ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТхакIуэм и гъащIэмрэ  и гуащIэмрэ

2019-07-02

  • «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм, и бжыгъэр щитху хъууэ, иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Свет в окне. Жизнь и творчество» зыфIаща тхылъ. ЩIэныгъэлIхэу КхъуэIуфэ Хьэчим, Къэжэр Иннэ, Брай (Тхьэмокъуэ) Женя сымэ ягъэхьэзыра лэжьыгъэр теухуащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Брай Адэлбий.

  • Тхылъым щызэхуэхьэсащ Адэлбий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа тхыгъэхэр, очеркхэр, къыдэлажьэу, и ныбжьэгъуу щытахэм я гукъэкIыжхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Къэрмокъуэ Хьэмид, Къэжэр Иннэ, Къаныкъуэ Заринэ, КхъуэIуфэ Хьэчим, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Къэжэр Хьэмид, Елгъэр Кашиф, Къагъырмэс Борис, Тхьэмокъуэ Барэсбий, Мэзыхьэ Борис сымэ, нэгъуэщIхэми ятхар. КъищынэмыщIауэ, тхылъым къыщыхьащ тхакIуэм и IэдакъэщIэкI усэхэмрэ сабийхэм папщIэ хъыбархэмрэ. Мыхэр псори адыгэбзэкIэ урысыбзэкIи итщ тхылъым. Усэхэр урысыбзэм изыгъэзэ-гъар Стрелковэ Викториещ, хъыбархэр зэзыдзэкIар Мэлбахъуэ Елбэрдрэ Мэремкъул Ларисэрэщ. Брайм и дунейр, и унагъуэмрэ и лэжьыгъэмрэ наIуэу уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ сурэтхэр напэкIуэцIиблым щызэхэгъэуващ. Ахэр зыхуей хуигъэзащ Бицу Жаннэ.
  • «ЩIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ илъ тхылъыр хуэпхь хъунущ адыгэбзэм мащIэу фIэкIа иджыри къимыгъэсэбэпа, зы тхакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ и лъэныкъуэ зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ литературэ-мемориал къыдэкIыгъуэхэм, — щетх пэублэ псалъэм тхылъым и редактор, тхакIуэ, критик КхъуэIуфэ Хьэчим. — Ауэ ап- хуэдэ «тхылъ-фэеплъхэр» зимыма-щIэ нэгъуэщI литературэхэм щапхъэ трех ди лъэпкъ литературэми, иужь-рей зэманхэм апхуэдэхэр нэхъ къыдэкI хъуащ. Аращи, мы лэжьыгъэр тхылъ дапхъэм тезэшэн хуейкъым».
  • «Иджыри студенту тхэн щIидзат Адэлбий, — етх литературэ критик Къэрмокъуэ Хьэмид. — Хуэм-хуэмурэ абы хузэфIэкIащ зыми емыщхь, нэгъуэщIхэм хэмыгъуащэ тхэкIэ, хъэтI щхьэхуэ зэригъэпэщын. Адыгэбзэр фIы дыдэу ищIэрт, ар нэрылъагъу тщIащ щIэх-щIэхыурэ газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуэу щыта и усэхэмрэ рассказхэмрэ. Адэлбий и усэхэм къыщеджэм КIыщокъуэ Алим жиIауэ щытащ: «Си къуажэгъур жыжьэ нэсынущ, ди литературэм ехъулIэныгъэ куэд щиIэну сохъуэхъу». Нэхъыжьыр къызэрыщыгугъар игъэпэжащ Брайм: адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ. ЦIыхуфIт ди ныбжьэгъур, гушыIэрейт, пщIэ хуащIырт. Сыт хуэдэ къулыкъу пэрытами, лэжьыгъэр фIыуэ зэрилъагъумкIэ, и гу къабзагъэмрэ хьэлэлыгъэмкIэ псоми къахэщырт. Апхуэдэущ дэ, и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу щытахэм, усакIуэ, тхакIуэ Брай Адэлбий дигу къызэринэжар».
  • Усэ куэд, поэмитI, зы повесть, сабийхэм папщIэ рассказ зыбжанэ, псори зэхэту тхылъ пщыкIущ (абыхэм ящыщу плIыр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ) зи къалэмыпэм къыщIэкIа Адэлбий хамэ къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я усэхэр адыгэбзэм иригъэзэгъэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ищIащ. Ар зэрыжурналист IэкIуэлъакIуэр хьэкъ пщызыщI тхыгъэхэри мащIэкъым. «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щылэжьа иужь, ар «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым и корреспонденту, иужькIэ жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу щытащ. Иужьрей илъэсхэм щыIащ «Нур» сабий журналым, иужьрейуэ езыр псэууэ къыдэкIари и сабий тхылъщ.
  • И ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу, зыцIыхуу щытахэм тхылъыр зэрафIэгъэщIэгъуэнынум, и IэдакъэщIэкIхэр куэдым ягу зэрыдыхьэнум шэч къытетхьэркъым.
  • ИСТЭПАН Залинэ.