ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТIымыжь Хьэмыщэ: МурадыщIэхэр  доубзыху, лъагапIэщIэхэм дынос

2019-07-09

  • Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэр, анэдэлъхубзэр, хъумэнымрэ абы адэкIи зегъэужьынымрэ гурэ псэкIэ сыт хуэдэ лъэхъэнэми хуэлажьэ IэнатIэхэм ящыщщ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэр. Университетым и къудамэхэм я нэхъыжьхэм халъытэ а IэнатIэм лэжьэн щIидзащ 1932 гъэм, а илъэсым Псыхуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щыта Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым хэту. ЛIэщIыгъуэм нызэрыхьэс гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа адыгэбзэ кафедрэм дапщэщи щызэфIах лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд, щIэныгъэ-къэхутэныгъэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ехьэлIауэ, щIыналъэпсо, къэралпсо мыхьэнэ зиIэ ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрагъэхьэ. А псори езыр-езыру къакIуэркъым — дэтхэнэ Iуэхугъуэми и щIыбагъ къыдэлъщ кафедрэм и лэжьакIуэхэм я лэжьыгъэ хьэлэл. Ябгъэдэлъ щIэныгъэкIи зэфIэкIкIи дэбгъуэн щымыIэ егъэджакIуэ гупыр зэдэууэ хуолажьэ я пщэрылъ къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэфIэхыным. КъинэмыщIауэ, адыгэ кафедрэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щIэх-щIэхыурэ яхыхьэ дэтхэнэми гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым абыхэм я зэхэты-кIэ дахэми: зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ адыгэ унагъуэ зэпэщым ибогъэщхь ахэр. АбыкIэ, дауи, фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ илъэс зыбжанэ лъандэрэ кафедрэм и унафэщIу лажьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ Тэркъан и къуэм.

  • ЩIэныгъэлI Iэзэм, кафедрэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм я къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм, унафэщI щыпкъэм иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ икIи тедгъэпсэлъыхьащ зи пашэ IэнатIэр зэрыт щытыкIэм, абы щызэфIах Iуэхугъуэхэм, къапэщылъ къалэнхэмрэ мурадхэмрэ.
  • — Хьэмыщэ, сынывохъуэхъу гъэ еджэгъуэр узыншэу къызэрефхьэлIамкIэ. Узипашэ IэнатIэр лъэпкъ щIэныгъэм увыпIэ щхьэхуэрэ мыхьэнэ пыухыкIарэ щызиIэу дапщэщи къогъуэгурыкIуэ. «ГъащIэм и нэхугъэ» псалъэхэр щIэныгъэм хуэзыгъэфэщауэ щыта Нэгумэ Шорэ абы и IэфIагъымрэ и купщIэмрэ зыхилъэгъуар, дауи, адыгэм тхыбзэ нэщIыса диIэнырт, ар зыдж, зыхъумэ, езыгъэфIакIуэ щIэблэ лъахэм къихъуэнырт. КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и Iуэхухэр нобэкIэ зыIутым ди газетеджэхэр щыгъуазэ хуэпщIамэ, ди гуапэт.
  • — Упсэу. Пэжу, къызэрыунэху лъандэрэ адыгэбзэ кафедрэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ди тхыбзэр, лъэпкъ литературэр джынымкIэ, ахэр егъэфIэкIуэнымрэ хъумэнымкIэ, абыхэмкIэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ, щIыналъэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ. Шорэ зэрыжиIауэ, «бгырыс Iэлым» а гурыщIэ телъыджэр къыпэджэжащ, ди анэдэлъхубзэри, лъэпкъ литературэри, тхыдэри, щэнхабзэри хуиту щыдджыж лъэхъэнэм дыхэпсэукIынуи Iэмал дгъуэтащ.
  • Ди кафедрэм и лэжьыгъэр сыт щыгъуи яунэтIу щытащ лъэпкъым и цIыху пажэхэм. Япэ ита еджагъэшхуэхэм анэдэлъхубзэм и зэфIэувэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуащIа хэлъхьэныгъэхэр я тегъэщIапIэу, абы 1932 гъэм лэжьэн щыщIидзащ пединститутым. Зэманыр кIуэхукIэ, захъуэжащ абы щекIуэкI лэжьыгъэхэми къапэщылъ къалэнхэми, атIэми дапщэщи зызымыхъуэжу къэнар зыщ: лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж, апхуэдэу къыщIалъытэ ди анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, егъэфIэкIуэнырщ, абы адэкIи зегъэужьынырщ.
  • Лъэпкъ IэщIагъэлIхэм я «кIыщым» гъэхьэзыра щыхъуащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ, лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зи гупсэ лэжьакIуэ куэд. Абыхэм зэфIаха лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ адыгэм ди цIэр жыжьэ ягъэIуащ. Лъэпкъыр дрогушхуэ адыгэбзэ къудамэр илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм къэзыуха ди цIыху цIэрыIуэ-хэм. Абыхэм яхэтщ УФ-м, КъБР-м щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ куэд, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэхэр. «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэр зэрихьэу ди республикэм зы цIыху закъуэ исщи — ДыщэкI Марие — абыи къиухар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэращ. Ахэр лъэр щIэзыгъэкI, къытщIэхъуэ щIэблэхэм къызыхэ-кIа лъэпкъымкIэ гушхуэныгъэ къахэзылъхьэ Iуэхугъуэщ.
  • Апхуэдэ фIыгъуэхэр зэрыдгъэбэгъуэным, зи бзэр зи псэ щIэблэ зыгъэсэн, езыгъэджэн IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэ-хэр зэфIэхыным ноби хуэгъэпсащ адыгэ кафедрэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр. Ахэр куэду зэщхьэщыхащи, IэнатIэм къепха дэтхэнэри дыхущIокъу абыхэм дызэрехъулIэным. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди IэщIагъэлIхэм ящыщ дэтхэнэ-ми щIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъыр, щапхъэ зытрах нэхъыжьыфIхэри абыхэм я лъэужьым ирикIуэ нэхъыщIэхэри дызэриIэр.
  • — СызэрыщыгъуазэмкIэ, блэкIа лъэхъэнэр мыIейуэ щытащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и дежкIэ, егъэджэныгъэм къызэщIиубыдэ унэтIыныгъэхэмкIэ ехъулIэныгъэ пыухыкIахэри зыIэрывгъэхьащ.
  • — Гъэ еджэгъуэ блэкIар къапщтэмэ, адыгэ кафедрэм и IэщIагъэлIхэр делэжьащ егъэджэныгъэ программэхэм къыщыгъэлъэгъуа къалэнхэр гъащIэм хэпщэным. Махуэрыеджэ щытыкIэм иту, 45.03.01 шифрым щIэт егъэджэныгъэ унэтIыныгъэмкIэ («Филологие. Хэку филологие. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ») щIэныгъэ еттащ студент 60-м; 44.03.05 унэтIыныгъэм («Педагогикэ. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэ») хуедгъэджащ цIыхуи 8; 45.04.01. унэтIыныгъэм («Филологие. Адыгэ филологие») и магистр программэм къызэщIедгъэубыдащ студент 28-рэ. Лэжьыгъэмрэ еджэнымрэ зэдахьу (заочнэу) 45.03.01 унэтIыныгъэм хуедгъэджащ цIыху 13; 44.03.05 унэтIыныгъэмкIэ щIэныгъэ еттащ студенти 6-м. А унэтIыныгъэхэм ящыщ дэтхэнэмкIи зэредгъаджэ программэхэр, планхэр, къызэрапщытэ материалхэр, курсовой, диплом, диссертацэ лэжьыгъэхэм, тестхэм я темэхэр, Iэмал имыIэу дызыхуей нэгъуэщI дэфтэрхэр ныкъусаныгъэншэу убзыхуауэ диIэщ, абыхэм илъэс къэси дыхоплъэж, зэманым къытхуигъэув къалэнхэм елъытауэ къыдогъэщIэрэщIэж, зэхъуэкIыныгъэхэр хыдолъхьэ.
  • А зэреджэ программэхэм ящыщ дэтхэнэмкIи студентхэр илъэс къэс практикэ щыIэщ, хэти курыт школхэм, адрейхэр щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм, ещанэхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм. А лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIымрэ къызэщIаубыда Iуэхугъуэхэмрэ кIэлъоплъ икIи къапщытэж кафедрэм и IэщIагъэлIхэр, абыхэм ятеухуа дэфтэр зэпэщхэри ди деж щIэлъщ.
  • Иджы дыдэ ехъулIэныгъэкIэ зэфIэкIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ зэрыщIэдгъэкI къэрал экзаменхэр студентхэм къеIыхынымрэ абыхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэщIэхэр зи лъабжьэ я квалификацэ лэжьыгъэхэр пхагъэкIынымрэ. Егъэджэныгъэм и унэтIыныгъэ псори къапщтэмэ, мы гъэм къыщIэдгъэкIахэм я процент 35-м щIигъум диплом «плъыжькIэ» еджэныр зэфIахащ. Абыхэм ящыщу нэхъыфIхэм чэнджэщ еттащ ди кафедрэм и магистратурэм, аспирантурэхэм я щIэныгъэхэм щыхагъэхъуэну.
  • КъыжыIапхъэщ ди кафедрэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм ятеухуа хъыбархэр «Университет зэIуха» порталми зэритлъхьэр, абыхэм щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур.
  • — Егъэджэныгъэ планхэм ткIийуэ щыубзыхуа дэтхэнэ Iуэхугъуэри къызыхуэтыншэу гъэзэщIэным набдзэгубдзаплъэу, жэуаплыныгъэр зыхэфщIэу фызэрыбгъэдэтыр нэрылъагъущ, Хьэмыщэ. Егъэджэныгъэм гуэхыпIэ имыIэу епха гъэсэныгъэ- ми гулъытэшхуэ хуэфщIыфрэ?
  • — А унэтIыныгъэмкIи план щхьэ-хуэ диIэщ. Курсхэм я унафэщIхэм куратор сыхьэтхэм къыщаIэт гъащIэм, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI лъэпкъ фIыгъуэхэм ятеухуа упщIэхэр. Апхуэдэу кафедрэм и адрей IэщIагъэлIхэри жыджэру ядолажьэ студентхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ. Хабзэ хъуащи, дэ гулъытэншэу блэдгъэкIыркъым къэрал, адыгэ махуэгъэпсхэм къыхэгъэбелджылыкIа махуэшхуэхэр. Гъэ еджэгъуэ блэкIам къриубыдэу ди егъэджакIуэхэри студентхэри хэлIыфIыхьащ ЩIэныгъэхэм, Адыгэхэм я махуэшхуэхэр, Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэр, Студентым      и дунейпсо махуэр, «Студент гъатхэр», Адыгэхэм ди щыгъуэ махуэр, «Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэкIэ зэхашэ еджэныгъэхэр», нэгъуэщI Iуэхугъэхэри университетым екIуу къыщызэгъэпэщыным, щегъэкIуэкIыным. Ди студентхэм ящыщ куэд хэтщ университетым къафэмкIэ и театр «Амикс»-м, нэгъуэщI творческэ гупхэм.
  • Гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIах кафедрэм къепхауэ лажьэ, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым (унафэщIыр филологие щIэныгъэхэм       я кандидат, егъэджакIуэ нэхъыжь Езауэ Мадинэщ). КъБКъУ-м ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм зэхигъэувэ планым илъэс къэси увыпIэ щагъуэт а центрым иубзыху Iуэхугъуэхэм. Абы къыщызэрагъэпэща, къызыхуэтыншэу ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм ящыщу къыхэбгъэщ хъунущ КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Къумахуэ Мухьэдин, Къэшэж Иннэ, нэгъуэщI ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэм я юбилейхэм хуэщIауэ зэхаша фэеплъ пшыхьхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм адэжь хэкум зыщаплъыхьыну къригъэблагъэ ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху республикэм щыдэгъэкIыным, я нэгу зыщегъэужьыным, лекцэ зэмылIэужьыгъуэхэр къахузэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэхэр, лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэ-хэу Темыркъан Юрэ, Нэхущ Чэрим сымэ, нэгъуэщIхэми щIалэгъуа- лэр щаIущIэ зэхуэсхэр, Иуаныкъуэ Мадинэ и «Адыгэ идэ» тхылъыщIэм хуащIа «лъэтеувэр», псапащIэ Iуэхухэр зэрызэфIахыр, махуэгъэпсым щыгъэбелджыла махуэшхуэхэр гулъытэншэ зэрамыщIыр, нэгъуэщIхэри. А зэхуэс купщIафIэхэм, гъэщIэгъуэнхэм яфIэфIу зыкърагъэхьэлIэ ди университетми ди щIыналъэм и адрей еджапIэ нэхъыщхьэхэми я егъэджакIуэхэм, студентхэм, школакIуэ нэхъыжьхэм.
  • — Хьэмыщэ, апхуэдэу, къызыхуэт щымыIэу, зэфIэфх егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм къыкIэрымыхуу, дауи, фэ ивогъэкIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. Кафедрэм и егъэджакIуэхэм нэмыщI, абы жыджэру хэфшэфрэ фи студентхэри?
  • — Ди кафедрэм псори зэхэту IэщIагъэлI 16 дыщолажьэри, абыхэм ящыщу 3-р щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, 9-р щIэныгъэхэм я кандидатщ, доценти, егъэджакIуэ нэхъыжьи яхэту. Зы илъэси къэмынэу ди егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм, зэфIэкIым щыхагъахъуэ курс зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэу ахэр жыджэру хэтщ кафедрэм щекIуэкI щIэны-гъэ-къэхутэныгъэхэм. Ахэр щызэхуэхьэсыжа ди лэжьыгъэхэр я утыку къыдохьэ щIэх-щIэхыурэ дызы-      хэт республикэпсо, къэралпсо, дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсхэм. Абыхэм ящыщ куэд къытрадзэ Scopus, Web of Science библиографие, реферативнэ дунейпсо базэхэм хы-хьэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. Абыхэм уи тхыгъэ къытрадзэн щхьэкIэ, абы щIэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ еплъыкIэщIэ гуэр хэлъын хуейщ, ар къызыхэщ рецензэ купщIафIэри щIыгъужу. Апхуэдэ журналхэм иужьрейуэ зи лэжьыгъэ къытехуахэм дащыщщ сэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Бозий Наимэ, Хэжь Ленэ, Абазэ Албэч, УнэлIокъуэ Вячеслав, ХъутIэжь Заудин, Езауэ Мадинэ, Шыгъушэ Джульеттэ, Къардэн Мусэдин сымэ, нэгъуэщIхэри. Ди егъэджакIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа къэхутэныгъэ тхыгъэхэр апхуэдэу къытохуэ ВАК-м, РИНЦ-м хыхьэ щIэныгъэ журналхэм, ди республикэм къыщыдэкI журналхэм, газетхэм. Илъэс блэкIам къриубыдэу апхуэдэ ди тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэу 90-м нэс дунейм къыте-хьащ.
  • Щхьэхуэу идогъэкIуэкI щIэныгъэ-методикэ лэжьыгъэхэр, къыдыдогъэкI зэреджэ тхылъхэмрэ методикэ чэнджэщхэмрэ. Ахэр сэбэп яхуохъу, къагъэсэбэп курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм, аспирантхэм, магистрхэм, студентхэм, ди анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ фIыуэ зылъагъу куэдым.
  •  Я егъэджакIуэфIхэм я щапхъэм тету, ахэр я дэIэпыкъуэгъуу къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ-хэр зэфIах едгъаджэхэми. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди студентхэу Вы-кхъэ Аринэ, ПщыукI Iэсият, Безыр Ленэ, КIэш Миланэ, Дудей Заре- мэ, Тэтрокъуэ Людмилэ, Мокъуэ Лаурэ, Джэду Сэкинат, Жыгуэ Иннэ сымэ, нэгъуэщIхэри гъэ еджэгъуэ блэкIам къриубыдэу жыджэру хэтащ «Перспектива-2019» ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм, аспирантхэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо щIэныгъэ конференцым, XIV дунейпсо щIэныгъэ-практикэ зэхуэсым, щIыналъэ щIэныгъэ конференцым, КъБКъУ-м щызэхаша щIэныгъэ зэхуэсхэм, нэгъуэщIхэми. А зэхуэс инхэм я утыкухэм щыIуащ ди студентхэм я къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ хьэлэмэтхэу ди анэдэлъхубзэм, лъэпкъ литературэм ятеухуахэр, иужькIэ ахэр къытрадзащ щIэныгъэ журнал зэмылIэужьыгъуэхэм.
  • Апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэ-хэм къапэкIуащ гулъытэ нэс: кафедрэм и блынхэм фIэлъщ ди егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яхуэфащэ дыдэу кърата щIыхь, фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр. Абыхэм дрогушхуэ, езанэ курсым къыщIэтIысхьэ ныбжьыщIэхэм щапхъэу идогъэлъагъу.
  • — Лэжьыгъэшхуэ, лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэрэ купщIафIэу, щызэфIывох кафедрэм, Хьэмыщэ. Зи гугъу къытхуэпщIа псори яфIэхьэлэмэтыну къыс-     щохъу ди газетеджэхэм, псом хуэмыдэу, курыт школыр къэзыуха ныбжьыщIэхэр IэщIагъэ яхуэхъунур щаубзыху мы лъэхъэнэм. Адрей илъэсхэм къащхьэщыкIыу мы гъэм егъэджэныгъэм щIэ гуэрхэр къыхэвгъэхьэну фи мурад?
  • — Упсэу, псоми гугъу зыщIедгъэхьыр ди лъэпкъыбзэмрэ литературэмрэ хъума, нэсу джа хъун, зэрыжысIащи, анэдэлъхубзэр зи псэм пэзыщI щIэблэ къытщIэхъуэн папщIэщ.
  • Мыдрейуэ, 2019 — 2020 гъэ еджэгъуэщIэм и гугъу пщIымэ, илъэс къэси хуэдэу, мурадыщIэхэр доубзыху, лъагапIэщIэхэм дызэрынэсыным дыхущIокъу. Мы гъэм къыщыщIэдзауэ ди кафедрэм къыщызэIудох егъэджэныгъэм и унэтIыныгъэщIэу «Адыгэбзэмрэ литературэмрэ. Урысыбзэ» фIэщыгъэр зиIэр. ЕтIанэгъэ абы щIыдгъуну ди мурадщ инджылызыбзэмрэ педагогикэмрэ. Япэм ещхьу, студентхэр хуедгъэджэнущ IэщIагъитIми зэгъусэу. Абы дэ къытхудэкIуэну фIагъхэм ящыщщ, псом япэрауэ, ди деж къыщIэтIысхьэну хуейхэр зэпеуэр я лъабжьэу къызэрыхэтхыфынур, етIуанэрауэ, адыгэбзэр езыгъэджхэм я сыхьэт бжыгъэр мащIэщи, урысыбзэм щыщи къащтэну хуитыныгъэ яIэнущ. Апхуэдэуи, инджылызыбзэр къыхэдгъэхьэфмэ, адыгэбзэм дэщIыгъуу а IэщIагъэми ирилэжьэфынущ дэ къыщIэдгъэкIхэр.
  • А егъэджэныгъэ программэм тету мы гъэм езанэ курсым къэтщтэну ди мурадщ студент 17. КъинэмыщIауэ, магистратурэми апхуэдиз дыдэ къыщIэдгъэтIысхьэнущ.
  • Ди псалъэмакъым къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди деж щеджахэм лэжьыгъэ IэнатIэ зэрагъуэт щIыкIэм набдзэгубдзаплъэу ды- зэрыкIэлъыплъыр, тлъэкIымкIи дэIэпыкъуэгъу дыхъуну дызэрыхьэзырыр. Хуабжьу ди гуапэ мэхъу ди адыгэ къудамэр къэзыухахэм я цIэхэр фIыкIэ щызэхэтхым деж. Апхуэдэхэм деж лэжьыгъэм лъэр нэхъри хущIокI, жэрдэмыщIэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ гум къыщоуш.
  • — Упсэу, Хьэмыщэ. Фи деж щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтыну зи хъуэпсапIэхэм мы гъэми къазэрыхэхъуэнум шэч къытесхьэркъым. Тхьэм фригъэфIакIуэ, фи мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къывэхъулIэну ди гуапэщ.
  • Епсэлъар  ЖЫЛАСЭ  Маритэщ.