КъэхъукъащIэхэм хуэхьэзырхэр
2019-07-02
- УФ-м и МЧС-м ди республикэм щиIэ и къудамэ нэхъыщхьэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, «РусГидро» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр филиалым хыхьэ Аушыджэр гидроэлектростанцым мафIэс къэмыгъэхъуным хуэгъэза зыгъэсэныгъэ-къэпщытэныгъэ Iуэхугъуэхэр щекIуэкIащ.
- Зыгъэсэныгъэ лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщахэм щыгъуазэ зыхуащIащ Урысейм и МЧС-м и мафIэс-къегъэлакIуэ гуп щхьэхуэхэр щытыкIэ гугъухэм я деж зэрызэрыщIэм, зэрызэпыщIам, республикэм и мафIэс-къегъэла-кIуэ къулыкъур Аушыджэр ГЭС-м и администрацэм зэрыдэлажьэм.
- МафIэс къэмыгъэхъунымкIэ къулыкъум щыщ-хэм зрагъэщIащ энергетикэм а и объектым къыщхьэщыкIыныгъэу иIэхэмрэ лыгъэ къыщыхъунымкIэ и тIасхъапIэхэр зыхуэдэмрэ, апхуэдэуи, зыхагъэгъуэзащ мафIэр гъэункIыфIыжыным хуэщIа техникэу щIэныгъэлIхэр куэд щIауэ зи яужь итхэр къызэрагъэсэбэп хъуну щIыкIэм, нэгъуэщIхэми.
- Егъэджэныгъэм псори зэхэту зи IэщIагъэм хуэIэижь щIалэ 60-рэ техникэ зэмылIэужьыгъуэу 11-рэ кърашэлIащ.
- Гъэсэныгъэ-къэпщытэныгъэм кърихьэлIахэм я пащхьэ ирагъэува «дерсри» тынштэкъым: ГЭС-м и машинэ залым къыбгъэдэт, электрокъару къэзыт трансформаторхэм ящыщ зым, кIапситI зэрызыщызэлъэIэсам къыхэкIыу, «мафIэ» къыщылындат. А «къэхъукъащIэм» а Iэмэпсымэм и джабэхэр къызэгуиудри, ар зэрыузэда дагъэр унэ лъэгум щызэбгригъэжат…
- «ТхьэмыщкIагъэ» зылъэIэса объектым теухуауэ хъыбар зрагъэщIа мафIэсгъэункIыфIхэр зэман кIэщIым къриубыдэу а щIыпIэм къэсами, лыгъэм зиубгъуат, ихъуреягъкIи Iугъуэм зэщIищтат, узэрыщызекIуэфыни узэрыщыбэуэфыни щымыIэу. Абы къыхэкIыуи IэщIагъэлIхэм къагъэсэбэпын хуей хъуащ, цIыхум и нэри, и пэри, и щIыфэри мафIэм ящызыхъумэ Iэмэпсымэхэмрэ щыгъынхэмрэ.
- МафIэсгъэункIыфI гупхэм, зым адрейм зэрызыщIигъэкъуам и фIыгъэкIэ, «лыгъэр» ягъэкIуэсэжащ, гугъу зэрыдехьыщаи щымыIэу, зэманышхуи ирамыгъэхьу.
- ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, Аушыджэр ГЭС-м щрагъэкIуэкIа зыгъэсэныгъэ-къэпщытэныгъэ дерсхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытар, экономикэм дежкIэ мыхьэнэ ин зиIэ объектхэм къыщыхъуфыну тхьэмыщкIагъэхэм япэлъэщын и IуэхукIэ, мафIэсгъэункIыфIхэмрэ абыхэм я унафэщIхэмрэ зэрыхуэхьэзырыр зэхэгъэкIынырт.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.