ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iущхэмрэ   Iущыцэхэмрэ  утыку   къохьэ

2020-10-20

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIадзащ «Iущхэр» программэм ипкъ иткIэ екIуэкIыну зэпеуэм хэтынухэр къыщыхах лэжьыгъэм.

  • «ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я инновацэ проектхэр» фIэщыгъэр зиIэ, студентхэм, аспирантхэмрэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэмрэ я VIII урысейпсо конференцым хэтынухэр къыхатхыкI. Абы и мурад нэхъыщхьэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм дахьэх щIалэгъуалэ зэчиифIэхэм дэIэпыкъунырщ, абыхэм къыхалъхьэ Iуэху еплъыкIэщIэхэр пхыгъэкIынымкIэ сэбэп яхуэхъунырщ. Зэпеуэр Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ екIуэкIынущ. Абы къызэщIиубыдэну унэтIыныгъэхэр: физикэ, математикэмрэ информатикэмрэ, химиемрэ материалхэм епха щIэныгъэхэмрэ, биологиемрэ экологиемрэ, медицинэ, хъыбарегъащIэ технологиехэмрэ къызэрабж техникэмрэ, машиноведение, инженер механикэ.
  • 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 15-м нэсыху Iахынущ конференцым щащIыну я мурад докладым и тезисхэр. Дыгъэгъазэм и 9-м яублэнущ щIэныгъэ зэхуэсым хэтынухэр ятхыу. Дыгъэгъазэм и 19 — 20-хэм конференцыр екIуэкIынущ. Ар зэхуащIыжынущ дыгъэгъазэм и 20-м.
  • ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэхуэсым хэтыну гукъыдэж зиIэхэм абы теухуа лъэIу тхылъ щэкIуэгъуэм и 10-м нэмысу хуагъэхьын  хуейщ къызэгъэпэщакIуэ гупым. Апхуэдэу къыщапсэлъыну я мурад тхыгъэри къызэгъэпэщакIуэхэм хуагъэхьын хуейщ дыгъэгъазэм и 1-м нэмысу. А тхылъхэр ебгъэхь  хъунущ [email protected] электрон пощтым. Апхуэдэу ягъэхь хъунущ мы хэщIапIэм: 360004, КъБР, Налшык, Чернышевскэм и цIэр зезыхьэ уэрам, 173, КъБКъУ, корпус нэхъыщхьэ, 255-нэ пэш.
  • Конференцым хэтынухэм абы щыхьэт техъуэ зэрырагъэблагъэ тхылърэ зэхуэсым и программэрэ я электрон адресым хуагъэхьынущ дыгъэгъазэм и 15-м нэмысу.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.