Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэр Урысейм и МахуэмкIэ цIыхухэм йохъуэхъу
2019-06-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
- Урысейм и МахуэмкIэ дынывохъуэхъу!
- Мы махуэр ди адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я лIыгъэр дигу къэдгъэкIыжын, ди Хэкум и нобэмрэ абы и къэкIуэнумрэ дегупсысын, къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэм я пащхьэ щытхь жэуапыр къыдгурыIуэн, къэкIуэну зэманыр нэхъыфIыж, нэхъ дахэж хъун папщIэ зэфIэдгъэкIахэмрэ длэжьын хуейуэ къытпэщытхэмрэ зэпэтлъытэн папщIэ щхьэусыгъуэ хъарзынэщ.
- Дэ шэч къытетхьэркъым Урысейм и Махуэр гъэлъэпIэныр ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэмрэ зэрыIыгъыныгъэмрэ, ахэр ди Хэку иным икIи лъэщым — Урысей Федерацэм — зэрыхуэпэжым я дамыгъэ нэсу зэрыщытынум. Лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм я хабзэ нэхъыфIхэр щIэгъэкъуэн къэтщIурэ, мамырыгъэмрэ цIыхубэм я зэгурыIуэныгъэмрэ дгъэбыдэу-рэ, щыIэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ, апхуэдэу иджырей зэхэщIыкIымрэ зыу-жьыныгъэм и гъуэгу нэхъыфIхэмрэ къэдгъэсэбэпурэ дэ къытпэщыт къалэн псори дгъэзэщIэнщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнур къызэдгъэпэщынщ!
- Нобэ дэ дыщопсэу къэрал щхьэхуитым, лъэщым, ипэжыпIэкIэ къэрал иным. Урысейм и къарум и хэкIыпIэр абы и зэкъуэтыныгъэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм адэкIи заужьынымкIэ шэсыпIэр дызэгурыIуэу дыпсэунырщ, ди гъунэгъухэм я Iуэху еплъыкIэмрэ я фIэщхъуныгъэмрэ пщIэ яхуэтщIынырщ, хьэлэлу лэжьэнырщ, псоми ди зэхуэдэ унагъуэр дыхуэсакъыу тхъумэнырщ.
- Мы гуфIэгъуэ махуэ гъуэзэджэм Жылагъуэ палатэм хэтхэм я цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ, ефIэкIуэныгъэ, мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ фиIэну!
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ
- Берд Хьэзрэталий