ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 Хэкупсэ  нэсхэр  щагъасэ  щIыпIэ

2019-07-09

  • Хабзэ хъуащи, цIыхухэм хьэщIагъэ дахэ ехынымкIэ цIэрыIуэ хъуа ди республикэм гъэмахуэ къэс къытхуоблагъэ зи узыншагъэр езыгъэфIэкIуэну, зи нэгу зезыгъэужьыну хуей куэд. Мыгъэрей апхуэдэ хьэщIэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыпIэхэм щылажьэ «ЛIыхъужьхэр» сабий лагерым зыщыгъэпсэху ныбжьыщIэхэр. Ахэр Москварэ Москва областымрэ къикIащ.

  • Сабийхэм я гупсысэм зезыгъэужь «ЛIыхъужьхэр» хэкупсэ проектыщIэм и цIэр зыфIаща лагерым щыIэнущ зи ныбжьыр илъэси 10 — 17 хъу щыхьэрдэс ныбжьыщIэ 200-м щIигъу. Лагерыр пIалъи 4-кIэ зэщхьэщыхауэ лэжьэнущ. Мы зэманым абы зыщагъэпсэху езанэ пIалъэм щыIэну зи насып къикIа ныбжьыщIэхэм.
  • ПроектыщIэр гъащIэм щыхапщэ щIыналъэхэм ди республикэр зэрыхэхуам щогуфIыкI ди щIыпIэм и унафэщIхэр. КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэмал псори щыщыIэщ сыт хуэдэ проект хьэлэмэтри нахуа- пIэ щыпщIыну. Абы Iуэхум хилъагъуэ фIыхэм ящыщщ ди щIыналъэм теухуа хъыбарыфIхэри сабийхэм зэрызэхахынур, ди цIыхухэм, хабзэхэм, щэнхабзэхэм абыхэм гъунэгъуу щыгъуазэ зэры-зыхуащIыфынур.
  • Лагерыр зэрылажьэрэ зы тхьэмахуэ хъуауэ аращи, а махуэхэр сабийхэм я дежкIэ купщIафIэу, Iуэху хьэлэмэтхэмрэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ. ЯпэщIыкIэ ахэр хуагъэсащ бгым зэрыдэкIуеифыну Iэмалхэм, абы щхьэкIэ Iэмалыншэу убгъэдэлъын хуей щIэныгъэри иратащ. ИужькIэ ныбжьыщIэхэр МЧС-м и къегъэлакIуэхэм      я гъусэу Iуащхьэмахуэ и джабэхэм ящыщ зым дэкIуеящ. Тенджызым нэхърэ километри 4-кIэ нэхъ лъагэ щIыпIэм нэса нэужь, абы-хэм къегъэлакIуэхэм нэрылъагъу къыщащIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэм бгым щихуа цIыхухэр гузэвэгъуэм къызэрыхашыжыфыр, къызэрырагъэлыфыр.
  • Апхуэдэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр сабийхэм зыхебгъэщIэным мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытэ проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм. Япэрауэ, абы ныбжьыщIэхэм я псэм къыщегъэуш социальнэ хэкупсэ гурыщIэр (зыщыщ лъэпкъми щIыпIэми емылъытауэ псори зэрылъы- тэу, зэрылъагъуу щыты-ныр). ИпэкIэ псэлъэгъуейрэ жэрдэмыншэу къыпщыхъуа ныбжьыщIэм апхуэдэхэм деж зыкъызэкIуэцIехри, узыщымыгугъа лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыкъуокI.
  • — ПроектыщIэм бгъэдэлъ апхуэдэ сэбэпынагъхэм ящыщщ узэрыгушхуэнрэ узэрыпэгэнрэ, ар щIыналъэу е цIыху щхьэхуэу ирехъуи, ди къэралым зэрыщымымащIэр ныбжьыщIэхэм гурэ псэкIэ зыхегъэщIэныр, ахэр нэрылъагъу ящыщIыныр, — жеIэ проектым и генеральнэ унафэщI Гуров       Сергей. — КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ ари зы Iэ-     малщ.
  • Лагерым щекIуэкI лэжьыгъэхэр Iыхьищу зэщхьэщыхауэ щытщ: тренингхэр, IэщIагъэм епха гурыIуэныгъэхэр, спорт-нэгузегъэужь программэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ныбжьыщIэхэр хуегъасэ гупу зэдэлэжьэным, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу Iуэху зэфIахыным.
  • Проектым и жэрдэмщIакIуэхэм я фIэщ мэхъу лагерым щыIэ дэтхэнэ сабийми и нэгу зиужьауэ, и узыншагъэр иригъэфIэкIуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм, щIыуэпсым епха гукъэкIыж дахэхэр и куэду       и унэ зэрекIуэлIэжынур.
  • КЪАРДЭН Ритэ.