Зихуэдэ щымыIэ Къумахуэ Мурадин
2019-07-02
- Махуэ зыбжанэ ипэкIэ илъэситху ирикъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрми, СССР-у щыта къэрал абрагъуэми, Урысей Федерацэми къыщалъыта икIи а щIыналъэхэм я цIэхэр фIыкIэ зыгъэIуа ди лъахэгъу, физик щэджащэ Къумахуэ Мурадин Iэбубэчыр и къуэр дунейм зэрехыжрэ. Абы и къэхутэныгъэу 4-м ящыщу тIур нэгъуэщI къэралхэм къыщыдэкIа журналхэм ихуащ, «Къумахуэм и бзий», «Къумахуэм и оптикэ» фIэщыгъэхэр яIэу.
-
СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, Курчатов Игорь и цIэр зезыхьэм, и президент, атом энергетикэмкIэ институтым и тхьэмадэ, академик Александров Анатолий езыр зи пашэ а IуэхущIапIэм 1979 гъэм иригъэблэгъауэ щытащ Москва и къэрал университетым и лэжьакIуэ пажэ, профессор Къумахуэр. Абы ар ириджат, электромаг-нит зэжьэхэуэныгъэхэм къахэбзиикI пкъыгъуэхэр джынымкIэ лабораторэу къызэIуихагъащIэм и унафэщIу игъэувыну, абы къыдэкIуэуи хуит ищIат абдежым къыщыдэлэжьэну цIыхухэр езым къыхихыжыну. Мурадин и пщэ къралъхьащ езым и цIэр зэрихьэу «Къумахуэм и эффект» зыфIаща электрон бзийхэм я «шыфэлIыфIэр» зыхуэдэр джынымкIэ американхэм датежыжын, япэ дищыжын» къалэныр.
- Сэ Мурадин япэ дыдэу сыщрихьэлIар 2011 гъэм и гъэмахуэрщ — США-м сыкъикIыжу, си зи чэзу зыгъэпсэхугъуэр Москва щисхын мурадыр сиIэу, сыкъыщыкIуэжарщ. А ди зэхуэзэр къытхузэзыгъэпэщар рентген оптикэмкIэ институ-тым хьэрычэт IуэхухэмкIэ и унафэщI Къумахуэ Михаил Хьид и къуэрщ.
- ЗымащIэкIэ дызэдэуэршэра иужь, щIэныгъэлI цIэрыIуэм физикэм ехьэлIа къару лъагэхэр зыдж лабораторэм сыщIишащ. Абдежым дэ дащыхуэзащ а IэнатIэм и унафэщI Тегаев Рэмэзан зи пашэ гупым, кварц абджым къыхэщIыкIа, Iэлъыным хуэдэу шыхьа, зи кIуэцIым жьыи псыи мыкIуэу нэщI бжьамий псыгъуэ цIыкIум и джабэхэм ялъэмыIэсу, зэщIэузэда мэскъалхэм зэрызыщагъазэр къэпщытэным ехьэлIа я зи чэзу лэжьыгъэм зыхуагъэхьэзыру.
- А лъэхъэнэм зи гугъу тщIы а эффектым ар къэзыхутамрэ елэжьхэмрэ къищынэмыщIа нэгъуэщI зыри щыгъуазэтэкъыми, Мурадин щабэу къызэлъэIуащ а махуэм абдежым щыслъэгъуа «телъыджэр» зыми хуэзмыIуэтэжыну. Сэ, Къумахуэм жесIащ, «щыхьэт» сызытехъуахэм ехьэлIауэ зыгуэрхэм зызгъэщIагъуэу сепсэлъэпэнуми, слъэгъуам и мыхьэнэр сэркIэ IупщI дыдэу зэрыщымытыр. Ауэ икIи къэзгъэгугъащ, я лабораторэм сызыщрихьэлIахэр, езыхэм утыку кърамылъхьауэ, нэгъуэщIхэм я хуэзмыIуэтэжыну.
- Ноби си нэгу щIэтщ Iэлъыным хуэдэу шыхьа, зи кукъу-зэпрыур (диаметрыр) сантиметр 25-рэ фIэкIа мыхъу, зи кIуэцIыр вакуум бжьамий псыгъуэ цIыкIум зи фэр щIыхурэ узримыгъэплъу IупщIу къыщыунэхуа бзиймрэ ар зылъэгъуа, ягъэщIагъуэу абы тепсэлъыхьыж щIэныгъэлIхэмрэ я теплъэр.
- Къумахуэр нэхъапэм зи яужь ита, прикладной мыхьэнэ зиIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм къапэрыкIыжри, 2009 гъэм къыщыщIэдзауэ, фундаментальнэ физикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зритыжат.
- Зэманым къызэригъэлъагъуэмкIэ, Мурадин а унэтIыныгъэми ехъулIэныгъэхэр щиIащ. Псом япэрауэ, абы къихутащ вакуум бжьамий псыгъуэ цIыкIум и джабэхэм ялъэмыIэсу электронхэмрэ протонхэмрэ зэрызыщагъазэр, абы щыгъуэми электро-малъхъэдис къару гуэри а Iуэхум хамыгъэхьэу. КъищынэмыщIауэ, Къумахуэм лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ а эффектыр ядернэ технологиехэм, зэщIэузэда мэскъалхэр езыхужьэ техникэм, импульсыр зи тегъэщIапIэ энергетикэм, электроникэм и IэнатIэу нэхъ зэрыхъуну щIыкIэхэр къигъэлъагъуэу.
- 2013 гъэм «Физикэм егъэщIылIа техникэ» журналым Къумахуэ Мурадинрэ Тегаев Рэмэзанрэ зэгъусэу къытрырагъэдзауэ щыта я тхыгъэм а къэхутэныгъэр щIэныгъэмрэ техникэмкIэ унэтIыныгъэ куэдым къызэрыщыбгъэсэбэпыфы-нум ехьэлIа псалъэхэм ущрохьэлIэ. Апхуэдэу, УФ-м и патентхэу, 2011 гъэм мэкъуауэгъуэм и 8-м къыхуагъэфэща, зи №2462009-мрэ иужьрейуэ кърата адрей тIумрэ ятриухуа и тхыгъэхэм Къумахуэм къыщребжэкI зи гугъу ящI эффектыр щIэгъэкъуэн щыхъуну къилъытэ IэнатIэхэр сыт хуэдэхэр арами: мини-коллайдер пудхэр щагъэхьэзыркIэ, зэщIэузэда мэскъалхэр езыхужьэ, и лъэщагъкIэ инхэм къакIэрымыху Iэмэпсымэ цIыкIухэр щаухуэкIэ, радиочастотахэм я деж къыщыщIэдзауэ рентген, гаммэ-бзийхэм нэсыху къызэщIэзыубыдэ спектрым и диапазоныр зыIыгъ, узыхуеймкIэ бгъазэ хъу электрон бзийхэр къыхэзыутIыпщыкI IэмэпсымэщIэхэу зи лъэщагъкIэ иджыри къыздэсым къагъэсэбэп синхротрон абрагъуэхэм ефIэкIхэр щагъэхьэзыркIэ, нэгъуэщIхэми.
- Зи гугъу тщIы эффек- тыр къыщыбгъэсэб хъуну унэтIыныгъэхэм ящыщу, Мурадин гулъытэ хэха нэхъ зыхуищIу щытар термоядернэ синтезым и егъэкIуэкIыкIэм (УТС) пыщIа Iуэху нэхъ гугъу дыдэхэу илъэс 70-м нэблэгъакIэ физикэ щIэныгъэм щахузэхэмыгъэкI икIи дол- лар мелард пщIы бжыгъэ- хэр зытрагъэкIуэдахэрщ.
- Сыт атIэ, термоядернэ синтезым и егъэкIуэкIыкIэр зы мардэ гуэрым игъэувэныр апхуэдизу гугъу зыщIыр? Швед физик Аль-вен Ханнес, магнито-гидродинамикэ IэнатIэм зыми хуумыгъэдэну щригъэкIуэкIа и лэжьыгъэ пажэхэм къапэкIуэу, 1970 гъэм Нобель и саугъэтыр зратам, къызэрилъытэмкIэ, а лъэпощхьэпом я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр къыщылъыхъуэн хуейр псоми къызэдащта теоретикэ физикэм и Iэмал къудейхэмкIэ плазмэр зищIысыр зэрызэхэгъэкIыгъуейрщ, абы къыхэкIыуи ар щIэныгъэлIхэм «къазэрыхуэмыгъэIурыщIэрщ».
- Ауэ, зыми зэримыгугъауэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Къумахуэ Мурадин нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэ-бгъэдыхьэкIи къигъэлъэгъуащ. Ар сыт жыпIэмэ, термоядернэ синтезым и егъэкIуэкIыкIэр (УТС) зы мардэ гуэрым игъэувэным илъэс куэд щIауэ яужь ит физикхэм, плазмэр «зыщагъэгъупщэн» зэрыхуейм зэрытригъэчыныхьарщ.
- 2014 гъэм Къумахуэ Мурадин, езыр дунейм ехыжыным тхьэмахуищ фIэкIа имыIэжу, профессор Шыхъуэстэн Владимир зэрызыхуигъэзауэ щыта, «Бзий Iэрамэхэм я зэхуэзапIэм къыщыхъу термоядернэ синтез» зыфIища, напэкIуэцIитху фIэкIа мыхъу и тхыгъэм къыщрибжэкIащ термо УТС-м и егъэкIуэкIы- кIэр убзыхуным ехьэлIауэ езым и Iуэху еплъыкIэм пыщIа унэтIыныгъэхэр зыхуэдэр.
- Къумахуэм 2013 гъэм фокIадэм и 4-м кърата, УФ-м и патент №2546960-м къыщигъэлъэгъуа а и къэхутэныгъэщIэм теухуа и дэфтэр тхылъхэр США-ми Китайми иригъэхьауэ щытащ, ауэ яхуэфащэ патентхэр а къэралхэм щыпхагъэкIари хьэзыр щыхъуа- ри езы Мурадин дунейм ехыжа иужькIэщ.
- «Япэрауэ, — дыкъыщоджэ Мурадин ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа и тхыгъэу Шыхъуэстэн Владимир хуигъэхьауэ щытам, — дэ плазмэм дыхуэмеижу догъэув. Ар дэ иджыри къыздэсым къытхуэгъэIурыщIакъым, дызэрыщыгугъауи тхузэтеIыгъакъым. Дэ къэдгъэсэбэпынур куэд щIауэ дызыщыгъуазэ ион Iэрамэхэм я закъуэщ. Ахэр дызыхуеймкIэ тхуеIуэнтIэкIынущ, ябгъукIэ къыщыдгъэхъу электро-малъхъэдис губгъуэм къызыкъуих и къарур къедгъэныкъуэкъукIэрэ. Аращи, мыбдежым дызыпэмыплъа гуэри къыщыхъунукъым.
- ЕтIуанэрауэ — зэщIэузэда мэскъалхэр зэтетIыгъэн папщIэ, дэ щIэгъэкъуэн тщIыр езы щIыуэпсым къигъэщI хабзэ электрозарядхэрщ, армыхъуамэ, уасэшхуэ зытекIуадэ сверхпроводникхэмрэ малъхъэдис губгъуэхэмрэкъым. КъимыдэкIэ, дэ къэдгъэсэбэпынухэм къызыкъуах къарур куэдкIэ нэхъ инщ, цIыхухэм гугъу зрагъэхьу зэрагъэ-пэщ ухуэныгъэ абрагъуэ-хэм яхузэфIэкIым нэхърэ. А Iуэхум зэрыщыту зрегъэхъуэж илъэс 60-м щIигъукIэ УТС-м худиIа Iуэху еплъыкIэ-бгъэдыхьэкIэм.
- Ещанэрауэ — ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа IуэхугъуитIыр ди тегъэщIапIэу духуэну термоядернэ реакторыр, япэрейхэм елъытауэ, и хьэлъагъкIэ икъукIэ псынщIэу икIи Iэрыхуэу щытынущ, и зэгъэпэщынкIи мылъку куэд текIуэдэнукъым. Апхуэдэ «Iэмэпсымэм» къыдитыну электрокъарум и уасэри куэдкIэ нэхъ мащIэнущ. А щIыкIэм тету дэ тхузэгъэпэщынущ термоядернэ реакторхэу зи лъэщагъыр киловатт пщIы бжыгъэм фIэмыкIхэри мегаватт мин Iэджэ къэзыгъэIурыщIэхэри».
- Къумахуэ Мурадин ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа и тхыгъэр мы псалъэхэмкIэ еух: «Къыхэдгъэщынщи, Нобель саугъэт зратахэм ящыщ зым (хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар Физи-кэм егъэщIылIа техникэмкIэ журналым и редактор нэхъыщхьэ Алфёров Жоресщ – Б. А.) къыжиIащ, мы ди лэжьыгъэу а журналым къыщытрадзахэр Урысейм атомнэ лагъым къызэрыщагупсысауэ щытам иужькIэ мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ щызиIэнухэм ящыщу».
- Къумахуэ Михаил Хьид и къуэм куэдрэ игу къегъэкIыж Мурадин дунейм ехыжын ипэ къихуэу жиIауэ щыта мы и псалъэхэр: «Мишэ, мы зэманым сызыпэрыхьам и мыхьэнэр апхуэдизу инщи, алъандэрэ зи яужь сита псори абы зэрыхуэбгъэдэни зэрылъэщIыхьэни щыIэкъым».
- АтIэ, Мурадин и иужьрей теорие къэхутэныгъэхэм къарикIуэнухэм ЩIы хъурейр энергетикэ и лъэныкъуэкIэ зыхэт бэлыхьым, дяпэкIи нэхъыбэжу зыхэхуэнкIэ хъуну гугъуехьхэм къыхашынымкIэ гугъэ зэрищIамкIэ щыуауэ пIэрэт, хьэмэрэ, щIэныгъэлI гъуэзэджэр аргуэру, и япэ къэхутэныгъэхэми ещхьу, щыпсэуа лъэхъэнэм япэ ища? СызэреплъымкIэ, а упщIэм и жэуапыр нэгъэсауэ къыщыдгурыIуэнур зэман дэкIа иужькIэщ.
- Мы си тхыгъэм и кIэухыу, сыхуейт къыжысIэну а еджагъэшхуэ акъылыфIэ дыдэр, щIэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ Iэзэр икIи къэхутэныгъэ инхэр езыгъэкIуэкIам и фэеплъ нэхур мыкIуэдыжын езыр къыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щащIыным сызэрыщыгугъыр. Урысейм абы и лъэныкъуэкIэ щызекIуэ хабзэм ипкъ иткIэ, апхуэдэ Iуэху ягъэзащIэ, цIыхур дунейм зэрехыжрэ илъэси 5 ирикъуа иужькIэ.
- БЭРАУ Артур,
- физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат. Москва къалэ.