Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Урысейм и Махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-06-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Урысейм и МахуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
- А Махуэшхуэр ди къэралым лIэщIыгъуэ куэдкIэ икIуа гъуэгуанэм, лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхуэм я гъащIэр зэгуэхыпIэ имыIэу зэрыщытым я дамыгъэщ икIи абы патриотизмэм, хэкум и цIыхуу щытыным хуэдэ фIыгъуэшхуэхэр, Хэкум и нобэмрэ и къэкIуэнумкIэ жэуап зэрытхьыр къыхощ.
- Дэ дрогушхуэ ди Хэкум и тхыдэ иным, абы и гурыщIэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм. Абы псэзэпылъхьэпIэ лъэхъэнэрэ гъэунэхуныгъэ хьэлъэу куэд къыхуихуащ. Ауэ ди цIыхухэм сыт хуэдэ гугъуехьри щIыхь пылъу къызэранэкIырт. Сытым дежи абы и къежьапIэт зэкъуэтыныгъэ быдэмрэ Хэкум текI имыIэу зэрыхуэпэжымрэ. Быдэу дызэкъуэтмэ, дызэщIыгъумэ дэ сыт хуэдэ гугъуехьхэри тэмэму къызэрызэднэкIынум, Урысей иным и фIыгъуэр, къарур, щIыхьыр къызэрызэдгъэпэщынум шэч хэлъкъым.
- СигукIи си псэкIи сынывохъуэхъу узыншагъэ, мамырыгъэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну.