НэхъыфIхэр ягъэбелджылы
2019-06-12
- Хабзэ хъуауэ, ди республикэм илъэс къэс щокIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къыхэжаныкI IэщIагъэлIхэр белджылы къэщIыным ехьэлIа еплъыныгъэ-зэпеуэ. Мы гъэми а лэжьыгъэм ди щIыналъэм щыпащэ.
- 2018 — 2019 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр къыщагъэлъагъуэ дэфтэрхэр КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ягъэхьащ егъэджакIуэ пажэхэм. А тхылъхэм хэплъащ IэнатIэм къызэригъэпэща къэпщытакIуэ гуп щхьэхуэр. Абы наIуэ къызэрищIамкIэ, зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм хэтыну къыхахащ егъэджакIуэ 15-м я лэжьыгъэхэр. Ахэр мыгувэу зэпеуэнущ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, я проектхэр ягъэлъэгъуэнущ, зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр наIуэ къащIынущ. НэхъыфIхэм ахъшэ саугъэткIэ яхуэупсэнущ.
- Ди гуапэ зэрыхъущи, зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэсахэм ящыщщ Бахъсэн дэт курыт школ №9-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Нэзэр Марьянэ Хьэсэнбий и пхъур. Абы утыку кърихьа лэжьыгъэр нэхъыфIхэм халъытащ къэпщытакIуэхэм. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм зэпеуэм ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьэну ди гуапэщ.
- ТАМБИЙ Линэ.