ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Узыншэу ущыт, КъуэкIий»

2019-06-12

  • Тхыгъэм псалъащхьэ хуэтщIа псалъэухар и фIэщыгъэу «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм лэжьыгъэщIэ дунейм къыщытехьащ. Адыгэбзэр хэмыту бзэ пщыкIуплIкIэ зэрадзэкIа, урыс тхакIуэ Сергиенкэ Константин и тхылъ цIэрыIуэу «До свидания, Овраг» жыхуиIэр адыгэ тхылъеджэхэм я пащхьэ кърилъхьащ Къуэжэм Эдуард.

  • Дызэрыт лъэхъэнэм и нэщэнэфIхэм ящыщщ и сабиигъуэм адыгэбзэкIэ псэлъэну Iэмал зимыIа, анэдэлъхубзэр щылажьэ щIыпIэ щымыпсэуа цIыхухэм, балигъ хъуа нэужь, езыхэм я гукъыдэжкIэ я бзэр яджыжыну мурад зэращIыр икIи ар хъарзынэу къазэрехъулIэр. Апхуэдэ зы щапхъэ дахэ дегъэлъагъу дзэ къулыкъум зэрыпэрытым хуэдэурэ, анэдэлъхубзэмкIэ ехъулIэныгъэхэм лъэIэса Къуэжэм Эдуард.
  • «Советская молодёжь», «Газета Юга» газетхэм я лэжьакIуэхэм ядригъэкIуэкIа уэршэрым Къуэжэмым езыми щыжеIэ зэрыцIыкIурэ адыгэбзэ Iурылъу къэгъуэгурыкIуахэм зэращымыщыр. Суворовым и цIэр зэрихьэу Владикавказ дэт училищэмрэ дзэ къулыкъущIэхэр щагъэхьэзыру Ташкент дэт еджапIэмрэ къиуха нэужь, Эдуард уэгум щызэуэным хуэщIа жыжьэрыуэ Iэмэпсымэхэм япыщIа дзэм хэтащ, Ленинград дэт дзэ-инженернэ академием щеджащ, Байконурым щылэжьащ. «Байконурым сыщыIэу, си ныбжьыр илъэс 34-рэ хуэдиз щыхъум, сегупсысын щIэздзащ: «Унэм сыкIуэжмэ, бзэр сымыщIэу дауэ цIыхухэм сазэрыдекIуэкIынур?» Арати, зыгъэпсэхугъуэ мазэр щесхьэкI Налшык сыщыIэху, тхылъ щащэ тыкуэнхэм сыкIуэурэ, алыфбейм щегъэжьауэ адыгэбзэр зэрадж тхылъ псори зэзгъэпэщащ, узэдаIуэ хъун гуэрхэр къэсщэхуащ, «Iуащхьэмахуэ» журналыр Къэзахъстаным нысхуэкIуэн хуэдэу тездзащ. Седжэн, сытхэн, усэхэр зэзгъэщIэн щIэздзащ, — игу къегъэкIыж Эдуард и плъапIэм зэрыхуэкIуа гъуэгуанэр. — 1992 гъэм Налшык сыкъыщыкIуэжам, «Къамботрэ Лацэрэ» романым щыщ IыхьитI гукIэ сщIэрт». Зэман дэкIыу, къуажэ пхыдза гуэрым къыщищэхуа, Сергиенкэ Константин и тхылъыр къыIэрыхьа нэужь, гур зыкIэрыпщIэ тхыгъэ куэдым къазэрыщыщIым ещхьу, ар Эдуард езым и анэдэлъхубзэкIэ зэрыIункIи хъунур къызыфIигъэщIурэ, хуэмурэ пщIыхьэпIэр нахуапIэ хъуащ.
  • «Оригиналу» щыт урыс тхакIуэм и IэдакъэщIэкIым и гугъу пщIымэ, тхыгъэр «балигъхэм папщIэ псысэ» зыфIаща жыпхъэм итщ. Сыт тхакIуэм дызыхигъаплъэ хъыбарым тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ хуэхъур жыпIэу ущIэупщIэмэ, гупсысэр зыхуэкIуэр «гущIэгъу» псалъэрщ. ГущIэгъурщ псэ зыIут псори — цIыхухэри, хьэхэри, джэдухэри, бзухэри — дызэзыпхыр. Ара къыщIэкIынщ Эдуард а тхыгъэм езым и бынхэри, и быным я быныжхэри зэрыщIипIыкIар езыр-езыру къэхъуа Iуэху хуэдэу къыщIыпфIэщIыр.
  • Iуэтэжым кIуэцIрыкI хъыбарым Гушхуэ зыфIаща хьэм (тхылъым ар зэрыхэувэр «Гордый» цIэмкIэщ) зэригъэзахуэ гупсысэхэм дахегъаплъэ. Хьэ губзыгъэм къызэрилъытэмкIэ, мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэу гъащIэм хэт къалэныр «уи ЦIыху» къэбгъуэтыжынырщ. КъуэкIийм зэрыщыпсэум къыхэкIыу, Гушхуэ хьэ щхьэхуиту зыкъыщохъуж. Абы елъагъу «хьэ кIэрыпхахэр» нэхъ тыншу зэрыпсэур, жэщ щIыIэхэми, мэжэщIалIагъэми щыхъумауэ. А псоми я щхьэусыгъуэр ахэр «зыгуэрым и хьэу» зэрыщытырщ. Гушхуэ абыхэм ехъуапсэркъым. «Сэ хуитыныгъэр сфIэфIщ. Ауэ дэтхэнэ кIэрыпхам хуэдэу, сэри ЦIыху сиIэщ. Пэжщ, дэ куэдрэ дызэрылъагъуркъым, ауэ сэ сыпсэухукIэ абы сыхуэпэжынущ», — зэрегъэзахуэ хьэ губзыгъэм. Iуэтэжым и кIэм Гушхуэ зи гугъу ищI щIалэм хьэр укIыпIэм иримыгъашэу, гъущI хъарым ирыримыгъадзэу, «Ар сэ си хьэщ» жеIэри, кIэлъыплъакIуэхэм къаIэщIех, тхыгъэм и лIыхъужьыр «тхъэрэ псэууэ» еух. «ГущIэгъу зыхэлъырщ ЦIыхукIэ уеджэну зыхуэфащэр», — къыджиIэ хуэдэщ Къуэжэм Эдуард адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъа Сергиенкэ Константин.
  • Дызытепсэлъыхь лэжьыгъэр зэдзэкIыгъэу щыщыткIэ, гу лъытапхъэт тхэныр зи IэщIагъэу щымыт Къуэжэмым ар здынигъэсыфа лъагапIэми. «Iуэху мыублэм блэ хэсщ» щыжаIэкIэ, дэтхэнэ япэ лэжьыгъэми дэбгъуэн зэрыбгъуэтынур IупщIщ. Ауэ мы тхылъым и щыщIэныгъэ мащIэр, дэ дызэрегупсысымкIэ, къызыхэкIар зэдзэкIыгъэм художественнэ редактор зэримыIэрщ. Тхыбзэ и лъэныкъуэкIэ хэт щыуагъэхэр хэбгъэкIыжмэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхэнымкIэ IэщIагъэлI хэплъэжмэ, «Узыншэу ущыт, КъуэкIий» тхылъым и зэдзэкIыгъэу Къуэжэм Эдуард ди пащхьэ кърилъхьар и бзэм пщIэ гуэр хуэзыщI дэтхэнэ зыми хуэщхьэпэн лэжьыгъэ нэгъэса зэрыхъунум шэч закъуи хэлъкъым. И къуэхэм я мылъкукIэ псапэхуэщIэу, абы къикIыр — тыгъэ защIэу зэбграгъэкIыну традза тхылъ миным а редактор лэжьыгъэр дыщIыбгъужмэ, гъэсэныгъэ Iуэхум зэрипх балигъхэмрэ сабийхэмрэ зыщыгуфIыкIын, цIыкIухэми инхэми щIым намыгъэсу къыздрахьэкIын лэжьыгъэ телъыджэ къыхэкIынущ мы IэдакъэщIэкIым. Нэхъ гугъур – Iуэтэжыр адыгэбзэм къигъэзэгъэн Iуэхур — зэфIэкIащ. Къэнэжар ар ди тхыбзэр нобэ здынэса лъагапIэм нэбгъэсыжынырщи, ар редактор лэжьыгъэщ.
  • Илъэс пщIейм щхьэдэхауэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ апхуэдэ «литературэ лIыгъэ» зезыхьэфа тхьэмадэм адыгэ тхылъеджэр зэригъэгуфIэн Iуэху щхьэпэ мымащIэ дяпэкIи къызыкъуихыну, и зэдзэкIакIуэ къалэмыпэр иджы зытригъапсэ Толстой Лев сабийхэм папщIэ итха хъыбархэм мыгувэу адыгэбзэкIэ дыкъригъэджэну дыщогугъ. Хэкум зэрисым хуэдэу, анэдэлъхубзэр и щIэблэм Iурылъу къагъэтэджын зэрыхуейм хуэбэлэрыгъ нэхъыжьыфIхэр мы щапхъэ дахэм дихьэхын Тхьэм ищI.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.