Сабий 60 щIэхуэну
2020-10-20
- Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмыса сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ди республикэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей жылэм дэт курыт школ №1-м и нэIэм щIэту къыщызэIуахащ цIыкIу 60 зыщIэхуэну сабий гъэсапIэщIэ. Абы иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ щIыналъэм и унафэщIхэр, абы щылажьэ еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
- Зи ныбжьыр мази 2-м къыщыщIэдзауэ илъэси 3-м нэс хъу сабийхэм папщIэ яухуа гъэсапIэм щыгуфIыкIар ар зыхуащIа цIыкIухэм я закъуэкъым. Жылэм къыдэхъуэ щIэблэщIэм тыншыпIэ яхуэхъуну а IуэхущIапIэр мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ ухуэныгъэщ, сыту жыпIэмэ Ислъэмейм дэс цIыхухэм я бжыгъэм иужьрей лъэхъэнэм хэхъуащ. Иджыпсту къуажэм щопсэу цIыху 12001-рэ.
- ГъэсапIэр зэпэщщ унэлъащIэ екIухэмкIи, жеипIэ тыншхэмкIи, джэгупIэ гъэщIэгъуэнхэмкIи, зытхьэщIыпIэ хуитхэмкIи. Сабийхэр махуэм щэ ягъэшхэнущ, шэджагъуэм ягъэжеинущ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр гупжьейхэм щыдрагъэкIуэкIынущ. ЖыпIэнурамэ, сабий садым щыIэ Iэмалхэр мардэ псоми хуокIуэ. Къыхэдгъэщынщи, Ислъэмей жылэм илъэсым и пэщIэдзэм къыщызэIуахауэ щытащ сабий 40 зэкIуалIэ гъэсапIэ. Ар курыт школ №4-м и нэIэм щIэтщ.
- Къызэхуэсахэм а гуфIэгъуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур. Жылэдэсхэм садыр угъурлы яхуэхъуну ехъуэхъуа нэужь, абы фIыщIэ яхуищIащ ухуэныгъэр къызыхуэтыншэу зэфIэзыха лэжьакIуэхэми.
- ГуфIэгъуэр я уэрэдхэмрэ усэ цIыкIухэмкIэ ягъэдэхащ жылэм дэт адрей сабий садхэм я гъэсэн сабийхэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.