Iуэхум Iуэху къыпоувэ
2019-07-09
- Бадзэуэгъуэм и 5 — 6-хэм Черкесск къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэс. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэм, Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Германием я лIыкIуэхэр.
- Бадзэуэгъуэм и 6-м и пщэдджыжьым Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ ДАХ-м и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэрэ къэрал лэжьакIуэ, генерал-лейтенант Хъупсырокъуэ Назиррэ я фэеплъхэм.
- Зэхуэсыр щекIуэкIар «Гранд-Кавказ» хьэщIэщырщ. Абы кърихьэлIащ КъШР-м и премьер-министр Уэз Аслъэн, КъШР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Астэжь Франческэ, Хьэбэз районым и тхьэмадэ ЩакIуэ Руслан, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым Къэрэшей-Шэрджэсым егъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ясько Юрий сымэ.
- ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Ар къытеувыIащ УФ-м къэрал щIыб IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей мылъку къегъэщIыным пымыщIа IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм зэраIущIам, къэрал унафэщIыр зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм.
- Къэбэрдей, Шапсыгъ Хасэхэм ирагъэкIуэкIа зэхуэсышхуэхэмрэ хэхыныгъэхэмрэ къарикIуам и IуэхукIэ къэпсэлъащ а жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэр — ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ КIэкIыхъу Мэжидрэ.
- Политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, ДАХ-м и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум иращIэкI дауэдапщэхэм тепсэлъыхьащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминэ, КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс парламент» (КъШР) жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс парламент» (Адыгэ Республикэ) жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI ЛIымыщокъуэ Рэмэзан сымэ.
- ДАХ-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и лэжьыгъэм ехьэлIауэ къэпсэлъащ Бэгъущэ Алий, Борэ Елдар, Къэзанокъуэ Мурат сымэ (ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэщ).
- Апхуэдэуи зэIущIэм и гугъу щащIащ 2019 гъэм фокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэр ди къэралым, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэхэм зэрыщагъэлъэпIэну щIыкIэм.
- Зэхуэсым хэтащ Израилым къикIа кинематографист гуп, профессор Аурон Яир я пашэу. Зауэ зэманым Беслъэней къуажэм дэса адыгэ унагъуэхэм Ленинград щыщ журт сабий 32-рэ кърагъэлауэ зэрыщытам теухуауэ фильм трахыну абыхэм я мурадщ. А Iуэхур къызэригъэпэщащ Урысейм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.