Нартан зэхуешэс
2020-10-20
- Урысей Федерацэм шы спортымкIэ и зи чэзу чемпионат жэпуэгъуэм и 18-м ди республикэм щекIуэкIащ.
- УФ-м Шы спортымкIэ и федерацэм и нэIэ щIэту къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэр, Нартан къуажэм и Iэгъуэблагъэм щызэхашар, IыхьитIу гуэшати, зым урысейпсо, адрейм къэрал зэхуаку мыхьэнэ яIэт.
- Зэпеуэм хэта шыхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, 80-м нэблагъэрт. Ахэр зы махуэм къриубыдэу къыщагъэжащ (зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу) километр 40, 80, 100, 120-рэ, 160-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэм.
- КъызэгъэпэщакIуэхэр щыхьэт зэрытехъуащи, иджырей зэхьэзэхуэм кърашэлIа шыхэмрэ ахэр къэзыгъэжа шууейхэмрэ я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэт зи гугъу тщIы спорт лIэужьыгъуэмкIэ ди къэралым щрагъэкIуэкIа адрей зэпеуэ псоми хэтахэм нэхърэ.
- Зэхьэзэхуэм кърикIуамрэ кърихьэлIахэм дазэрепсэлъамрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.