ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр

2019-07-09

  • Ди республикэм хабзэ дахэ зэрыщыхъуащи, махуэ лъапIэхэр куэдрэ щаIэт Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Абыхэм ящыщ зыщ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я урысейпсо махуэм теухуа зэIущIэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м и ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм.

  • «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм хыхьэу республикэм щекIуэкIам щытекIуахэр щагъэлъэпIащ пшыхьым. Зэпеуэр зэрызэхэта Iыхьэхэм, псалъэм папщIэ, «Унагъуэ дыщэ», «УнагъуэщIэ», «Бын куэд щапI унагъуэ», «Хабзэхэм я хъумакIуэ унагъуэ», «Къуажэдэс унагъуэ», «Творческэ унагъуэ», «Спорт унагъуэ» жыхуиIэхэм, дэтхэнэми нэхъыфIу къыщалъытахэр къыхахащ.
  • — Щэнхабзэ, унагъуэ лъапIэныгъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэщ дэтхэнэ зы унагъуэм и дежкIи, — жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ, Налшык къалэм дэт поликлиникэ №1-м и унафэщI Къаскъул Iэулият. — Лъагъуныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, дэчых зэрылъ унагъуэм къыщыхъу сабийхэращ сыт и лъэныкъуэкIи зызыужьынур. Ахэращ зи адэ-анэм, и щIыналъэм, къыдалъхуахэм пщIэ яхуэзыщIынур, хэкупсэ нэс хъунур.
  • Пшыхьыр концерт гукъинэжкIэ ягъэдэхащ ди республикэм и артистхэм. IуэхущIапIэм и щIыхьэпIэм деж щагъэува гъэлъэгъуэныгъэм хэлъ лъэпкъ хьэпшыпхэм, дамыгъэхэр зыхэдыкIа фэилъхьэгъуэхэм, арджэн зэмылIэужьыгъуэхэм, сурэтхэм, нэгъуэщIхэми псори зыIэпашэрт.
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  • Сурэтхэр Толгуров Чэмал трихащ.