпкъ гупсысэкIэмрэ. (Тыркум щыпсэу шэрджэс диаспорэм щыщ тхакIуэхэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм ятха тхыгъэхэм ятегъэщIауэ)» кандидат диссертацэр. 2006 гъэм а къалэ дыдэм щыпхигъэкIащ «Тхыдэмрэ хэхэс адыгэ тхакIуэхэм я художественнэ зэхэщIыкIым и зыужьыныгъэмрэ (зэгъэпщэныгъэ къэхутэныгъэ)» доктор диссертацэр. А лэжьыгъэхэр щыхьэт техъуэрт ТIымыжьыр щIэныгъэми Iэзэу зэрыхэзагъэр, адэкIи абы хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIыфынур. Аращ илъэс 25-кIэ зыщылэжьа «Адыгэ псалъэ» газетыр къигъанэу 2003 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу щIэкIуари. А IэнатIэми япэ махуэхэм щегъэжьауэ зэрыхэгъуэзам и щыхьэту, пIалъэ куэд дэмыкIыу, адыгэ филологиемкIэ къудамэм и унафэщIу ягъэуващ.
- ТIымыжь Хьэмыщэ и лэжьыгъэхэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэр щIэщыгъуэщ, лъэпкъ щIэныгъэр нобэр къыздэсым зыщымыгъуазэу щытахэрщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, иджырей тырку литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, ар зыунэтIа ди хэ- куэгъу тхакIуэхэу Мыдхьэт (Хьэгъур) Ахьмэд, Омер Сейфеддин (Хьэткъуэ), Уйсал (Чынт) Мусэ, Четин Онер (ГъуэгулI), Эргин Гунджер, Осман Челик (Хьэхъуратэ), Аталай (Инэмыкъуэ) Мулид, нэгъуэщIхэми я творчествэр. Адыгэ хэхэс литературэр лъабжьэ яхуэхъуащ щIэныгъэлIым и тхылъ зыбжанэм.
- ТIымыжьым и щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зытриухуа хэхэс литературэм зыкъомкIэ ипсыхьащ абы и художественнэ дуней лъагъукIэр. Лъэпкъым и тхыдэ жыжьэр икIи гуузыр зи тегъэщIапIэ художественнэ зэхэщIыкIым къыпкърыкIащ «Зи нэхэм уафэхъуэпскI къыщIих сулътIан» (Налшык, 2001 гъэ), «Хэхэс дуней» (Налшык, 2004 гъэ) тхылъхэр.
- ТIымыжьым хэлъхьэныгъэ хуищIащ адыгэ романым и зыужьыныгъэр джынми. Абы ехьэлIауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр я лъабжьэу щIэныгъэ статья пщIы бжыгъэхэри къыдэкIыгъуэ зэхуэмыдэхэм къытрыригъэдзащ. 2009 гъэм дунейм къытехьащ «Адыгэ лъэпкъ роман: и тхыдэ гъуэгуанэмрэ художественнэ нэщэнэхэмрэ» (Тхьэгъэзит Юрэ и гъусэу) тхылъыр.
- ЩIэныгъэлIым и зэфIэкI зыбжанэ щигъэлъэгъуащ бзэ щIэныгъэми. Ар хэлэжьыхьащ 2006 гъэм къыдэкIа «Адыгэбзэм къыхыхьа хьэрып псалъэхэр» тхылъым (ПщыхьэщIэ Л. И. и гъусэу), 2013 гъэм къыдэкIа «ЕджапIэхэм папщIэ урыс-адыгэ псалъалъэм» (БищIо Борисрэ Къумыкъу Динэрэ я гъусэу). Апхуэдэуи, абы и нэIэ щIэту къыдэкIащ литературэр, бзэр, тхыдэр къызэщIэзыубыдэ лэжьыгъэ куэд: Хьэщыкъуей Ф. М. и «Шэрджэс (адыгэ) литературэдж щIэныгъэр. Библиографие гъуазэ» (урысыбзэкIэ; редактору; Налшык, 2013 гъэ).
- ТIымыжьым и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къэлъытапхъэщ лIэщIыгъуэ ныкъуэм нэблагъэкIэ лъэпкъым имыIа, КъБЩIКъИ-м къэбэрдей литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр илъэс куэдкIэ зыпэрыта, тхылъитIу зэхэлъ «Адыгэ (шэрджэс) литературэм и тхыдэ» лэжьыгъэшхуэр и нэIэ щIэту (редактор нэхъыщхьэу) къызэрыдигъэкIар (Налшык: япэ тхылъыр — 2010 гъэм, етIуанэ тхылъыр — 2013 гъэм).
- ЩIэныгъэлIым и нэIэ щIэту илъэс къэскIэ КъБЩIКъИ-м адыгэ филологиемкIэ и къудамэм къыдигъэкI «Вопросы кавказской филологии» автор зэхуэмыдэхэм я щIэныгъэ статьяхэр щызэхуэхьэса сборникри лъапIэщ. А тхылъым и къыдэкIыгъуэ куэд ТIымыжьым и нэIэ щIэту къыдэкIащ.
- ТIымыжь Хьэмыщэ и зэфIэкIхэр щхьэзакъуэ унэтIыныгъэм теткъым, атIэ и къэухьри, и зэчийри, и щIэныгъэри лъэпкъым хуегъэлъащэ. ЖытIам и зы щыхьэтщ щIэныгъэлIым и егъэджэныгъэ лэжьыгъэр. НобэкIэ ар КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и кафедрэм и унафэщIщ. А IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ илъэс зыбжанэ фIэкIа мыхъуами, абы зэхилъхьащ студентхэр зэреджэн программэхэр, методикэ чэнджэщхэр, аспирантурэм зэрыщIэтIысхьэн икIи абы кандидат экзамен зэрыщатын программэхэр.
- Хьэмыщэ удэлэжьэну тыншщ, сыт хуэдэ Iуэхуми хэкIыпIэ къыхуегъуэтыф, зи унафэщI гупхэр зэгурегъэIуэф, езыри щапхъэ яхуохъу.
- ТIымыжь Хьэмыщэ дохъуэхъу и гуащIэ и шхыгъуэ ихуэну, гъащIэми и псэм фIэфI лэжьыгъэхэми гу щихуэну!
- ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ,
- филологие щIэныгъэхэм я кандидат,
- КъБЩIКъИ-м къэбэрдей литературэмкIэ
- и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь.