2020-10-20
- Чэрим Марианнэ
- ЛIы иримыкъу
- Роман. Япэ Iыхьэ
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №125-м итщ).
- — Фыкъалъэгъуа?
- — Хьэуэ.
- — Хьэрун-щэ?
- — Сэ езгъэлъэгъуащ, си бзэгум сыхуимытыжу.
- — И лъапэ къыдезгъэшиенукъым, щремыгугъ. Си къуэр фадафэ ищIри кIэбгъу зищIыжауэ. Зыми игу хэмыхьэжу къигъэнащ, зыгуэр хуримыгъэтхауэ си фIэщ хъуркъым.
- Мэржан фадафэ псоми я щхьэгъусэхэр и щIыхуэгъущ, нысэр абыхэм къахэжыжын? ЯлIхэм къакIэрымыхуу «шагъыр фIэкIа емыфэжхэм» я гугъу умыщIмэ. Мыхэр, Дахэзилэ ещхьу, хабзэщIэкъу защIэщ, Мэржан щхьэкIэ зыуагъэукIынущ. Хьэрун хуэдэ тхьэмыщкIэжьхэр къэдыгъуауэ, я напэр зытрахыжу, щIыхуэ къатехуэу, я фызхэр яфIикIыжу ефэмэ, мо гупыр зэгъэпэщауэ, щхьэусыгъуэр наIуэу, Iэнэхэр узэдарэ хъуэхъур лъагэу дэIэбейуэ, зэлIзэфызхэри зэрыгъэгушхуэжхэущ зэрефэр. Гупыр зымыгъэгупу фадафэхэм яхуэпсалъэхэр илъагъу хъуркъым Мэржан. Аркъэ, тутын хуэдэхэр хъулъхъугъэ хуэIухуэщIэщи, уигу темыхуэнумэ, зыIуегъэх. ЦIыхубз дапщэ тхьэусыхакIуэ къыхуэкIуа, сыт хуэдиз къелъэIуа, зыкъыхуэзыгъэткIии къахэкIыу. «Уэ нэхърэ сынэхъ хуэмыхукъым, Мэржан, долажьэ, дошхэж, аркъэ щIыхуэ нумыт!» — ар Зубер и фыз Дахэуэст къыжезыIар. Анэхэр-щэ?! «МафIэм Алыхьым иригъэс мы хьэблэ тыкуэнхэр къэзыгупсысар», — жиIэурэ лIэжащ Фаризэт тхьэмыщкIэ. И къуитхум щыщу щыр лъапсэ зэгуэтым исти, щыми Мэржан и тыкуэным зэфэн щагъуэтырт, и уасэр фызыжьым и пенсым зэрыхагъэкIыжынур ящIэу. Нэхъыжьым езэгъыххэртэкъым, фадэрщ унагъуэ иухуэну Iэмал къезымытар. ФIикIыжахэм я зым зиукIыжащ, езыри жьы мыхъуу лIэжащ. Курытыр и нэхъыжьыгъуэм зэрыпэплъам хуэдизкIэ бгъэдэсакъым фIыуэ илъагъуу къиша нысащIэм. Хьэрун ещхьу, фызри бынри аркъэм IэщIихащ, езыр ныкъуэдыкъуэ хъуащ. Ещанэ нысащIэм сабий куэдыIуэ иIэти, и дыщ щызэгъэнутэкъым. Гыбзэмрэ хъуанэмрэ ящIипIыкIащ и бынихыр. «Сыт-тIэ ефэмэ? АфIэкIа дашэчкъэ цIыхухъум?» — аращ Мэржан хужыIэнур а Iуэхум теухуауэ.
- — КхъыIэ, а иужьрейуэ къэпшам щыщ зы ашык къызэт, и уасэр къыпIэрызгъэхьэжынщ. Щыхьым и тхьэкIумэм ицырхъэмэ, дунейм сытрихужынущ, уощIэ. Машинэ хьэзырым сехъуапсэри зыкъыIуезгъэшащ уи къуэм, — зэхех Хьэрун Дахэзилэ и макъ ешэхар.
- — Иджыпсту къыщIезгъэхынщ, — хьэзырщ Мэржани.
- А псори зэхэзыха щIалэм и анэр къыдэмыхьэж щIыкIэ IуегъэзыкIыжри унэм зыщегъэгувэ. Аркъэ ашыкыр Дахэзилэ хуригъэувэху, и анэр езыми зыгуэрхэр хузэрилъхьэну щIолъэдэж.
- Хьэблэм къыдыхьэжу Дахэзилэ и аркъэ ашыкыр къыщыхурихым, гу лъитащ абы зы птулъкIэ зэрычэмым. Ар езы Хьэрун Iуэхутхьэбзэ уасэу тIысыпIэм къыхутринат.
- 3.
- ДжэгуакIуэхэр
- ЛIымрэ фызымрэ зэмыакъылэгъумэ, ихъуреягъыр сатыритI зэримыщIыкIыу хъуркъым. Хахуэ закъуэтIакъуэ къахэхуэу Iуэхур зэIамыщIапэмэ.
- Щыхьым шахмэт джэгуху, гъунэгъу щIалэм абы и щхьэгъусэр къалэм зэришам нэм къыщIэуэу хэлъыр Хьэрун апхуэдэ хьэл зэримыIэм и закъуэу щытамэ, Бэч къытримыIэтыкIыу щысыфынут, и шахмэт зауэлIхэр игъэбакъуэрэ имыIуэху зэримыхуэу. Ауэ зэрыджэгум IэфIу щIэлъыр зыдэджэгум зэрыхузэгуэпым щIех. Е къыдрихьеяр жреIэри, зыщегъэгъупщэ, е ебзыщIри я зэхуакум блын къыдоувэ. Дауэ и щIыб хуигъэзэн и адэ и ныбжь цIыхуфIым, зэрыцIыкIурэ зыгъэгушхуэм, езыри зыхуэмыгущIыIэм?
- — Мыр сыт, щIалэ, ныщхьэбэ укъытщосхьри, — жеIэ Щыхьым, Бэч иш къишхар игъэтIылъурэ.
- — ТIэкIу уикIуэтми, нэхъыфIщ, зебгъэшхыпэ нэхърэ, — хуэмурэ къыдрешей модрейми жиIэну зыхуейр.
- — Ар тщIэ ди гугъэурэ сабий джэгум дыкъыхэнамэ-щэ?
- — Укъыхэнамэ, шах!
- Щыхьым и набдзэхэр дрегъэуей.
- — Пащтыхь укъысхуэмыхъуат уэри, — хагъэзыхьар, зэрынэщхъыфIэу, и шахмэт тепщэм йопэщэщ, къеIэт, егъэувыж… — КIуапIэ симыIэу ара жыпIэр?
- — Мат!
- — Ы? Уей, укъыстекIуам! — Бэч къызэрытекIуам щхьэкIэ гуфIэрэ и щхьэм щыдыхьэшхыжрэ къыпхуэмыщIэу, Щыхьым и шахмэтыдзэм къыхэнар губгъуэ зэпрыдзым къытрещыпыкIыж.
- — СыптекIуам укъыстекIуэжынщ, — къыфIэмыIуэху хуэдэурэ, иджы дзэ фIыцIэр къытрегъэс Бэч. — Хужьхэм уи насып нэхъ яхэлъми пщIэркъым.
- — Дымызэшмэ аращ, хэт и текIуэ, — мыпIащIэу мэIэбэ Щыхьыми.
- — Хьэрун и шыдыгур дэнэ нэсауэ пIэрэ? Гъуэгум къытемынарэт ахэр.
- — Зыми хигъэзыхьакъым.
- — Фызабэ тхьэмыщкIэр хэт дришеинт къалэм, псапэщ.
- — Сыт абы къибгъэкIыр?
- — Уэ уи къалэнщ абы игъэзащIэр.
- — Сэ зызигъэшэну хуеямэ, сэ къызжиIэнт.
- — Телефоныр къытепхакъым.
- — Къытезмыхамэ, хуэсщIыжынт, сытыт къызыкIэрыхур?
- — Аращ сэри зи Iуэху зесхуэр. Уэ уи щхьэм къыдэбгъэкIуеинуми ухуитщ, дэ сыт ди лажьэр?
- — Зыри уи лажьэкъыми, шахмэт уоджэгури уи пIэ уисщ.
- — Сисщ, ауэ сэращ мыбдеж нэхъыщIэу щысри, къысщыгугъауэ пIэрэ жызоIэри согузавэ, — ауан зыщIэлъ макъкIэ мэпсалъэ Бэч, Дахэзилэ и гукъыдэжхэми, асыхьэтым жиIэр Щыхьым и гуапэ зэрымыхъуми зэремылIалIэр гурыIуэгъуэу. Хьэрун къепщэфыIэ зэрыхъум хуэдэ дыдэу, Бэчи Щыхьым къриутIыпщ псалъэхэм хэщыпыхьыркъым:
- — Жэщу и гугъу сщIыххэркъым. Махуэу нэгъуэщIым и машинэкIэ дэзгъэкIын дэнэ къэна, а къэб гъэвар и щхьэм фIэсIубэри унэм щIэсхуэжат ар, уи пIэ ситамэ.
- — Сытым щыгъуэ а думыгъэкIынур щыдбгъэлъагъунур?
- — Уи къуэм къегъашэ, си деж укъэмысу. Деплъынщ узэрагъэтхьэмадэм.
- — Мат ухуеймэ, мис ар матмэ, — дыхьэшх нэпцI зещI Щыхьым, шахмэтым тепсэлъыхь хуэдэурэ. Асыхьэтым и джэгун гукъыдэжыр фIокIуэдыпэри, зауэлI тригъэсахэр имыгъэбакъуэу, и гъуэншэдж лъапэм йосэбауэ.
- — Къежьэ, уэращ зи кIуэгъуэр.
- Щыхьым джэгуну хуеижкъым. Бэч зыкъызэрыхуигъэмакъыхъури и жагъуэ мэхъу. Ауэ мыпсэлъэн щхьэкIэ, жыIэдаIуэу и лъэсыдзэ хужьым щыщ зы зауэлI нитIкIэ егъэбакъуэ. Модрейми и дзэр кърехужьэри, псывэм къыхалъэфыжа джэдым ещхьу, и дэджэгуэгъум тофыщIыхь:
- — ЩIыщIумыхужар сыт нетIэ, жэщ хъуащ, уи ежьэ къэт, жыпIэу?
- — ЦIыху щыту си напэр зытезбгъэхыжынут?
- — А къызэрыпхущытым напэшхуэ къыуигъэхь уи гугъэу ара? Дэ дыкъыпщхьэщыжынт, зыри щымыту ущемыпсэлъэфкIэ.
- Щыхьым щымщ. Куэдщ жыпIар жыхуиIэу зызэхеуфэ. Ауэ Бэч игу щыпхузэтрихьар здыщIебгъэхыж нэхърэ, уфIэнапэмэ нэхъ къищтэнущ. Къыдрихьеяр къыбжимыIэмэ, уимыгъэпэжу къыщохъу. И щIалагъкIи псори зы бэлагъкIэ зэIещIэ.
- — Уэ ущызыгъауэр пщIэрэ? Сшэчмэ, сыщIалэфIщ, сыцIыху культурнэщ жыпIэу къибджыкIащи аращ а уи тхылъ мышыу къомым.
- — Шыугъэхэм сыт ярытыр?
- — Уемыджэ, жысIэркъым сэ. ГъащIэр уэ къызэрызыфIэбгъэщIым хуэдэу щыткъым. Зыхудэчыхын хуейр цIыхуфIхэращ. Дахэзилэ зыхуейр хуумыщIэмэщ насыпыфIэ щыхъур. Мыр идэркъым, мор идэркъым къыпхужиIэу щIыдэтыр сыт уи гугъэ? «Си лIыр къызэрыффIэщIым хуэдэ дыдэу мыхьэнэншэкъым», — аращ къригъэкIыр. Зымыдэн, къызыфIэIуэхун къелъыхъуэ. Сабийуэ къэбгъэнащ. Мыбы сыхуейщ, мобы сыхуейкъым. Мыр сфIэфIщ, мор сфIэфIкъым. НэгъуэщI зэригъэзахуэркъым. И занщIэр и гъуэгущ. Зыри къезымыщIа си анэм сэ сыщыту хужиIар зэхэпхакъэ? Уэ пфIэфIмэ, шэч, дэ сыт ди лажьэр? Уи хьэр щыпхуэмыгъасэкIэ, епх.
- Жэуапыр псынщIэIуэу къакIуэмэ, узэдауэ хуэдэу мэхъу. Абы хуэмей Щыхьым тIэкIу зрилъэфыхьри, зэреплъыхым хуэдэурэ, хуэм дыдэу жиIащ:
- — ЦIыхум езыр-езыру къыгуроIуэ пщIэ хъунумрэ мыхъунумрэ.
- — Хьэрун, псалъэм папщIэ. Ефэу и фызыр иубэрэжьын зэрыхуейр къыгурыIуэри, и сабийхэр зеиншэу уэрамым диутIыпщхьащ.
- — Ар Хьэрун и закъуэкъым зи лажьэр.
- — Хэт-тIэ?
- — ЦIыхум имыщIапхъэ щищIэм деж, зыгуэрым гугъэ хихыжауэ аращ, — философ макъкIэ ирешажьэ Щыхьым, убэн мурад зэримыIэр наIуэ къищIмэ нэхъ къищтэу.
- — НтIэ, цIыху зыукIам кIэнфет адакъэ къыхуащэхун хуейуэ ара, мэ, афIэкIа уи гур умыгъэкIуэд жаIэу?
- — ЩIэпхъаджащIэм и Iуэхур щхьэхуэщ, ар сымаджэрщ зыхуэбгъэдэнур. Сэ зи гугъу сщIыр ди хъуреягъым хьэл гугъусыгъуу къыщытфIэщIхэрщ.
- — Хьэрун сыт-тIэ гугъэ зыхихыжар?
- — И унагъуэр къришэлIэжыным.
- — Дауэ хъунт?
- — Дахэзилэ илъагъу хъуркъым абы. Сыт уи гугъэ и гъусэу щIыдэжар, бензин хьэху къищтэу? НысащIэм бгъэдигъэхьэн къелъыхъуэ. КIуэ, сыщыуапэми сщIэркъым.
- — Ара зыри щIыжумыIар?
- — Ари хэтщ.
- — Дахэзилэ-щэ?
- — Сыт Дахэзилэ?
- — Гугъэ зыхихыжар?
- — Ааа! ЦIыхум и щхьэ зыхуиумысыжыфыркъым апхуэдэхэмкIэ, дэнэ щыпщIэн?
- — Зыгуэр хуумыгъэфащэу жумыIэ.
- И фызым тепсэлъыхьын хьэл имыIэххэу щыттэкъым Щыхьым, итIани, жысIэн-жызмыIэн жыхуиIэу, занщIэу къритакъым жэуап. Бэчи, имыхьэлу, нэгъуэщIым техьэртэкъым. ЗэрыкIэрымыкIынур гурыIуэгъуэ щыхъум, Дахэзилэ щыгъупщэжа хуэдэ, Щыхьым упщIэм упщIэкIэ къыпэджэжащ:
- — «Лъагъуныгъэ гъаблэгу» жаIэу зэхэпха?
- — КъызгурыIуакъым?
- — ЦIыхухэм фIыуэ зыкъезымыгъэлъагъуфхэм хужаIэ.
- — Къуажэ псор зи IэмыщIэ илъ Дахэзилэ фIыуэ зыкъезымыгъэлъагъуфыр?
- — ФIыуэ укъалъагъунымрэ «фIыуэ удолъагъу» жебгъэIэфынымрэ зыкъым.
- — ГъэщIэгъуэн жоIэм. И хущхъуэгъуэри пщIэрэ?
- — Хьэрун, щапхъэм и хьэтыркIэ, и унагъуэр къыIэрымыхьэжу хъунукъым.
- — Дахэзилэ-щэ?
- — ЦIыхум зифI къекIынур армырами бгъэдэлъщ, и хьэлым ирехулIэ а лъэныкъуэмкIэ кIуэну.
- — Уи фызыр къэджэху, я Iуэхур къагъанэу, мы хьэблэм дэсу хъуар абы зыхуейр хуащIэу псэун хуейщ, ара?
- — Дауэ-тIэ къызэрищIэнур цIыхухэм яхущытын зэрыхуейр? Мис, нетIэ уэ къэбгъэлъеящ…
- — НтIэ, си анэм зэрыхуэпсалъэр сигу тезгъэхуэн хуейуэ арат, зеужь, цIыху сурэтым къохьэ, жысIэу.
- — Хъарзынэу къэбгъэлъеящ, аракъым зи Iуэху зесхуэр. Адэ-анэр пасэу фIэкIуэдащ Дахэзилэ. А фэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэм хуэдэ щыIэххэу ищIэркъым абы, жепIэкIи и фIэщ хъунукъым. Уи анэм укъызэрыщхьэщыжым емыхъуапсэмэ, а зэрыщытым хуэдэу къэнэнущ, здиунэтIыну лъэныкъуэр къыхухэмыхыу.
- — Япэрауэ, адэ-анэр, гува-щIэхами, псоми яфIокIуэд. ЕтIуанэрауэ, езыри анэщ ар, къуэ зэрывиIэр пщыгъупщэжа? Сыт зэран къыхуэхъур зэхъуапсэм ещхь хъуну?
- Ар куэдыIуэт Щыхьым дежкIэ, езым и узхэм фIырыфIкIэ утригъэIэбэнутэкъым.
- — УрагъэкIуэта къудей си гугъати, уадежьууи къыщIокI, — зэIищIар зэригъэзэхуэжыну хуожьэри, аргуэру къуацэкIэ мафIэм хоуэ Бэч. — Мис, уэри укъыщхьэщож Дахэзилэ, сэ си анэм сыкъызэрыщхьэщыжам ещхьу. Ар щхьэ насыпу хуримыкъурэ, жыпIэр пэжмэ?
- — Хуримыкъумэ, икIыжынт, — погуфIыкI Щыхьым.
- — Зыхуей псор ищIэу зэрыхуэбдэм езыри гугъу иригъэхьу, уэри уимыгъэтыншу къысщохъури аращ, армыхъумэ, си Iуэхуу дапщэ хэлъ сэри?
- Бэч икIуэтыж зыщищIым, жэщи махуи зэгупсысым япэу тепсэлъыхьын щIэзыдза езы Щыхьым къызэрыкIащ:
- — Уи адэ-анэм ущемыдаIуэ къыпхуихуэркъэ?
- — Iэджэрэ.
- — Сыт-тIэ ущIамыубэрэжьыр?
- — БашкIэ къызэмыуэми, нэхъ къащтэр сщIэ хуэдэу щытщ сытым дежи.
- — Плъагъурэ, я нэкIэ узоплъыж. Аращ сыцIыхуфIарэт жозыгъэIэр. ФIыуэ плъагъум удоплъей, узыдэплъеин щапхъэ уимыIэмэ, хабзэр Iэпхлъэпх пхуэхъуу аркъудейщ.
- — Сызыдэплъей хъунумрэ мыхъунумрэ дауэ-тIэ зэрызэхэзгъэкIынур?
- — Уигу ирохь.
- — Ар уи фIэщу жыпIэрэ? Щхьэж езым ещхьхэращ игу ирихьри фIыуэ илъагъури. Дахэзилэ, псалъэм папщIэ, дэ тхуэдэхэр игъэпщылI щхьэкIэ, къызыкIэлъижыхьхэр плъагъуркъэ? Мылъку, пщIэ, къару, къулыкъу зиIэхэм якIэлъоIэ, абыхэм захуегъадэ. Ахэращ щапхъэу игъэувыр. Дэ тхуэдэ делэхэр гугъу ебгъэхьыныр емыкIукъым. Зыхуейр зэрыхуэпщIэр псапэ зэрымыхъур сымылъагъутэмэ, сэри сыбылымкъым, зэхэсхащ нэхъыжьхэми цIыхубзхэми ядэIэпыкъун зэрыхуейр.
- — Сыт-тIэ абы и Iэмалу жыпIэр?
- — Зыкъуипщытыху уIурыуэнущ, аращ и Iэмалыр. Уэри аракъэ жыпIэм къикIыр? УIурыуэмэ, уполъэщри цIыхуфэ къуеплъ. Къуиплъмэ, къыбдоплъей.
- — Езым сыт итIанэ укъызэрыщхьэщыкIынур? ФIым къимышэ Iейм къишэркъым.
- — Къэгъанэ, кхъыIэ! Хадэм ухъуанэу узэритыр зыми зэхимых уи гугъэу ара? Мис а уи бампIэр гугъэзагъэу зэ тепкъутамэ, къэпщIэнт къэзышэр фIырэ Iейрэ.
- Щыхьым плъыжь хъуащ.
- — Уи бын игъашхэрэ жылэм ухэгъуащэмэ, сыт иджыри къыпыпхынур? — зигъэгусаифэ къытемыуэн щхьэкIэ, къыпещэ итIани.
- — Мис аращ сэ уэ пхуэзмыдэр! ЩIыбым укъыщигъуэту уигъэуна нэхъей, уи щхьэр ибогух! Къэблэжьар дэпшхыну узэрыхуитым щхьэкIэ, цIыхубз бэлыхьу жызбгъэIэну ара?
- — КхъыIэ, къыспыпхыну узыхуейр жыIэ!
- — Зыри сыхуейкъым, уи унагъуэм хуэдэр зырызщ, Тхьэм уригъэфIакIуэ, — Бэч и макъым ауан зэрыщIэлъыр ибзыщIыркъым. Убзэн хьэл зимыIэ щIалэ жьэрыIэзэм пхуигъэузу утримыдзэжыфынумэ, апхуэдэу узэримыIэтынур ещIэ Щыхьым.
- — Сэ сызэрегупсысымкIэ, — нэхъ мамыру къыпещэ Бэч, — цIыху къэс насыпыфIэну хуейщ, абыкIэ псори дызэхуэдэщ. Иджы сэ насыпыфIэ сыхъун папщIэ, уэ уи дуней Iыхьэм щыщ тIэкIу къыптезмыхыу мыхъунумэ (уэр-уэру къызэптыр псапэщ, абы и гугъу сщIыркъым), ар зэману, ахъшэу, е бензину щрет, а насыпыфIэ сызыщI щхьэусыгъуэм дагъуэ иIэу аращ. ЦIыху хуэдэ цIыхум адрейхэр и насыпым хригъэубыдэфущ щытын зэрыхуейр, езым гъуэгупщIэ имыгъэкIуэдын щхьэкIэ, Хьэрун хуэдэ мэжэщIалIэхэр джэдым хуидзыжыну къэб цIынэкIэ имыгъэлажьэу.
- — Сэ шэ жысIэу селъэIуа, хьэмэрэ хэзгъэзыхьа, зи унагъуэр бэгъуэн? ТIури я щхьэ Iуэху зезыхуэж цIыху балигъщ, — къыщитхъащ Щыхьым.
- Бэч увыIэжами хъунут, ауэ ирихьэжьэIуати, Щыхьым игъэупщIыIуж щIыкIэу, и дамэм теуIуэурэ кIуэцIилъхьэрт:
- — НэгъуэщIыбзэкIэ бжесIэнщ: «Уэ унафэ зыхуэпщIыпхъэ цIыхум цIыхухэр гугъу ирегъэхь».
- — Хъунщ, сыбгъэщIэнур жыIэ? — тесабырэжащ Щыхьым.
- — ПыIэр лъакъуэм къыфIэпхыу щхьэм щхьэрыптIэгъэн хуейуэ аращ.
- — Ы?
- — Уэ уздэщытын хуейм деж уувмэ, ари и пIэ итIысхьэжынущ. Сыт Iуэху ар ныщхьэбэ езыхужьар? Нэху щыху макъамэ къызыщIэIукI а щхьэгъэузыпIэр лэжьапIэу жызбгъэIэну ара?
- — Уэ сыт ар зэран къызэрыпхуэ- хъур, фи унэр дэнэ щыIэ, ар дэнэ щыIэ?
- — Сэ мы уэрамым сытесщ, сылIэжыхуи сытесынущ. Сэ сыщыпсэу уэрамым жэщыку хъуху и унэ щIэмыхьэж цIыхубз щыслъагъуну сыхуейкъым, абы нэхъыжь фIэсщу къыкIэлъызжыхьынуи зызгъэхьэзыркъым.
- — ЛIо, абы къилэжьым сыщыгугъыу сыщысу жыпIэу ара?
- — ЖысIэркъым, си нэкIэ солъагъу зыри къызэримылэжьри, къэблэжьым ирищIэри, абы щекIуэкIри.
- Бэч щIэпсалъэр ягъэпсалъэрти арат. Щыхьым фIэкIа апхуэдиз бзаджэ зытозыгъэтхъуэн хьэблэм дэстэкъым. Хьэрун къыщхьэщыж зищIауэ, и адэ и ныбжь лIы Iэсэм зэредауэм нэмыщIыж, лейзехьэ нэхъыщхьэу игъэува Дахэзилэ къыкIэрымыхуу, асыхьэтым езым цIыхуфIым и жагъуэ ищIырт. Щыхьым къилэжьыртэкъым апхуэдэу уепсэлъэну. Ауэ пщэдей телъыджэкIэ зыщыгугъыж псоми ещхьу, Бэч зэдэIуэжын фIэфIт, хабзэщIэ къежьам тетуи, зыри къезымыщIэжыфыну нэхъыжьхэм заригъэцIыхужыным IэфI щIихырт. Япэрауэ, жиIэ псори хьэблэм къыщрахьэкI защIэти, зэрызахуэм шэч къытрихьэртэкъым. ЕтIуанэрауэ, Дахэзилэ цIыхубзхэм я гуащэу зэрызилъытэжым хуэдэ дыдэу, Бэчи щIалэгъуалэм захуигъэпащтыхьт.
- Нэхъ гъэщIэгъуэныжрати, Щыхьым игъащIэм зытемыпсэлъыхьа и гурыгъухэм теIэбат Бэч. Хуеякъым жыпIэнри щыуагъэт. ЛIышхуэр къыщиуду щIалэм хуэтхьэусыхэн тIэу еплъынутэкъым. Ар и нэгум щIэтт, зыри жимыIэми. Ауэ мызыгъуэгу зыгъэгубзыгъэнкIэ зызыгъэнщIа Бэч кIуэжыныгу зэрыхъуар и макъым къыхэ-щу щIэупщIащ:
- — Нэдгъэсын мыр, хьэмэ?
- — Хьэуэ, куэдщ.
- — Куэдмэ, куэдщ. КъэкIуэжыху дыщIэсыну?
- — И бжэр Iухауэ къэдгъанэ хъунумэ, дыкIуэжынт.
- — Куэбжэр хуэтщIмэ, аракъэ?
- — НакIуэ ди дежкIэ, шей дефэнщ.
- Езгъэлеяуэ пIэрэ жиIэу, зэупщIыжын зымыуха Бэч, Щыхьым зэрызимыхъуэжам гу зэрылъитэу, гуфIащэри и хьэлыжьым техьэжащ:
- — КхъыIэ, «ди деж» жыпIэу си гъын къыумыгъакIуэ.
- — Уэри уэ! — къыфIэмыIуэхуфэу пыгуфIыкIащ Щыхьыми. — ФIыкIэ абы щыгъуэм.
- ЗэгъунэгъуитIым Хьэрун и куэбжэр ягъэбыдэжри, щхьэж и унэкIэ иунэтIащ.
- 4.
- Щыкъу анэ
- Хьэрун къыщыIулъэдэжам и унэ уэздыгъэр кIыфIт. Гъунэгъухэр зэрыщIэмысыжыр гурыIуэгъуэт. Куэбжэшхуэр Iуихщ, машинэр дигъэхьэжри, и анэм хузэрилъхьа гъуэмылэр иIыгъыу унэ нэщIым щIыхьэжащ. Дахэзилэ къыщIихьа къэб тепщэчыр иджыри Iэнэм тетт, зыри емыIусауэ. И хъуржыным илъым йоплъ: нащэ, помидор, дэлэн зыбжанэ, лъэпэд, сабын.
- «И лъапэ къыдезгъэшиенукъым!» Дыбгъэдащ, ди анэ, сыт тщIэн? Дахэзилэ уи деж аркъэ къыщищэхуху, ди ныбэ изу дышхэнщ. Щымыжь ефэркъым, сыт абы аркъэ ашык псо зэрищIынур? Ари и унэм щIихьэжакъым, лэжьапIэм къыщрихащ? «Си Iуэху хэлъкъым», — и щхьэ хужиIэжщ Хьэруни, езым и аркъэ абджыр машинэм къызэрыринар къищIэжащ. Зэ ирелъ. Хьэуэ, къыщIихьэнщ. ЩIэкIри аркъэ абджыр машинэм кърихащ. ФIэзыгъэпщкIуни къыпэзыубыдыни унэм щIэскъым. Ауэ Линэ зэрилъэгъуам абы хуэзэну къигъэбырсеиIуати, зыми емылъэIуу къыIэрыхьа фадэбжьэр ирифыну пIащIэртэкъым. Ефэмэ, яхыхьэу псори зэхигъэзэрыхьыпэнкIэ хъунущ. Емыфэми, зыми зэрызимыхъуэжым и фэр трех. ШхэхукIэ и нэ къыфIэмынэн хуэдэу, аркъэ абджыр щыгъынхэр зыщIэлъ пэшым ихьри дапхъэм тригъэуващ. ЦIыхум и жыпым сом щимылъым деж, къимыщэхуу къыIэрыхьэм мыхьэнэшхуэ ирет. Хьэруни, зыгуэр къыщIыхьэмэ, къеблагъэ жриIэфын хуэдэу, аркъэ абдж псо темычауэ зэриIэм игу хигъахъуэрт. Апхуэдэ щхьэусыгъуэ пхэнжкIэ къызэрыгъуэтыжа и гур пщэфIапIэм къихьыжри, хадэхэкIхэр зэхиупщIэтэн щIидзащ.
- «И лъапэ къыдезгъэшиенукъым!» Ярэби, къыпщIэмынэкIэжыну чэнджэщ зэпхьэлIэ хъун гуэр щхьэ дэмысрэ мы хьэблэм? Щымыжь нэхъыжь фIэпщынущи, и фызым и Iуфэлъафэр къежыхь. Дахэзилэ ущыгугъ зэрымыхъунур щхьэ занщIэу къызгурымыIуарэ? КъызгурыIуамэ, нобэ сахуэзэрэт? Иджыпсту тэджу сыт кIуэ щIэмыхъур ахэр зыщIыхьэжа унэм? Щыкъу анэр къуажэм ехыжами ищIэркъым. Узыпэплъэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхигъэкIынщ, нэгъуэщI мыхъуми. Сыхьэт дапщэ хъуа? Бгъур йокIуэкI.
- АфIэкIа хэмылъу, Хьэрун шейнычым мафIэ щIидзэн папщIэ къищта мафIэдз дестэр игъэтIылъыжщ, къыщылъэтри зытхьэщIыпIэм щIэлъэдащ. Зимыупсми, ягъэ кIынкъым. И щхьэцыр ижьри, и щыгъыным еплъыжащ. Джанэ къабзэ иIэу пIэрэ? Мис, зыгуэр къигъуэтащ, ауэ упIышкIуащ. Iуэхукъым, и къалэн къызэрыпэплъэр ирелъагъу. Аркъэ абджыр къоплъэри дапхъэм тетщ. Унэм щIэмыкIмэ, зэрефэнум шэч хэлъкъым. КIуэрэ щIимыгъэхьэмэ-щэ? Зэ абы дынэгъэс. ГупсысапIэ зримытыжу, Хьэрун щIэкIщ, машинэм зридзэри ЩихумэзкIэ дригъэзеящ.
- ЗанщIэу къигъуэтыжащ Линэ здыщIыхьэжа унэ зэтетыр. Ауэ дэтхэнэ къатрами ищIэркъым. Мес, догуэ, щIалэ гуэр щIохьэж.
- — Сэлам алейкум! Уа, ди къуэш, мыбы къэIэпхъуагъащIэу нысащIэ гуэр щопсэу сабиитI дэщIыгъуу, умыцIыхуу пIэрэ?
- — Япэ къатрауэ къысфIощIыж, ауэ мыращ жысIэу схужыIэнукъым.
- — Упсэу.
- ГъущIыбжэ щIыху, фIыцIэ. БжитI къудейщ хэлъыр япэ къатым. Зыр щымщ, адрейм телевизор макъ къыщIоIукI. Уэзджынэр егъаджэ. Бисмиллахь! Ялыхь, къыздэгъэпсынщIэ!
- IункIыбзэIух Iэуэлъауэ.
- — Хэт ар? — Хьэрун щыкъу анэм и макъыр къицIыхужащ.
- — Сэращ, ди анэ!
- — Хэт жыпIа?
- — Сэращ, Хьэрунщ!
- Бжэр Iуехри бжэщхьэIум щыкъу анэр къытоувэ.
- — А, Хьэрун, си щIалэ цIыкIу! Къеблагъэ, фIыгъуэр зыхуищIэн!
- Хьэрун фэтэрым щIэбакъуащи, и щыкъу анэм сэлам зырыримыгъэхыу, IэплIэешэкIкIэ, и дамэм къытелъэщIыхьурэ пэшымкIэ щIешэ.
- — Дауэ фыщыт? Мэржан сыт и узыншагъэ?
- — Хъарзынэщ, фэ дауэ фыщыт?
- — Дэри дыIейкъым, Алыхьым и фIыщIэкIэ. Уи бынунэм сакъыхыхьауэ я щхьэ изогъэужэгъу.
- Нэхужьэ и малъхъэм зэрыщыгуфIыкIым гъунэ иIэтэкъым. Ефа хуэдэкъым. Линэ дауэ къыщыхъуну пIэрэ? Малъхъэмрэ и пхъумрэ илъэс хъуауэ зэрызэпэIэщIэр гъащIэм хэмытыххам хуэдэу, гуапэрэ гумащIэу къепсалъэрт щыкъу анэр Хьэрун. А лъэбакъуэ гугъур зыхуей хуэзэу здача нэужь, хьэщIэр тегушхуэри, сабийхэм ящIэупщIащ:
- — Дэнэ щыIэ зэраншухэр?
- — Моуэ щIэбэкъукIа къудейщ я анэр я гъусэу. Шоколад тегъэлъэдауэ джэдыкIэ гуэр ящэрэ, и цIэри, Алыхь дыщэ, сымыщIэж.
- — Киндер?
- — Упсэу, аращ. НтIэ, ар къысхуумыщэхумэ, сыпхуэжеинукъым жиIэри, а уэ пщIэ уи къуэр къытехьати, пщэдджыжь сызэрыкIуэжыну гъуэгупщIэм къыкIэрысчри щIэзгъэкIащ. КъуэгъэнапIэм къуэт тыкуэнращ здэкIуар, я Iэуэлъауэ зэхэсх си гугъэщ.
- Нэхужьэ щыуэртэкъым. ДжэдыкIэ гъэжа къызыхуащэхуа щIалэ гъэфIэным и тыгъэр IэщIэлърэ псом япэ иту, хъыджэбзым анэм и Iэпэр иIыгъыу къызэрыщIыхьэжыр хьэщIэщыбжэ игъэузэщIыкIам ирегъэлъагъу Хьэрун. Бетэмал, IэнэщIу къэкIуэн хуеякъым. Абы щхьэ емыгупсысарэ? Сабийхэм яхуигъэтIылъа тIэкIур къыщыгъупщащ.
- Мазэ бжыгъэ хъуауэ зэрымылъэ-гъуа зэщхьэгъусэхэр Iэнкун хъуным хунамыгъэсу, сабиитIыр адэм ежэлIащ. Хьэруни Линэ имыгъэукIытэмэ, нэхъ къищтэу, и куэщIым зыкъизыгъэзэгъа и пхъум доуэршэр.
- — Папэ, сыт къысхуэпхьар? — адэм и саугъэтхэм еса хъыджэбз цIыкIум и IитIым Хьэрун и натIэм къыщригъэжыхьурэ къоупщI.
- — Адыгэ фащэ щыгъыу гуащэ къыпхуэсщэхуат, ауэ и бостейр кIыхьышхуэти машинэм къихуэнутэкъым. УнэкIуэжмэ, плъагъункъэ?
- — Сытым щыгъуэ дыщыкIуэжынур?
- — СщIэркъым иджы ар.
- — Мамэ, кхъыIэ, пщэдей садикым сумышэу папэ деж дыгъэкIуэж.
- Линэ и макъыр къимыгъэIуну Iэмал иIэжтэкъым.
- — Хъун, мамэ?
- — Деплъынщ.
- — Мыдэ сэ шей тезгъэувэнщ, — жиIэри, Нэхужьэ пщэфIапIэмкIэ ежьащ, сабиитIри анэшхуэм и ужь иуващ.
- — Нанэ! Папэ гуащэ къысхуищэхуащ адыгэ фащэ щыгъыу.
- — ИIэ-тIэ, уэри шей яхуэщIи егъафэ папэрэ мамэрэ.
- ИлъэсиплIым ит хъыджэбзыфIыр зыхуеиххэрати, нанэ дэIэпыкъун щIидзащ. ЩIалэ цIыкIуми Iэуэлъауэ нэхъыбэ здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ жэм, хьэщIэщым къигъэзэжурэ къыздижыхьым, джалэу къэтэджыжыху зыкъытезыIэтыкI Хьэрунрэ Линэрэ зэжьэхэуэным зымащIэщ иIэжар. Анэр адэм щызыгъэмэхъашэ щхьэусыгъуэхэр зэщIищыпэн мурад иIэм ещхьу, щIалэ цIыкIур я зэхуакум зэрыщыуфэразэм тIуми я гукъыдэжым зыкъригъэIэтащ.
- Нэхужьэ ищIэр ищIэжырт. Апхуэдиз Iуэху зэхэзэрыхьам пхъумрэ малъхъэмрэ зэпсэлъапIэ хуит къазэрыхуимыхуэрэ Iэджэ щIат. Мэржан къуэрылъхухэр и деж ишэурэ игъафIэ зищI щхьэкIэ, къуэмрэ нысэмрэ зэхуэзэмэ зыфI, зэхуэмызэмэ фIитI жыхуиIэм ещхьу, зэригъэкIужын Iуэху зэрихуэртэкъым. ИкIыжа псори къуаншэкъэ? Къарууншэ псори псэукIэмыщIэкъэ? И къуэри зришэлIэжыркъым, теплъхьэр зи хьэлъэ нысэри фIым щимыгъэгугъыу псалъэ къыхурегъэхь.
- Езы Нэхужьэ апхуэдэтэкъым. Абы ипхъу закъуэм и насыпыр зэрыбгъунлъар игу къеуэ къудейкъым. Аркъэм зэрыпэмылъэщырщ, армыхъумэ и малъхъэр зэрыщIалэ хъарзынэр къыгуроIуэ гъащIэ зыгъэунэхуа нанэ щабэ цIыкIум. Уеблэмэ, щIалэр анэм и сату мыхъумыщIэм пэIэщIэ ищIын папщIэ, щIыпIэ жыжьэ кIуэмэ нэхъыфIу пIэрэт щыжиIи къыхуохуэ. Ауэ, плъагъурэ, Хьэрун къуажэдэсщ. Хадэм, пщIантIэм тепчмэ, мо IэщIагъэ хэха здимыIэм, и гур фIэкIуэду дэхуэхыпэнри Iуэхум хэлъщ. Гуи якIуэцIылъ иджырей щIалэгъуалэм. Фадэр IэмыщIэ фоуэ къозыгъэщтэжын дапщэ щыIэ.
- Нэхужьэ къыхуэнэр сыт щыгъуи къэзыгъэпэж и нэмэзхэрт. Жэщым узыщIэлъэIум и лъэужь махуэм щыхэплъагъукIым деж, Iуэхум и кIуапIэм гу лъотэ. «Я насып зэхэкIакъым, я бын Алыхьым здригъэпIыж», — ахэр и щхьэ хужиIэж хуэдэурэ, шейщIэтхэр зэрихырт щыкъу анэ гу къабзэм, ауэ зэпсэлъапIэ яритын щхьэкIэ, шейр къыщIихьэну пIащIэртэкъым.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).