ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2020

Урысеймрэ Белоруссиемрэ я ЩIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм  и VII зэхыхьэм Iэ щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ  Беларусь Республикэмрэ  зэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм

2020-10-01

  • Белоруссиемрэ Урысеймрэ я ЩIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм и VII зэхыхьэм и пленарнэ зэIущIэм къриубыдэу фокIадэм и 29-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iэ тридзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Беларусь Республикэмрэ я правительствэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызэдэлэжьэнур щыубзыхуа зэгурыIуэныгъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КIуэкIуэ  Казбек  «РусГидро»-м  и  унафэщI  Шульгинов  Николай  IущIащ

2020-10-01

  • ФокIадэм и 29-м Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «РусГидро» компанием и Правленэм и унафэщI — и генеральнэ директор Шульгинов Николайрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2020-10-01

  • Ди нэхъыжьыфIхэр
  • КЪУЩХЬЭ Iэмырхъан: ЦIыху лэжьакIуэр фIыуэ солъагъу
  • Зэрысабийрэ и лъым хэпщауэ, Къущхьэ Iэмырхъан къогъуэгурыкIуэ цIыху къызэрыгуэкIыу. ЧэнджэщкIи IуэхукIи зыкъыхуэзыгъазэхэм защидзейуэ и хьэлкъым, зэрыхузэфIэкIкIэ защIегъакъуэ, лей къызытехьэм къыщхьэщож. Къулыкъушхуэ щиIыгъа зэманми и дуней тетыкIэм зихъуэжауэ щытакъым абы: «сыминистрщ» жиIэу и мыхьэл къищтакъым. ПцIыIуэпцIыши, щхьэхуещи, цIыхугъэ, адыгагъэ зыхэмылъри хьэсэгъу хуэхъунукъым. Iыхьлыр, благъэр, ныбжьэгъур зэи IэщIыб ищIыркъым. КIуэ, аракъэ, игури и псэри фIы щIэным, дахагъэм, пэжыгъэм хузэIухауэ, «ярэби, цIыхум хэлъыпхъэ хьэлыфI псори мыбы и деж щызэхуэмыхьэсауэ пIэрэ» жыпIэу, и гъащIэ Iыхьэр ирехьэкI…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ

2020-10-01

  • Гъэсэпэтхыдэхэр
  • УпщIищрэ жэуапищрэ
  • Пщышхуэм зыпхъу закъуэ иIэт, жаIэ. Зэреджэри Гуащэдыгъэт. Жаныр и анэм нэхърэ нэхъ дахэт, и адэм нэхъри нэхъ Iущт. Ар дунейм къытехьа нэужь, «дыгъэр къыщIэкIащ» жаIэрт цIыхухэм. А Гуащэдыгъэм щIалищ къыщIэупщIэрт, щыри пщы щауэ защIэу.
  • Зы махуэ гуэрым жаныр мэракIуэщыпэ кIуауэ, щIалищыр къыпоув:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Фащэм  и  гуащэ,  жьэгум  и  гупсэ

2020-10-01

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ дахэ иIэу фокIадэм и 28-м Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ дэрбзэр Iэзэ ХьэцIыкIу Мадинэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Фащэм и махуэм ирагъэхьэлIа а Iуэхум музейм и пэшым щызэхуишэсат лъэпкъ фэилъхьэгъуэ телъыджэм — адыгэ фащэм — и дахагъэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр, Мадинэ и IэпэIэсагъэм къигъэщI лэжьыгъэхэм ящIэлъ щэхумрэ абыхэм къытхуаIуатэ гупсысэ куумрэ нэсу къызыгурыIуэхэр, бзылъхугъэм и гуащIэм дихьэххэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Борэн ФуIэд пашэ хъуащ

2020-10-01

  • Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэр. Ди республикэм и егъэджакIуэхэри жыджэру дапщэщи хэтщ а зэхьэзэхуэм, ябгъэдэлъ щIэныгъэ куумрэ зэфIэкI лъагэхэмрэ къагъэлъагъуэу. Зэпеуэм и щIыпIэ Iыхьэр зэфIэкIри, районхэм нэхъыфIу къыщалъыта егъэджакIуэхэр иджыблагъэ хэтащ абы и щIыналъэпсо Iыхьэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Жэпуэгъуэм екIуэкIыну  зэIущIэхэр

2020-10-01

  • Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и
  •  
  • Япэ гуп
  •  
  • Ебгъуанэ джэгугъуэ
  • Жэпуэгъуэм и 3 (щэбэт)
  • «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ)
  • Жэпуэгъуэм и 4 (тхьэмахуэ)
  • «Краснодар-3» (Краснодар) — «ТIуапсы» (ТIуапсы)
  • «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) – «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол