ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псэ  къулей  зиIа  ТекIуий  Анатолэ

2020-10-20

  •  Адыгэхэр дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэхэм ящыщщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ ТекIуий Анатолэ Кушбий и къуэр. Къэралми лъэпкъми яхуэщхьэпэ Iуэху куэд зэфIэзыха, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди щIыналъэм, Урысейм я мызакъуэу хамэ щIыпIэ куэдми къыщацIыхуа къэхутакIуэ Iэзэр, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкIа еджагъэшхуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 90 ирокъу. ТекIуий Анатолэ бгъэдэлъа зэфIэкIымрэ иригъэкIуэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я мыхьэнэмрэ лIэщIыгъуэхэм доин, добагъуэ.

  • ТекIуий Анатолэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм 1930 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм къыщалъхуащ. Зи сабиигъуэмрэ балигъ хъугъуэмрэ Хэку зауэшхуэмрэ абы къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэ хьэлъэмрэ хиубыда ныбжьыщIэм пасэу зыхищIащ гъащIэм и гугъуехьхэр. Анатолэ жиIэжу зэрыщытамкIэ, а зэман гущIэгъуншэм и нэгу щIэкIа насыпыншагъэхэм ар къезыгъэлар тхылъ еджэныр фIыуэ илъагъуу зэрыщытаращ. Бийр Псыгуэнсу 1943 гъэм и пэщIэдзэм дахужа нэужь, зи адэр зэуапIэм Iут щIалэ цIыкIур, адрей и ныбжьэгъухэми хуэдэу, и анэм и гъусэу губгъуэм дэкIырт, махуэм къилэжь Iыхьэ ныкъуэм хуэкIуэу хьэлIамэ ныкъуэ кърату.
  • Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэ инымкIэ иухыу, мамыр гъащIэр республикэми къэралми щызэтеувэжа нэужь, Налшык къыщызэIуахауэ щытащ лъэпкъ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынмкIэ щIэгъэкъуэн хъуну зыщыгугъ школ-интернатыр. Къуажэм дэт школым пэщIэдзэ щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэр а интернатым и 9-нэ классым щIэтIысхьащ икIи нэхъыфI дыдэхэм халъытэу еджэныр ирихьэкIащ, ар дыщэ медалкIи къиухащ. АдэкIэ Анатолэ 1948 гъэм щIэтIысхьащ Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым тхыдэмкIэ и факультетым. Зэрихабзэу, адыгэ щIалэм студент илъэсхэри купщIафIэу ирихьэкIащ. А илъэсхэм ирихьэлIащ ТекIуийм и япэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. Ахэр я лъабжьэ хъуащ еджагъэшхуэм нэхъ иужьыIуэкIэ зызрипщыта щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэм. Диплом плъыжькIэ МКъУ-р къэзыуха Анатолэ, и егъэджакIуэхэм я чэнджэщкIэ, бгъэдэлъ щIэныгъэм щыхигъэхъуащ а еджапIэ нэхъыщхьэм и аспирантурэм. Абы щIэтIысхьэну хуей цIыху 44-м ящыщу къащта цIыхуи 8-м яхэхуат ар, и насып къикIри.
  • Аспирантурэр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха ТекIуийм щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ икIи КъБКъУ-м и тхыдэ факультетым ирагъэблэгъащ. ТхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьу лэжьэн щIэзыдза Анатолэ зыкъигъэлъэгъуащ гупсысэ шэщIа зиIэ щIэныгъэлIу. Илъэс 50-м нэблагъэкIэ Анатолэ студентхэм я пащхьэ лекцэ купщIафIэхэм къыщеджащ икIи зэи къэхъуакъым абы иригъаджэхэм щIэ гуэр, щIэщыгъуэ ящыхъун гуэр яжримыIауэ. ТекIуийр зыцIыхуу щытахэм: езым къыдеджахэми, къыдэлэжьахэми, иригъэджа студентхэми — псоми ар ягу къинэжащ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ, цIыхугъэ инрэ зэхэщIыкIышхуэрэ зыхэлъа цIыху щыпкъэу.
  • Университетым зэрыщригъаджэм нэмыщI, ТекIуийм и щIэныгъэр ялъэIэсырт ди щIыналъэм щылажьэ курыт школхэм тхыдэр щезыгъэдж IэщIагъэлIхэм. Ар лекцэ къыщеджэрт егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым, школ лэжьакIуэхэр зыгъэпIейтей упщIэхэм жэуап купщIафIэхэр яриту, тхыдэм хэлъ Iуэху щхьэхуэхэм нэхъ куууэ яхутепсэлъыхьу. ТекIуийр апхуэдэу лекцэ къахуеджэну ирагъэблагъэрт парт, къэрал къулыкъущIэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсхэм щIэсхэми, марксизм-ленинизмэм и университетым и пщыхьэщхьэрыеджэ IэщIагъэлIхэм я дежи. Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм я фIыгъэкIэ зи цIэр жыжьэ Iуа еджагъэшхуэр мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ Ташкент, Тифлис, Тэн Iус Ростов къалэхэм дэт къэрал университетхэм, абыхэм щIэс студентхэм лекцэ къахуеджэну. Къэхъуащ ар езым къиуха Моска къэрал университетым ираджэу абыи пIалъэ кIэщIкIэ щыщылэжьаи. Сыт хуэдэ щIыпIэ, еджапIэ мыкIуами, Анатолэ, зэрихабзэу, иригъаджэхэм я пащхьэ иувэрт, къыпэщылъ псалъэмакъым нэсу хуэхьэзыру. Зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ а цIыхум фIыуэ зыхимыщIыкI Iуэхугъуэ хэмытми ярейт дунейпсо тхыдэм.
  • ТекIуийм иригъэджахэу КъуэщIысокъуэ Александр, Шэрджэс Анатолэ, Коновалов Андрей, Борэ Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэми зэрыжаIэжымкIэ, абы тхыдэмкIэ и лекцэхэм къызэщIаубыдэрт философиери, литературэри, гъуазджэри, уеблэмэ архитектурэри, апхуэдизу абы и лекцэхэр хьэлэмэтт икIи купщIафIэти. Ауэ щыхъукIи абы и зыIыгъыкIэм зыгъэщIагъуэ, фIэрыщIагъ лъэпкъ хэлътэкъым. Апхуэдэу абы и псэлъэкIэм хэбгъуэтэнутэкъым студентхэм гурыIуэгъуэ ящымыхъу е нэхъ хэIэтыкIауэ щыт псалъэ гуэрхэр. Тыншт икIи студентхэм гупсэхугъуэ къезытт «Профессор» цIэмкIэ зэджэ а еджагъэшхуэм и лекцэхэр. Кафедрэм къиувэу игъэхьэзыра тхылъымпIэ гуэрхэм къеджэу аратэкъым Профессорыр, атIэ зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр дэтхэнэми зэрагуригъэIуэным хущIэкъуу, иригъаджэхэм я нэм щIэплъэурэ епсэлъылIэрт. Сыт хуэдэ упщIэ яIэми, и жэуап купщIафIэри хьэзырт.
  • КъБКъУ-м и «Университетская жизнь» газетыр къыдэгъэкIыным теухуа жэрдэмыр зейр ТекIуий Анатолэт. Университетым и парткомым и зэIущIэхэм ящыщ зым ар щытепсэлъыхьауэ щытащ «Московский университет» газетым МКъУ-м и егъэджакIуэхэми студентхэми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм икIи къыхилъхьауэ щытащ апхуэдэ къыдэкIыгъуэ ди еджапIэ нэхъыщхьэми иIэну зэрыигъуэм епха и гупсысэхэр. А лъэхъэнэм ди университьетым и ректору щыта Бэрбэч ХьэтIутIэ гунэс щыхъуащ щIалэщIэм къыхилъхьа жэрдэмыр икIи газетым и къызэгъэпэщыныр ТекIуийм пщэрылъ хуищIащ. Анатолэщ «Университетская жизнь»-м и япэ редактору щытари. Зэман кIэщIым къриубыдэу газетыр хъуащ егъэджакIуэхэми студентхэми я ныбжьэгъу пэж, еджапIэ нэхъыщхьэм щекIуэкI гъащIэр лъэныкъуэ псомкIи къэзыгъэлъагъуэ къыдэкIыгъуэ хьэлэмэт. Университетым и студент щIэблэ куэдым гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуащ ТекIуийм «гъащIэ зрита» газет купщIафIэр.
  • Апхуэдэу щызу, къызыхуэтыншэу зэфIих егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу ТекIуийм дапщэщи иригъэкIуэкIырт щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэри. Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэм епха щIэныгъэ лэжьыгъи 100-м щIигъу и къалэмыпэм къыпыкIащ абы. 1972 гъэм Анатолэ утыку ирихьащ пщIэшхуэ зиIа и доктор диссертацэр. И кандидат лэжьыгъэри а диссертацэри теухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэмрэ областхэмрэ коллективизацэр щекIуэкIауэ зэрыщытам.
  • ТекIуийр хуэнабдзэгубдзаплъэт щIэныгъэм дихьэх щIалэгъуалэми. IэщIагъэлI ныбжьыщIэ куэдым гъуэгугъэлъагъуэ, унэтIакIуэ яхуэхъуащ профессор Iэзэр. ТекIуийм и нэIэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ кандидат, доктор диссертацэхэу пщIы бжыгъэхэр. Ахэр ятеухуащ ди щIыналъэм и тхыдэ блэкIам и напэкIуэцI зэмылIэужьыгъуэхэм. Езы еджагъэшхуэм хуабжьу и нэ къикIырт и диссертацэхэм «Iэхъулъэхъу имылъу» зэ хэплъэжыну, и гупсысэхэр зэрыхуейуэ иубзыхужыну. А хъуэпсапIэр къехъулIат абы, «Донымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я тхыдэр» (2004 гъэ) лэжьыгъэшхуэм и Iыхьэ щитхам щыгъуэ. А тхылъыр дунейм къытехьауэ илъагъуну хунэсакъым ТекIуийр. 2003 гъэм ар дунейм ехыжащ.
  • Псэ къулей зиIа цIыхут ТекIуий Анатолэ. Сыт хуэдэ зэмани абы и щIыбагъ къыдэтащ и унагъуэ дахэр: и щхьэгъусэ журналист цIэрыIуэ АфIэунэ Раерэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) и бынхэу Мадинэрэ Маринэрэ, и благъэфIхэр, пхъурылъху IэфIхэр. Бынми абыхэм къащIэхъуэхэми ноби ящыгъупщэркъым я нэхъыжьыфIхэр, щапхъэрэ гъуазэу гъащIэм щаIа Анатолэрэ Раерэ. Апхуэдэ цIыху щыпкъэхэр, зи гъащIэри лэжьыгъэхэри къэралми лъэпкъми яхуэщхьэпэу псэу хэкупсэхэр, гъуэгугъэлъагъуэу зиIэ щIэблэми я насыпщ.
  • ТекIуийхэ я унагъуэр. 1968 гъэ

  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.