Зыми емыщхь хъэтI зиIэ Балэ Мухьэдин
2019-06-12
- И гъащIэр макъамэм хуэгъэпсат
- Балэ Мухьэдин Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ макъамэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зыщ, макъамэу, уэрэду, оперэу, симфониеу 300-м щIигъу итхащ.
- Балэ Мухьэдин Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Пшынэ еуэ и анэрщ щIалэ цIыкIум макъамэр фIыуэ езыгъэлъэгъуар, абы дезыгъэхьэхар. Мухьэдин языныкъуэхэм деж и анэм и пшынэр къищтэурэ, зэхиха макъамэхэр къригъэкIырт.
- 1937 гъэм Кэнжэ къыщызэрагъэпэщауэ щытащ накъырапщэхэм я колхоз оркестр. Андреевым и цIэр зезыхьэ колхозым и унафэщIхэм Харьков щыщ Мешков Иван капельмейстеру кърагъэблэгъат. Абы щIалэгъуалэ накъырапщэхэм я оркестрым хэтынухэр къыщыхихым, занщIэу гупым хигъэхьат Балэхэ Мухьэдин, Мухътар, Закъэ сымэ. Ахэр псори бжьамий епщэнут.
- Мухьэдин оркестрым хэтурэ япэ ехъулIэныгъэхэр къехь. Мешков абы дзыхь хуищIырт адыгэ макъамэхэм я пьесэ цIыкIухэр щагъэзащIэм деж оркестрым и дирижёру щытыну. Оркестрым и къыхэдзакIуэри бжьамийм фIы дыдэу епщэ Мухьэдинт.
- Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, Балэр езыр щIолъэIури, дзэм макIуэ. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шууей дивизэм и оркестрым бжьамияпщэу хагъэхьэ. 1942 гъэм Сталинград и гъунэгъуу щекIуэкIа зэхэуэхэм ящыщ зым Балэ Мухьэдин уIэгъэ щохъури, фашистхэм гъэру яубыд. ГъэрыпIэм щисам Мухьэдин зыхищIащ фашистхэм я гущIэгъуншагъэр. Iузэв тенджызым пэгъунэгъуу Таганрог къалэм щаухуа гъэрыпIэм къокIуэсыкIыж ар, и ныбжьэгъур и гъусэу. ЖэщищкIэ кIуащ ахэр, Таганрог деж щIым кусэу къыхыхьэ, мылу щта псым телъу махуэкIэрэ пщыуэрэ. Ешауэ, къарууншэ хъуауэ ахэр бдзэжьеящэхэр щыпсэу къуажэ гуэрым екIуэлIащ. Унэ цIыкIу зыбжанэ фIэкIа мыхъу жылэм щыпсэухэр гуапэу къаIущIат абыхэм.
- ГъэрыпIэм къикIыжу и къуажэм къигъэзэжа иужь, НКВД-м и лэжьакIуэхэм яубыдри ягъэтIыс, щIэх дыдэуи зауэм ирагъэгъэзэж. Аргуэру уIэгъэ мэхъури, фашистхэм яубыд, япэм хуэдэуи къыщIопхъуэж. И узыншагъэр зэрыпэмылъэщынум къыхэкIыу, Мухьэдин зауэм игъэзэжыфыркъым икIи ар щылэжьэну ягъакIуэ сабийхэр щапI, щагъасэ унэм икIи зауэр иухыхукIэ абы щыIащ.
- ИужькIэ Мухьэдин IэфIыкIэ щащI фабрикэм и накъырапщэ оркестрым хохьэ, итIанэ Налшык паркым и оркестрым щолажьэ. А зэманым Балэм макъамэхэр, накъырапщэхэм я оркестрым папщIэ марш зыбжанэ етх. 1946 гъэм адыгэ опернэ студием щеджэнухэм яхэту макIуэри, Ленинград консерваторэм щIотIысхьэ, композитор Кочуров Юрий и гъэсэнхэм ящыщ мэхъу. ЩIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI егъэджакIуэм гу лъетэ адыгэ щIалэщIэм зэфIэкI зэриIэм икIи дерс къэс нэхъ гугъу къыщищIу щIедзэ, композитор къыхищIыкIын и мураду.
- 1946 гъэм и кIэм Балэ Мухьэдин и егъэджакIуэм и чэнджэщкIэ уэрэд итхыу щIидзащ. Абы щыгъуэщ дунейм къыщытехьар «Конституцэм и уэрэдыр», 1947 гъэм — «Комбайнёрым и уэрэд», «Гущэкъу уэрэд», «Сэ фIыуэ слъагъу шагъдийхэр» уэрэдхэр.
- Композитор щIалэщIэм къыдеджэхэм папщIэ итха уэрэдхэр абыхэм ягу ирохь, яфIэфIу жаIэ: «А пщащэм и цIэр къызжеIэт», «Гъатхэ», «Уи деж сынокIуэ». Апхуэдэу абы етх романсхэр, езым нэхъыфIу илъэгъуа жанрри — маршхэр — IэщIыб ищIыркъым. И Iэдакъэ къыщIэкIхэр щIэщыгъуэщ, гъэщIэгъуэнщ. Абы къыхэкIыуи Чайковскэм и цIэр зезыхьэ стипендиер къыхуагъэфащэ.
- Ауэ Балэр зауэм щыщыIа зэманым къыщыщIахэр лъэужьыншэу къанэркъым. А лъэужьыр Ленинград консерваторэм нос икIи 1949 гъэм илъэс 25-кIэ исыну тутнакъэщым ирадзэ. Мухьэдин илъэс зыбжанэкIэ щолажьэ Караганда щыIэ шахтэм. Зэман докIри, лагерым и унафэщIхэм къащIэ тутнакъэщым исхэм композитор зэрахэтыр икIи ар накъырапщэхэм я оркестрым хагъэхьэ. Тутнакъэщращ и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыфI дыдэу иужькIэ къалъыта «Хуитыныгъэ» маршыр, нэгъуэщI маршхэри Балэм щитхар.
- Сталиныр дунейм ехыжа, цIыхухэм хуитыныгъэ нэхъ ягъуэта иужь, къуаншагъэ ябгъэдэмылъу ягъэтIысахэр къаутIыпщыж. Абыхэм яхэтщ Мухьэдини. Хуит къащIыжа композиторым Ленинград егъэзэж, консерваторэм еджэным щыпищэжыну. Ар къеухри, Налшык къокIуэж.
- Балэ Мухьэдин уэрэд куэд етх КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Щоджэн Хьэбас, нэгъуэщIхэми я усэхэмкIэ. Абы и уэрэдхэр цIэрыIуэ мэхъу.
- 50 гъэхэм икухэм композиторым елэжьын щIидзащ куэд щIауэ и гум щигъафIэм — ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэмкIэ оперэ тхыным. Абы и япэ актым елэжьурэ, камернэ произведенэхэри етх. А зэманым Балэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ цIэрыIуэ хъуа уэрэдхэу «Гъагъэ, си Хэку», «Уэрщ си насыпыр», «Къуажэ монтёр», нэгъуэщIхэри. Балэ Мухьэдин макъамэм и жанр куэдым хэзагъэрт. Симфоние оркестрым щхьэкIэ увертюрэхэр, театрым щагъэув спектаклхэм — макъамэхэр, камернэ произведенэхэр яхуетх. Псом хуэмыдэу къехъулIащ Акъсырэ Залымхъан и «Къызбрун» пьесэм (1959 гъэ) хуитха макъамэр. Ар теухуащ XVII лIэщIыгъуэм кърым хъаныр Къэбэрдейм къызэрытеуам. А макъамэр иджыри зэ щыхьэт техъуат Балэ Мухьэдин театрым хуэтхэнымкIэ зэфIэкIышхуэ зэриIэм. «Къызбрун», «Марш», «Къафэ», «Ислъэмей» — ахэр ди симфоние оркестрым нобэми игъэзащIэхэм ящыщщ. Абыхэм ущедаIуэкIэ цIыхубэ уэрэдыжьхэр уигу къагъэкI.
- «Къызбрун» спектаклым хуитха макъамэм къыкIэлъыкIуащ драматург гъуэзэджэ Акъсырэ Залымхъан и пьесэхэм къытращIыкIа «Истамбыл», «Андемыркъан», «Къанэмэтрэ Къасболэтрэ» спектаклхэм яхуитхахэр.
- 1960 гъэхэм наIуэ мэхъу Балэ Мухьэдин симфониехэр тхыным зэрыхуэIэзэр. «Си Къэбэрдей-Балъкъэрыр» абы и япэ симфониешхуэщ. 1963 — 1967 гъэхэм композиторым етх «Дон и губгъуэхэм», «Сыт щыгъуи псэунущ» симфоние поэмэхэр. ЕтIуанэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я реквиемщ. Балэм и япэ симфониер симфониеттэу къежьат, итIанэ йолэжьыжри нэхъ ин ещI. Ар щыIуащ Москва, Ростов, Владикавказ, Кисловодск, Мейкъуапэ, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми.
- Абы къыкIэлъыкIуащ «Къуажэдэс щIалэгъуалэр» увертюрэр, симфоние поэмэшхуэхэу Кавказ Ищхъэрэм и граждан зауэм жыджэру, псэемыблэжу хэта Къатхъэн Назир теухуа «Назир», «Шууей плъыжьхэр» жыхуиIэхэр.
- Вокально-хоровой уэрэд зыкъоми итхащ Мухьэдин — ораториехэр, кантатэхэр, вокально-симфоние сюитэхэр. ЦIэрыIуэ хъуащ хорхэм папщIэ итха «Си Хэкум и уэрэд» ораториер.
- Къардэн Хьэсэн и гъусэу Балэм итхащ ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэм къытращIыкIа «Мадинэ» оперэр. Ар ди Музыкэ театрым щагъэлъэгъуауэ щытащ 1970 гъэм. Аращ адыгэ лъэпкъ оперэм лъабжьэ хуэхъуари.
- Театреплъхэм ягу ирихьауэ щытащ Балэм макъамэ зыхуитха «Шамхьун и фызышэ» музыкэ комедиер (либреттэр IутIыж Борис ейщ). Нобэр къыздэсым къалъытэ а музыкэ комедием ефIэкIын ямытхауэ.
- ЗэрытщIэщи, Балэ Мухьэдин накъырапщэхэм папщIэ макъамэхэр тхыныр нэсу къехъулIэрт. ПщIы бжыгъэкIэ дунейм къытехьащ апхуэдэ пьесэхэр, маршхэр: «Къэбэрдей», «Сэлам», «Черкесия», «Зэныбжьэгъугъэ» нэгъуэщIхэри. Языныкъуэхэр абы тутнакъэщым щитхат.
- Ди композиторхэм ящыщу Балэ Мухьэдинщ ди сабий усакIуэхэм ятхахэм япэу макъамэ щIэзылъхьар. Адыгэ, балъкъэр усакIуэхэм ятха сабий усэхэу Мухьэдин макъамэ зыщIилъхьахэр тхылъитIу къыдэкIащ.
- Ди республикэ макъамэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа композитор Балэ Мухьэдин 1973 гъэм къыфIащащ «КъБАССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- Балэ Мухьэдин и цIэр мыкIуэдыжын зыщIа макъамэр ди лъэпкъым пыщIащи, цIыхухэм сыт щыгъуи ягу илъынущ.
- ХЬЭХЪУПАЩIЭ Хьэжбэчыр.
- 1997 гъэ
- Ныбжьэгъухэм я псалъэ
- Тыншыну къигъэщIа цIыхутэкъым
- ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил,УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор: — Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ профессиональнэ музыкэм и къыщIэдзапIэ дыдэм деж щыта композитор гъуэзэджэхэщ. АдэкIэ абыхэм къакIэлъыкIуа дэ зыгуэр тхузэфIэкIамэ, искусствэм хэлъхьэныгъэ хуэтщIыфамэ, зи фIыщIэр ахэращ.
- Зауэ зэман бзаджэм хамылъхуауэ, зыхэта бэлыхь къомым пхымыкIауэ щытамэ, талантышхуэ зыбгъэдэлъа Балэ Мухьэдин дуней псом щызэлъащIыса макъамэ зэритхынум шэч лъэпкъ хэлътэкъым. Нэгъэсауэ духовой оркестрыр зыщIэ композиторт, симфоние гъуэзэджэхэр итхырт.
- Музыкэм и жанр нэхъ гугъу дыдэхэм зрипщытырт Мухьэдин икIи ахэр телъыджэу къехъулIэрт. Симфоние, марш, реквием хуэдэхэм къадэкIуэу, абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ адыгэ макъамэм къригъэзэгъа джаз музыкэр.
- Зэреджа мащIэр къигъэсэбэпурэ зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэжа, зэлэжьыжа цIыхут Балэ Мухьэдин. 115-нэ Къэбэрдей шуудзэм и накъырапщэу щыта Мухьэдин а Iэмэпсымэм щхьэкIэ итхащ макъамэ зыбжанэ. ЖыпIэнурамэ, гъащIэм и нэщIэбжьэ куэд зылъэгъуа, тыншыну къигъэщIа цIыхухэм ящымыща Балэр зыми къигъэдзыхакъым, и талантыр къигъэлъэгъуэнымкIи зыри зэран къыхуэхъуфакъым.
- Зи цIэр лъэпкъ тхыдэм къыхэна
- Къардэн Хьэсэн,Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, композитор: — Балэ Мухьэдин сэ къыщысцIыхуар Хэку зауэшхуэм и ужькIэщ.
- 1947 гъэм Шэджэм военкоматым сыщылажьэу, зыгуэрым макъамэр фIыуэ зэрыслъагъур жиIэу «сищагъэнт», абы накIуэри, сэ Налшык сыкъашат Ленинград консерваторэм щрагъэджэну гуп къыхахырти, абыхэм сыхагъэхьэну. КъэпщытакIуэхэм я деж сыщIыхьащ дзэ щыгъынхэр зэрысщыгъыу, зы сыхьэт ныкъуи сыщIэмыту къызжаIащ сызэрежьэным зыхуэзгъэхьэзырыну. Си нэ къызыхуикI IэщIагъэм сыхуеджэну Ленинград сыкIуэным сытезыгъэгушхуари, абы сызышари Балэ Мухьэдинщ. Адэ-анэ сиIэтэкъым, къысхуэгузавэу гъуэгу сытрагъэхьэну. ЕтIуанэ махуэм сежьэн хуейти, Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр къызэхэзжыхьащ, ахэр си дэIэпыкъуэгъууи гъуэгу сытехьащ. КIэстум тхурагъэдахэр Налшык деж къыщытщатIагъэри, къалэшхуэм дыкъыщыхутащ.
- 1948 гъэм сэ еджэн щIэздзауэ, Мухьэдин консерваторэм и етIуанэ курсым щеджэу си ныбжьэгъур скIэрачащ, нэмыцэхэм я гъэру ущытащ, жаIэри. ИлъэсибгъукIэ лъэхъуэщым иса Мухьэдин къуаншагъэ имыщIауэ къалъытэри, хуит къащIыжащ. И макъамэ Iэрытхыу письмокIэ къысхуигъэхьахэр хуэсхъумауэ естыжат. Си ныбжьэгъуфIу, си дэIэпыкъуэгъу нэсу, Iуэху куэдми дызэделэжьу дыкъекIуэкIащ.
- Музыкэ щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ ди республикэм зыкъыщиужьар зауэ нэужь лъэхъэнэрщ. А зэманым лэжьыгъэшхуэ зэдэтщIащ Мухьэдинрэ сэрэ, курыт еджапIэхэм художественнэ самодеятельностхэр къыщызэдгъэпэщу, ныбжьыщIэхэр макъамэ нэсым дедгъэхьэхыу. 1957 гъэм Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъур щагъэлъапIэми дыхэтащ Балэмрэ сэрэ.
- Ахърэт нэху Тхьэм кърит си ныбжьэгъужьым, сэ абы и фэеплъыр нобэми згъэкIуэдкъым, и IэдакъэщIэкIхэр КъБР-м и филармонием и симфоние оркестрым игъэзащIэхэм хэтщ.
- Къапщтэмэ, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яIэщIэкIуэдахэм яхуитха реквиемым фIэкIа Мухьэдин и Iэдакъэм къыщIэмыкIами, композиторым и цIэр тхыдэм къыхэнэнт.
- 2010 гъэ
- Гъэсэным и псалъэ
- «Хьэуэ» псалъэ зымыщIа си егъэджакIуэ
- Си щхьэм, си гуащIэм сыщегупсыскIэ, япэу зи цIэр гум къэкIыр Балэ Мухьэдинщ. Композитор-уэрэдус сыхъунымкIэ зифI къызэкIар а лIы щэджащэрщ, си зэфIэкIыр къызэIузыхари арауэ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. Къалэмыр зыгъэунэху къызэрыгуэкI щIалэ цIыкIум зэман кIэщIым къриубыдэу си егъэджакIуэ-гъэсакIуэм къыхищIыкIат зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ, уэрэдхэр тхыным хуэпабгъэ ныбжьыщIэ.
- Сыт хуэдэ IуэхукIэ убгъэдэмыхьами, «хьэуэ» псалъэ зымыщIа Мухьэдин сыхуэарэзыщ. Гуртуев Берт и псалъэхэр щIэлъу япэ дыдэ профессиональнэу стха уэрэдым щхьэкIэ шэч къытримыхьэу жиIат лэжьыгъэр зэрагъэзэщIэнур. Илъэс 16 сыхъуу арат абы щыгъуэ…
- Зы илъэсым и кIуэцIкIэ макъамэ гъэпсыкIэхэри сигъащIэри, пианинэм и гъусэу ягъэзэщIэну уэрэд цIыкIуиплI стхат. Иджыпсту жысIэфынукъым ахэр гъэщIэгъуэныщэ хъуауэ щытауэ, ауэ отчётнэ концертым Сыжажэ Мухьэжид щыжиIауэ щытащ абыхэм ящыщу щыр.
- Макъамэ Iэмэпсымэхэр къэзгъэIурыщIэу сезыгъасэ си анэр щIэх-щIэхыурэ схуеуэрт зы уэрэд. Абы хэту жиIэрт зы «цIыхубэ» макъами. Си анэм зэрыжиIэмкIэ, ар хамэщIым щызэхихат зы адыгей гуэрым жиIэу. Илъэс зыбжанэ дэкIауэ радиокIэ къату зэхызох ар зи лъабжьэ, шыкIэпшыниплIым зэдагъэзащIэ (струнный квартет) лэжьыгъэр. Си щхьэр лъагэу слъагъужат а макъамэр зэрысщIэм щхьэкIэ икIи згъэщIэгъуащ симфоние оркестрым и макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ зэрагъэзащIэр. ИужьыIуэкIэ абы сыщыхуэзащ ЗэрамыщIэ Заретэ и тхылъым «Адыгэ мухьэжырхэм я къафэ» и фIэщыгъэу. Си дежкIэ щэхуу къанэр зыщ: сыт Балэ Мухьэдин а пьесэм «Хъулам» ежьухэр фIищауэ щIыщытар?
- Балэ Мухьэдин и IэдакъэщIэкIхэм сэ щыгъуазэ сыхъуащ япэ дыдэу макъамэ Iэмэпсымэр къыщысщта махуэм щегъэжьауэ. Музыкэ интернат №1-м сыщыщеджэм симфоние концертхэм зэгъусэу дыкIуэн хуейуэ ди къалэнт. Мухьэдин сцIыхурти, программэм сыкIэлъыплъырт, абы и IэдакъэщIэкIхэр зыхэтхэм зрезгъэхьэлIэну. Апхуэдэу къэсщIащ «Къызбрун» симфоние сюитэр, «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я къафэ макъамэхэмкIэ ятха симфоние къафитхур» лэжьыгъэр. ИужькIэ сыхущIэкъу хъуащ и IэдакъэщIэкI псоми зыщызгъэгъуэзэным. Егъэлеяуэ сигу ирихьат ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэр и лъабжьэу Шортэн Аскэрбий игъэува «Мадинэ» спектаклым Мухьэдин хуитха макъамэр. ИужьыIуэкIэ а макъамэхэр хыхьащ Балэмрэ Къардэн Хьэсэнрэ Музыкэ театрым щхьэкIэ ятха (либреттэр ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр ейщ) оперэ партитурэм.
- Зи лэжьыгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щыIуну зи кIэн къикIа адыгэ композитор закъуэтIакъуэм ящыщщ Балэр. «Вечно живые» реквиемыр Совет Союзым и къалэ зэхуэмыдэхэм щыжаIащ, и марш телъыджэхэр Кремлым и комендатурэм и духовой оркестрым игъэзэщIахэм ящыщщ, Москва и Утыку Плъыжьым мызэ-мытIэу Мухьэдин и макъамэхэр щызэхахащ.
- И IэдакъэщIэкIхэр зэрыуахътыншэм хуэдэу, и цIэри тщымыгъупщэну сыхуейщ. Мухьэдин хуэдэхэрщ лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр.
- Жырыкъ Заур,
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
- гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор.
- Щхьэгъусэм и псалъэ
- Гъуазджэрщ дызэхуэзышар
- Сэ библиотекэм сыщылажьэрт. Мухьэдин абы накIуэрт тхылъ, журнал, газет гуэрхэм еджэну. Адрей щIэджыкIакIуэхэми хуэдэу, абыи зыхуей тхылъхэр, тхыгъэхэр къыхуэзгъуэтыну сыхущIэкъурт. Езыращ гу къыслъызытар. Ар нэхъыбэрэ къакIуэ хъуащ ди библиотекэм. ИтIанэ къысщIэупщIащ икIи илъэс иримыкъукIэ дызэхуэзауэ, зы унагъуэ дыхъуну тедухуащ. ЖыпIэ хъунущ макъамэ гъуазджэм дызэхуишауэ. ПцIы хэлъкъым сэ япэу сызэплъар абы и хьэл-щэныр, и щытыкIэр, и цIыху хэтыкIэр арауэ зэрыщытым. ГушыIэрейт, губзыгъэт, куэдым фIыуэ къалъагъурт.
- Ар зыпхыкIа гугъуехьхэр бгъэвауэ апхуэдэ цIыхуу укъызэтенэныр къызэрымыкIуэу лIыгъэшхуэт. Арагъэнщ макъамэр фIыщэу зэрилъагъур, абы «къыдэхуэ» лъагъуныгъэр ди пхъум нэхъыбэу зэрылъигъэсыр зэи щхьэжэ щIэзмыщIар.
- Сэ Мухьэдин тезгъэгушхуауэ щытащ къызыщIашу ягъэтIыса Ленинград консерваторэм щIэтIысхьэжу ар къиухыжыну. Апхуэдэ мурад абы иIэжтэкъым, ауэ сэ къызгурыIуэрт узрилэжьэну уи гугъэ дэтхэнэ зы IэщIагъэми щIэныгъэр и лъабжьэу щытын зэрыхуейр.
- Мухьэдин ныбжьэгъу куэд иIащ икIи ахэр фIыуэ илъагъурт. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Сэкрэк Хьэсэн, Къардэн Хьэсэн, Молэ Владимир, ПащIэ Ахьмэд, Темыркъан Юрэ, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Мысачэ Пётр, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим сымэ, нэгъуэщIхэри. Мухьэдин цIыхухэр фIыуэ илъагъурт, макъамэ тхыным къыщыдэхуэм и деж ахэр и гъусэу зэрыгъэгушхуэу, зэдэуэршэру щысыну фIэфIт.
- Мухьэдин фIыуэ ищIэрт унагъуэм и мыхьэнэр, дэIэпыкъуэгъуфIт, псом хуэмыдэу дипхъу Линэ хуимыщIэн щыIэтэкъым. Куэдрэ согупсыс: сыту куэд макъамэ гъуазджэм хуищIэфыну къэнат, сытуи и узыншагъэр Iэпэдэгъэлэл ищIрэт. Бетэмал, сэ ар къызэдэIуамэ, и гъащIэм къыпищэну къысщыхъурт.
- Мухьэдин и благъэ гъунэгъуу, и ныбжьэгъу пэжу нобэ псэухэм фIыщIэшхуэ яхузощI, абыхэм ядэслъагъу пщIэмрэ нэмысымрэ щхьэкIэ.
- КЪУМАХУЭ Тамарэ.
- Лъэужь дахэ къэзыгъэна
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм мазэ зы-тIу ипэкIэ щагъэлъэгъуащ, телевизорымкIэ къатащ республикэм и профессиональнэ музыкэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, лъэпкъ макъамэм и классик Балэ Мухьэдин и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа документальнэ фильм. Ар ягъэхьэзыращ «Урысей 1» къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм, журналист Битокъу Нелли я пашэу.
- Композитор цIэрыIуэм и псэукIамрэ и лэжьыгъэмрэ цIыхухэр щыгъуазэ ящIын папщIэ абы къыщагъэсэбэпащ КъБР-м и къэрал архивым, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я архив нэхъыщхьэхэм я фондхэм, республикэм и радиомрэ телевиденэмрэ щахъумэ нэтын гъэщIэгъуэнхэм щыщхэр. Пшыхьым къыщыпсэлъахэм нэхъыщхьэу къыхагъэщар Балэ Мухьэдин цIыху нэфIэгуфIэу, сабийхэр фIыуэ илъагъуу, макъамэм зэфIэкI ин щиIэу, гушыIэ хэлъу, хьэл-щэн дахэ зыдэплъагъуу зэрыщытаращ.
- — КъызэрыщIэкIамкIэ, Балэ Мухьэдин и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ мащIэ дыдэт тщIэр. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ гъэр зэрыхъуар, иужькIэ зыпхыкIа ГУЛАГ-р… — къыджеIэ фильмыр зыгъэхьэзыра Битокъу Нелли. — Апхуэдэхэм щхьэкIэ зыри жамыIэмэ нэхъ къызэращтэр хьэкъ сщыхъуащ, ди республикэм и телевиденэм и нэтын гъэтIылъыгъэхэм Балэ Мухьэдин теухуауэ зы кадри къыщыщызмыгъуэтым. Абы си гум къыщигъэушащ Мухьэдин теухуауэ нэхъыбэ зэзгъащIэу ар телевизореплъхэм я деж нэсхьэсыну. Фильмым хэт макъамэ IэдакъэщIэкIхэм (ахэр мащIэкъым) зэрызыщагъэгъуэзам къыдэкIуэу, а лIы хахуэм, зэфIэкI ин зиIам, абы щыгъуэми къызэрыгуэкI дыдэу дунейм тетам и гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ ириплъэжыну, яхуэщхьэпэн куэд къыхахыну, ар щапхъэ яхуэхъуну си гуапэщ. Апхуэдэу хъурэ — лэжьыгъэм иужь сыщихьэм зыхуэзгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ къызэхъулIауэ къэслъытэнущ.
- Зытхыжар БЛИЙ Даянэщ.