Хьэгъундокъуэ Елдар: Си къалэнхэм я нэхъыщхьэр щIэблэр хэкупсэу згъэсэнырщ
2019-07-02
- КъытщIэхъуэ щIэблэр псэукIэ узыншэм, спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ хуэущииным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэдэжкъым а къалэныр мы зэманым — хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэхэм заужьауэ псори Интернетымрэ телефонымрэ «къимыкIыу щис» лъэхъэнэм. Иорданием щыщ адыгэ щIалэ Хьэгъундокъуэ Елдар КъБКъУ-м спортымкIэ факультетыр къиухащ. Илъэситху ипэкIэ Налшык къэIэпхъуащ и унагъуэр и гъусэу. А зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэ куэд спортым хуигъэсащ, нобэр къыздэсми абы и лъэныкъуэкIэ щIэблэм лэжьыгъэшхуэ ядрегъэкIуэкI икIи и гъэсэнхэм къахэкIащ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьахэр.
- Адэжь Хэкум и Iуэху зэрыщыдэкIымрэ и лэжьыгъэмрэ тедгъэпсэлъыхьыну иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ Хьэгъундокъуэм.
- — Елдар, сыт хуэдэ ныбжьым уитт спортым ущыдихьэхам? Хэт абы ухуэзыунэтIар?
- — Япэ дыдэу спортым сыдихьэхыу сыкIуэн щыщIэздзар илъэсийращ. Абы щыгъуэ къафэми сыкIуэрт. ТIури хуабжьу сигу ирихьырти, зэманыр схуиригъэкъуртэкъым. Сахэдэн хуей щыхъум, спортыр къыхэсхауэ щытащ. АбыкIэ чэнджэщ къызитащ си адэм. Апхуэдэ си хэхыныгъэми зы махуи сыхущIегъуэжакъым.
- Си адэ-анэм зы махуэ къыспаубыдакъым къыхэсха IэщIагъэр, къыздэIэпыкъуа фIэкIа. Абыхэм куэду фIыщIэ яхузощI, си хъуэпсапIэр къызэрыздаIыгъам щхьэкIэ. АбыкIэ IэщIагъэ щызэзгъэгъуэтащ адэжь хэкум. Ари фIыгъуэшхуэщ си дежкIэ: ди адэжьхэр щыпсэуа, абыхэм я лъэр зытеува щIыпIэм сэри сыщыIэныр.
- Спортыр дахэщ, гъэсэныгъэ, бэшэчагъ сабийхэм яхелъхьэ. Хуабжьу сфIэфIу садолажьэ ныбжьыщIэхэм. Адрей спорт лIэужьыгъуэхэр Iейщ схужыIэнукъым, ауэ тхэквондом хуэдэ яхэмыту къысщохъу.
- — УзыщIэхъуэпс IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэбгъэгъуэта нэужь, хэт сэбэп къыпхъуэхъуа лэжьыгъэм ухашэнымкIэ?
- — Хуабжьу сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ, ноби аращ КъБР-м тхэквондомкIэ и тренер нэхъыщхьэ Ахъмэт Амир. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абырэ сэрэ дызэригъэцIыхуауэ щытащ тренеру лэжьа Балэ Аслъэнбий. Си лэжьыгъэр си гум дохьэ, си гъащIэм увыпIэ лъагэ щиубыду жыпIэ хъунущ. Си мурадщ адэкIи сабийхэр мы спорт лIэужьыгъуэм хуэзгъасэу, дезгъэхьэхыу сылэжьэну.
- — Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр щызэвгъэгъуэта уэри уи гъэсэнхэми мы спорт лIэужьыгъуэм?
- — Еджэныр къэзухыу сыкъыщалъхуа Иорданием сыщыкIуэжам щыгъуэ, абы къыщызэрагъэпэща зэхьэзэхуэхэм щэнейрэ чемпион сыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзгъэзэжу лэжьэн щIэздза нэужь, си гъэсэнхэм куэдрэ сагъэгушхуащ. Абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъагъуэ республикэ, урысейпсо, европэ зэхьэзэхуэхэм, япэ увыпIэхэри мызэ-мытIэу къыщахьащ. Дыщогугъ абыхэм Олимп чемпионхэр къахэкIыну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм я цIэхэр фIыкIэ зыгъэIун, я пщIэр къэзыIэтын щIалэгъуалэ диIэну.
- НэгъуэщI ехъулIэныгъэхэри диIэщ, ауэ си дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр сабийхэр мы спорт лIэужьыгъуэм дезгъэхьэхыфынырщ, гъэсэныгъэ ябгъэдэслъхьэфрэ гъащIэм увыпIэ щагъуэтынырщ. Абы нэхърэ нэхъыфI щыIэу сщIэркъым. А псоми я щхьэжщ къытщIэхъуэ щIэблэм я Хэкур фIыуэ ялъагъуу, нэхъыжьхэм, я адэ-анэм пщIэ хуащIу згъэсэфмэ. Аращ къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къэслъытэр.
- — Упсэу, Елдар! Уэ пхуэдэ хэкупсэ нэхъыжьыр зи гъуэгугъэлъагъуэ ныбжьыщIэхэр фIы дыдэ хъун хуейщ.
- Епсэлъар КъБКъУ-м и студенткэ ЛIУП Радимэщ.