Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2019-04-13
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
- Мэл кIапэ гъэгъуа, тебэкIэ гъэжьауэ
- КIапэ гъэгъуар псы хуабэкIэ ятхьэщI, бзыгъэурэ зэпаупщI, г 150-рэ хъууэ. Зы сатыру тебэ Iувым иралъхьэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэри, тебащхьэр тепIауэ мафIэм трагъэувэ. МафIэр ирашэхри, кIапэр зэрагъэдзэкIыурэ, дакъикъи 10 — 15-кIэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ.
- Iэнэм щытрагъэувэнум и деж тепщэч чэнжым бэлагъыщхьэурэ пIастэ хуабэ иралъхьэ, абы кIапэ гъэжьар тралъхьэжри, тебэм къина щэ ткIуар тракIэж.
- Шхурэ шатэкIэ щIа бжьыныху шыпс дытрагъэувэ. Шэ гъэпщта трафыхьыж.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): кIапэ гъэгъуауэ — г 400, псы щIыIэу — г 70.
- Зэпкърымыхауэ гъэжьа джэд
- Абы щхьэкIэ джэд гъэкъэбзар зэгуамыупщIыкIыу и кIуэцIыр кърах, гъуанэ ин ямыщIу, фIыуэ ятхьэщI, ягъэгъущыж, и кIуэцIри зыхуей хуагъазэ. Джэд гъэкъэбзам и кIуэцIыр бжьыныху-шыгъу, шыбжий сыркIэ фIыуэ яшыу. И щIыбым шыгъу щахуэу аращ. КIуэцIфэцI къагъэхьэзырар и кIуэцIым иралъхьэж. ИтIанэ джырафинэм псы щIыIэ иракIэри, абы джэдыр фIалъхьэ, мыджэлэн хуэдэу, хьэкулъэм ирагъэувэри тхъуэплъ дахэ, хьэзыр хъуху ягъажьэ, джэд щIыбым шатэ щахуэурэ.
- Джэд жьар хьэкулъэм кърахыж, джырафинэм къыфIахри, тепщэчым илъу зэпкърах. Яшх пщтыру, пIастэ, щIакхъуэ и гъусэу.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр»тхылъым къитхыжащ.
- ГъащIэ теплъэгъуэ
- Напэ
- УщIалэ щIыкIэ нэмысыр хъумэ.
- Псалъэжьщ.
- Автобусым цIыхур щыIувщ: зыкъом зэфIэтщ тIысыпIэ ямыIэу.
- — Дыкъэгъэтэджи, мы фызитIыр дыгъэгъэтIыс.
- — Хэт а тIур? Уи анэ хьэмэрэ уи шыпхъу?
- — Хьэуэ… Си зырикIщ, ауэ нэхъыжьхэщ.
- — Сыт-тIэ абы щхьэкIэ! УтIысамэ, щыс…
- Апхуэдэу щэхуу зопсалъэ я ныбжькIэ илъэс пщыкIубл нэхъыбэ зумытыну хъыджэбзитI. Пщащэ къамылыфэ нэ зэв цIыкIур, щхьэгъубжэм кIэрысыр, зэм плъыжь, зэм хужь мэхъу. Ар къэтэджыну хэтщ, ауэ «тхылъ еджэу» къыбгъэдэс щхьэц фIыцIэ нэ хъурейм къыдигъэкIыркъым, «билет ущиIэкIэ, уи мыIуэху зумыхуэу щыс» жеIэри. ФызитIым зэхах а тIум жаIэри, ягъэщIагъуэ зэрызэныкъуэкъур.
- Кондукторым билетхэр къепщытэ. ФызитIым яIэщIэлъ тхылъымпIэ щхъуантIэ цIыкIухэм йоплъри, абы унафэ ещI хъыджэбз цIыкIухэр я тIысыпIэм къыIукIыну.
- — Дэ билет диIэщ, фыдгъэтIысынукъым, — зехъунщIэ хъыджэбз щхьэц фIыцIэм.
- — Къытхуэвгъэгъу, емыкIу къэтхьащ, — щIым еплъыхыурэ къотэдж къамылыфэр.
- Билет номерхэр зэхагъэзэрыхьауэ арати, хъыджэбзитIыр нэгъуэщI тIысыпIэм кIуэн хуей хъуащ, ахэр здэщысар фызхэм ейуэ арати, абдеж щетIысэхащ. Щхьэц фIыцIэр къыхуагъэлъэгъуам кIуэри абыи яфIэтIысыжащ, мыдрейр, ауэ а здэщытым деж щыуващ.
- — Мыр сыт? Щхьэ баш пIыгъ, дахэ цIыкIу? — фыз нэкIутIэ лъагъугъуафIэр къыщхьэщыт пщащэ цIыкIум йоупщI.
- — Ауэ… къэсщтат.
- — Уи лъакъуэр узрэ?
- — Хьэуэ… узыщэркъым.
- — Сыт къыщыщIар, на? — мыдрей фыз гъурри щIоупщIэ.
- ЦIыхубзхэр зыкъомрэ къыпкърыупщIыхьа нэужь, хъыджэбз цIыкIум и щхьэр къимыIэту жеIэ:
- — ЩIалэ цIыкIу гуэр мафIэгум пэщIэлъадэрти, ар къыщыIуздзым апхуэдэу хъуащ…
- Ар къыщыхъуар нэгъабэ гъатхэращ. Щоджэн Iэдииху школым къикIыжырт. Хъыджэбз цIыкIум щIэмычэу зеплъыхь: зэм абы и нэм къыIуедзэ уафэ щхъуантIэр, зэм гъэгъэн щIэзыдза жыгхэм зыIэпашэ… Дуней къэушам пщащэм и гум IэфIу зыкърешэкIри, гъуэгу зытетыр тIэу пкIэгъуэ хуэхъуркъым. «Хэт уэ ныбжьэгъу нэскIэ узэджэнур?» — арат нобэ Iэдииху къыдеджэхэм я пащхьэ щищIа докладым и цIэр. Ебгъуанэ классым щIэсхэм ар хуабжьу ягу ирихьащ, егъэджакIуэри къыщытхъуащ, «дэгъуэу зыхуэбгъэхьэзыращ» жиIэри. Ауэ и ныбжьэгъу зырызхэм зыпхагъэIукIар Iэдииху игу ирихьатэкъым. «Сэ жысIам сыкъыщытемынэжынум деж сыщIэпсэуххэн щыIэкъым. Хэти иремыгугъэ а къэспсэлъахэр ауэ сытми фэрыщIагъкIэ къызжьэдэкIауэ. Сэ жысIар зэрызгъэпэжыным сыпсэуху сыщIэкъунщ», — йогупсысыж ар и докладым.
- Къызэрысар имыщIэххэу, мафIэгу зэпрыкIыпIэм деж къыщызэтоувыIэ. ГъущIыш абрагъуэр, гужьеигъуэу зэзэмызэ къыхэкIиикIыу, къожэ, Iэуэлъауэшхуэ ищIу. Вагонхэр куэду зэпыщIащ. Зэи имылъэгъуа хуэдэу, хъыджэбз цIыкIур «унэ» блэлъэтхэм йоплъ, фIэгъэщIэгъуэну. Зэуэ, езым пэмыжыжьэу, къелъагъу и Iэр шияуэ мафIэгум жьэхэлъадэ щIалэ цIыкIур. Тхылъылъэр хыфIедзэри, а напIэзыпIэм Iэдииху и лъэ къызэрихькIэ щIопхъуэ: щIалэ цIыкIур ажалым и къапхъэным IэщIыхьэным зытIэкIунитIэт къэнэжар… Хъыджэбзым и фIыгъэкIэ щIалэ цIыкIум лажьэ екIакъым, ауэ…
- Пщащэ цIыкIур мащIэу нэщхъей къохъури, фызхэм дзыхь зэрахуищIыр хэпщIыкIыу, укIытапэурэ жеIэ:
- — Къалэм сокIуэ… протез схуащIар си лъакъуэм фIыуэ езэгъыркъыми.
- ФызитIыр зоплъыж, хъыджэбз мыцIыху цIыкIум и нэмысыфIагъыр ягъэщIагъуэу. Ар ягъэтIысыну тIуми зэуэ зыкъаIэт, арщхьэкIэ Iэдииху идэркъым…
- Асыхьэтым щыри щым мэхъу. ЦIыхубз хэкIуэтахэм я напIэм нэпс ткIуэпс зырыз къыщIоувэ. Пщащэ къамылыфэм а нэпсым хелъагъуэ къыпыгуфIыкIыу къэзыжыхь щIалэ цIыкIум и сурэт икIи абы и гум къокI: «Мышэ псэууэ къелащ. Ар нэхъыфIщ. Лъакъуэ лъэныкъуэр… зырикIщ. ЦIыхур дунейм щIытетыр и Iэпкълъэпкъракъым, атIэ и напэрщ…»
- АбытIэХьэжмурат.
- ЖыIэгъуэхэр
- ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым
- Псалъэм Iуэху къыкIэлъымыкIуэмэ, абы и уасэр щайщ.
- Къулейсызыр мащIэ зиIэр аркъым — иIэр зыфIэмащIэрщ.
- Унагъуэм илъ насыпыр щхьэгъусэхэм зэдахъумэмэ, кIыхь мэхъу.
- Зи нэр къыщипхъуа лъагъуныгъэм сакъ хэлъыжкъым.
- ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым.
- Шыд утесу шыгъажэм ухэмыхьэ.
- ЛIыгъэм и зэфIэкIыр сакъыныгъэм егъэбагъуэ.
- Делэм уемыныкъуэкъу — губзыгъагъэ къыпыпхынукъым.
- Акъылыр жанмэ, бзэри шэрыуэщ.
- Адыгэм пщIэ хуэщIи, узыхуейр къыпхуищIэнщ.
- ЩIэныгъэшхуэ зиIэм ищIэр фIэмащIэщ, щIэныгъэм гъунэ зэримыIэр ещIэри.
- Зи бзэ зыфIэкIуэдам цIыхугъэм и нэхъ лъапIэм щыщ хощI.
- Зи напэ зымыхъумэр напэншэмэ, зи хэку зымыхъумэр лIыгъэншэщ.
- Хэти лъэпкъым хуолажьэ, хэти лъэпкъым къилэжьыр ешх.
- ГъащIэм къыщыбдэгъуэгурыкIуэхэр нэхъ мащIэ хъуху, гъащIэм и гурыфIыгъуэми хощI.
- Псом нэхърэ нэхъ гуфIэгъуэуи гугъапIэуи щыIэр бынырщ.
- Зи акъыл кIэщIыр унафэ щIыным гугъу дехьыркъым.
- Пхуэмыхьын зытумылъхьэ, зытеплъхьар хьы.
- ЗэгъунэгъуфIхэм я шыуан зэхэлъщ.
- ЗэрыIыгъыр иудыгъуейщ.
- ГубэщIыкI Владимир.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
- СССР-м, Урысейм я Къэрал саугъэтхэм, Шолохов Михаил, Островский Николай сымэ я цIэкIэ щыIэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм я саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъыщIэр ирет СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, 1989 — 1991 гъэхэм Совет Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэу щыта Дэгужий Виталий Хъусен и къуэм.
- IуэрыIуатэ
- Хъуэхъу
- Зыпщ гуэрым къуэ къыхуалъхуати, хьэщIэ къыхуепсыхауэ здэхъуахъуэм, пщым и жылэмкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы зэрыблэкIыр къыжраIащ.
- — Жэбагъы дгъэхъуэхъуэнщ, — жари хьэщIэщым ирашащ:
- — Пщым ехъуэхъу, Жэбагъы, къуэ къыхуалъхуащ, — жаIэри.
- — Нобэ дунейм къытехьа щIалэр хьэнэу, джэдыпэу, фызыгуу, и цIэкIэ къемыджэу гъэпсэу! — жери хъуахъуэщ, шэсыжри, и гъуэгу техьэжащ Жэбагъы.
- Гупыр егупсысри, Жэбагъы и хъуэхъур зэхащIыкIакъым.
- — Къыдохъуэхъу жытIэурэ къыдэхъуэнащ: фыкIуи къевгъэгъазэ, — жари Жэбагъы шу лърагъэжьащ.
- Жэбагъы жиIащ:
- — Хьэм и нэм нэхърэ нэхъ жан щыIэкъым, джэдым и пэм нэхърэ нэхъ шэрыуэ щыIэкъым, жьэгум щыдэсым деж фызым нэхърэ нэхъ гушхуэ щыIэкъым, нэхъыжь щхьэщытыху, щIалэм и цIэкIэ еджэркъым. Нобэ дунейм къытехьа щIалэр нэ жан, шэрыуэ, гушхуэ зыкIуэцIылъ ирехъу, и нэхъыжь куэдрэ къыщхьэщрырет. Аращ сызэрехъуэхъур.
- КхъузанэкIэ псы зэрехьэ
- Уи анэ къыбжиIэ едэIуи, уи адэ къыбжиIэ гъэзащIэ.
- И къамэ тIэу къихкъым, и псалъэ тIэу жиIэкъым.
- КхъузанэкIэ псы зэрехьэ.
- Яхуэмыущий ущиенкIэ Iэзэщ.
- IитIкIэ Iэ зыубыдым щIыбагъ псалъэ и куэдщ.
- Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.
- Бжьэ зэмыдзэкъам фом и уасэр ищIэркъым.
- Жэмым и гъэшыр и бзэгум телъщ.
- ЗэкъуэшитI зэдеIэмэ, абрэмывэ ирач.
- Илъэс Iуэху къэщтэжыгъуейщ.
- Куэд жызыIэ нэхърэ — куэд зылэжь.
- КъутэгъуафIэ щхьэкIэ щIыжыгъуафIэкъым.
- Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.
- Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр
- ЛIамунафэ ищIыжыркъым
- Къэзанокъуэ Жэбагъы щылIэм и щхьэгъусэр бгъэдыхьэри еупщIащ:
- — Сэ дауэ сыпсэуну, сыт унафэу къысхуэпщIрэ?
- -Сэ уи унафэ сщIыну си Iуэху пхэлъыжкъым. ЛIам унафэ ищIыжыркъым. Уи унафэр фыз хьэдагъэм щащIынщ, — къыжриIащ, «узратыжынур фыз хьэдагъэм щыжаIэнщ» къригъэкIыу.
- Сыкъаплъэмэ,фэракъэслъагъунур!
- ЛIыжьыр и псэм еджэу телът, и къуэжьхэр къеувэкIауэ щхьэщытт. ЛIыжьыр и къуэхэм яхуэарэзытэкъым.
- — Уэ, ди адэ, моуэ уи напIэ зэтехи, тIэкIу къаплъэт! — щыжраIэм:
- — Сыкъаплъэмэ, фэ цIапIэ къомыракъэ слъагъунур! — жиIащ лIыжьым.
- КъардэнгъущI Зырамыку.
- ГушыIэхэр
- НэгъуэщI лэжьапIэ уагъакIуэу ара?
- Иужьрей зэманым Хъуэжэ и лэжьыгъэм зыщыщIригъэхырт, пщэдджыжькIэрэ къыкIэрыхуауэ кIуэрт, нэса нэужьи ищIэшхуэ щыIэтэкъым.
- Махуэ гуэрым унафэщIым зэIущIэ иригъэкIуэкIыу, Хъуэжэ утыкум къришэри, и лэжьэкIэмкIэ зэрымыарэзыр гуригъэ-Iуащ.
- — ДяпэкIи апхуэдэу екIуэкIынумэ, адэкIэ дызэдэлэжьэфынукъым, — жиIащ унафэщIым.
- — Сыт дыщIызэдэмылэжьэфынур? НэгъуэщI лэжьапIэ уагъакIуэу ара? — пидзыжащ абы Хъуэжэ.
- Пщыбий СулътIан.
- Тхыгъэ кIэщIхэр
- Пушкиным игу ныкъуэгъуэр
- ЗэратхыжымкIэ, Пушкиным хуабжьу гуныкъуэгъуэ къритырт литературэм бжьыпэр щызыIыгъын, абы щытепщэу щытын хуей тхакIуэ нэхъыфIхэм ар зэрылъамыгъэсым. Лъызымыгъэсри хэт жыIэт — ятхыр мыхъуми, традзэу, къыдагъэкIыну лъэкIыныгъэрэ ахъшэрэ зиIэхэрт. Ар дыдэр ноби ди нэгу щIокI. Зэманым зихъуэжми, хьэгъэщагъэр зи хабзэ цIыхухэр сыт щыгъуи куэдыжьщ.
- * * *
- Сэ захуэу къэслъытэркъым «ЦIыхубэ усакIуэ» цIэр къэрал унафэкIэ зэрыфIащыр. ЦIыхубэ усакIуэ ухъун папщIэ, ар лъэпкъым и бзэгупэм телъу, и псалъэхэр псалъэжь, псалъэ шэрыуэ хъуауэ, и усэхэр цIыхубэм гукIэ ящIэу, гуауэм дежи, гуфIэгъуэ щыIэми абы и псалъэр я гъусэу, бэр игъэгушхуэу (езыр лIами) щытын хуейщ. Апхуэдэ цIыхубэ усакIуэщ урысхэм я дежкIэ — Пушкин, Лермонтов, Некрасов, Есенин, адыгэхэм — ЩоджэнцIыкIу Алий, осетинхэм — Хетагуров Коста … Лъэпкъ къэс иIэщ апхуэдэ усакIуэхэр.
- Къэрал унафэкIэ фIэпщ хъунущ «лауреат» цIэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а цIэр щIыфIащыр IупщIу зы тхыгъэщи е тхыгъэ гупщи. «ЦIыхубэ» цIэр усакIуэм къилэжьын хуейщ и гъащIэ, и лэжьыгъэ псомкIи.
- * * *
- ГъэщIэгъуэнщ мыр: тхакIуэм талант имыIэмэ, хуагъэгъу, зыхуамыгъэгъур, бэлыхьым хамыгъэкIыу ягъэпсэур талант зиIэращ. Куэд къокI абы.
- * * *
- УсакIуэр къуалэбзукъым, сыт щыгъуи зы уэрэд цIыкIу фIэкIа къримышу, уеблэмэ а зы уэрэдыр фIэлъапIэ дыдэу, абы хуабжьу хуэIэзэу щытми. Зы уэрэд фIэкIа жимыIэфу усакIуэр къэнамэ, сыт хуэдизрэ уедэIуэн абы?! Зэ жиIам тIэу-щэ къытригъэзэжыныр усакIуэм и дежкIэ лIэныгъэм хуэдэщ. Абы и дэтхэнэ уэрэдри щIэуэ, щIэщыгъуэу щытын хуейщ.
- * * *
- Сыту зэман ябгэ мы дыкъызыхэхутар! Ахъшэ уимыIэмэ, уцIыхуу ябжыркъым, ахъшэ уиIэмэ, уаукIыну къыпкIэлъажыхь.
- * * *
- Усэ псори поэзие хъуркъым. Поэзиер искусствэ хъуа псалъэрщ, усэрщ. Абы иIэжщ езым и хабзэхэр. Ахэр пщIэн хуейщ, поэзиер къыбгурыIуэн папщIэ.
- * * *
- Цыджан Iэгуиплъэм цIыхухъу гуэрым жреIэ:
- — Уэ цIыхубзхэм фIыуэ укъалъагъунукъым уи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуху.
- — Абы иужькIэ-щэ?
- — Абы иужькIэ я щхьэфэм ураудэкIыну? — жиIэри цыджан Iэгуиплъэр дыхьэшхыу IукIыжащ.
- * * *
- Зымахуэ къуажэм сыкIуэжауэ уэ ущыпсэууэ щыта уэрамым сыдыхьат. Сыт хуэдиз илъэс дэкIа сэ иужьу абы сыщыдэтыжа лъандэрэ?! ИтIани тыншу къэсцIыхужащ фи унэр. Иджы абы ибгъукIэ къыщытт унэщIэ дахэшхуэ. Ауэ дэнэ кIуа фи пщIантIэм дэта мэракIуейр? Абы и щIагъыр зи джэгупIэу щыта уэ къыпхуэзэшу, уи лъыхъуакIуэ ежьауэ ара? Хьэуэ, ираупщIыкIащ: солъагъу щIым къыхэщ къудейуэ къэна и лъабжьэр.
- Сэ сощIэ, уэри куэд щIауэ ущыпсэужыркъым мы пщIантIэм, нэгъуэщI къуажэ хэщIапIэ пщIащ. Ауэ, итIани, щхьэ къысфIэщIа, адэ ди щIалэгъуэу щыщытам хуэдэу, узэкIужу, укъысхуэгуфIэу, моуэ иджыпсту фи куэбжэ цIыкIур къыIупхыу си деж укъыдэкIыну?..
- * * *
- ИгъащIэми жаIэ: «Уадыгэкъэ?!» Абы къикI мыхьэнэр иIэу зэи жаIэркъым: «Уурыскъэ?!» «Унэгъуейкъэ?!», «Ужурткъэ?!» ЖыпIэмэ, дыхьэшхэн хъун фIэкIа, зыри къикIынукъым.
- * * *
- ЩыIэщ цIыху, зэи пэж жызымыIэфын, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и псэр пцIым гъэр ищIауэ мэпсэури.
- * * *
- Зымахуэ Налшык здисша си ныбжьэгъу си гъусэу ди къуажэкхъэм дихьат. «Мис си адэм и кхъащхьэр, мыр си анэращ», — жысIащ сэ, сынхэм сатеIэбэурэ. Абыхэм си ныбжьэгъуми щыму Iэ дилъащ. ИтIанэ жиIащ: «Сыту уи насып уэ — уи унагъуэ укъихьэжам хуэдэщ. Мор уи адэщ, мыр уи анэщ».
- Сэ згъэщIэгъуащ абы жиIар. Ар дауэ? Зи кхъащхьэ дыщхьэщыт си адэ-анэм щхьэкIэ апхуэдэу жыпIэ хъун? Сыт насып мыбы зи гугъу ищIыр?
- И псэлъэкIэм Iэнкун сызэрищIам гу лъитэри, ныбжьэгъум жиIащ: «Сэ икъукIэ насыпышхуэу слъытэнт, уэ пхуэдэу, си адэ-анэм я кхъащхьэр здэщыIэр сщIэуэ, сигу къыщыкIам деж сыкIуэурэ ахэр слъагъуфу щытамэ… Си адэр, зы илъэс фIэкIа сымыхъуауэ, 1937 гъэм яукIащ. Си анэр ягъэтIысри, Север жыжьэм ягъэкIуати, абыи къигъэзэжакъым. ТIуми я кхъащхьэхэр дэнэ щыIэми сщIэркъым… Иджы къыбгурыIуа «уи насыпщ» щIыжысIэр?..»
- Къагъырмэс Борис.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:1. ХьэкIэкхъуэкIэ: къаплъэным нэхърэ нэхъ цIыкIу мэз джэду. 6. Георгиевск къалэм зэреджэ адыгэцIэ. 7. Чейм и «бгырыпх». 9. Егъэлеяуэ ерыщ. 11. УимыIыхьлы, уимыблагъэ. 12. ЩIалэ бжьыфIэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ. 13. Пхъэщхьэмыщхьэ. 14. Лым трищIэ пшэрыпIэ. 15. ХьэщIэ лъапIэм хуаукI Iэщым зэреджэ. 16. И тхьэкIумэм … иригъэпщхьауэ, жыпIэм къедаIуэркъым. 17. ЩIымахуэм Iэщым хуагъэтIылъ. 21. Хьэрып цIыхухъухэм, пыIэ папщIэу, я щхьэм фIашыхь щэкI. 22. Куэсэ … умыщI. 24. Щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. 25. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 26. Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм … иIэкъым. 27. Танэ мэжэлIам и … макъ Iуэм къиIукIащ. 31. ХакIуитI абы щIэзагъэркъым. 33. Зэщхьэгъусэхэр, я бынхэр. 35. Къыдалъхуауэ, цIыхум и щIыфэм хэт, хэс. 36. Ди ныбжьыщIэхэм фIыуэ ялъагъу алыдж-… бэнэкIэр. 37. ЩIалэ гупым я … макъыр щIыбымкIэ къыщоIу. 38. ЩыщIыIэм, щыуэлбанэм деж ар цIыхухъухэм я щхьэм фIапхъуэу, я пщэм кърашэкIыу щытащ. Псом хуэмыдэу губгъуэм ит Iэщыхъуэхэм. 40. ЩIакхъуэ … е кхъуей …
- Къехыу:1. НэуфIыцI- … 2. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 3. КъэзышагъащIэм и хьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIыхункIэ зэпымыууэ зи нэIэ къытет и ныбжьэгъу. 4. Сосрыкъуэ бзаджагъэкIэ зытекIуа домбеижь. 5. Жызум гъэгъуа. 8. ХадэхэкI. 10. Шатэ гъэвэжам къыхах дагъэ. 11. Кхъухь абрагъуэхэр щызекIуэ псышхуэ. 15. КIыщокъуэ Алим и усэ цIэрыIуэ. 18. ЛIы и … вы и гъуррэ. 19. Игъуэ нэмысу дунейм ехыжа адыгэ художник Iэзэ. 20. «Уэлбанэм диуфэнщIынущ» жари, хьэндыркъуакъуэхэр абы хэпкIэжащ. 23. Псым и кууупIэ. 28. ТепIэнщIэлъын. 29. Уаз щату мэжджыт кIуэцIым иIэ щIыпIэ. 30. Зыгуэрым щехъуэхъукIэ щыжаIэ щыIэщ: «Уи быным я … Тхьэм уимыгъэлъагъукIэ!» 31. Гузэвэгъуэшхуэ къызытепсыхам щхьэкIэ жаIэ: «И кIэр … дихуэжащ». 32. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ Iэзэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и лэжьакIуэ … ФатIимэ. 34. Нартыху хъумапIэ. 39. … дахэ мыжэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мэлыжьыхьым и 6-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр
- ЕкIуэкIыу:5. Щхьэгуэш. 7. Мэзыхьэ. 8. Къру. 9. Гъуо. 10. Къум. 11. ЖармыкIэ. 12. Гъашэ. 14. ГупкIэ. 16. Махуэку. 19. Аркъэ. 20. Мащэ. 23. Шылэхъар. 29. Хъурмэ. 30. Сабэ. 31. Гъуаплъэ. 32. Куба. 34. Бзий. 35. Ландыщэ. 37. Хьэ. 38. КIуж. 40. Умэ. 41. СулътIан. 42. Самарэ.
- Къехыу:1. Тхьэгъу. 2. Лъэрыжэ. 3. Мэздэгу. 4. Тхьэм. 6. Гурым. 13. Шэрэдж. 15. Пащты. 16. Мэл. 17. ХущIэ. 18. Кумб. 21. Блэ. 22. Пхъы. 24. Бырыб. 25. Хьэбэз. 26. Уэгъу. 27. Жэп. 28. Усэ. 33. Алихъан. 34. Бэгърат. 36. Дамэ. 37. ХьэукI. 39. Журт.