ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд: Лъэпкъ  зыужьыныгъэмрэ  зыузэщIыныгъэмрэ  яхуэгъэза  Iуэху щхьэпэхэм  долэжь

2019-04-13

  • Нобэ Налшык щокIуэкI Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зэхуэсышхуэ. Абы къыщаIэтынущ лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэзиIэ Iуэхугъуэхэр. Апхуэдэу щыхэплъэнущ ДАХ-м хыхьэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иужьрей илъэс зыбжанэм зэфIиха лэжьыгъэхэмрэ къыпэщылъ къалэнхэмрэ. ГъэзэщIакIуэ гупым я пащхьэ абы теухуауэ къыщыпсэлъэнущ КъАХ-м и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

  • Абхъазым щызэуахэм я зэгухьэныгъэм игъэлъапIэхэр. 2017 гъэ

    — Мухьэмэд, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI жылагъуэ зэгухьэныгъэу ХасэкIэ зэджэр. Уэ нобэ узипашэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къикIуа гъуэгуанэмрэ и къалэн нэхъыщхьэхэмрэ щыгъуазэ дахуэпщIамэ, арат.

  • — Пэжу, адыгэхэм куэд лъандэрэ диIэщ «со-вет» мыхьэнэр зи купщIэ, ХасэкIэ зэджэ лъэпкъ-демократие зэгухьэныгъэр. Мы зэманым Iуэху щхьэпэзыщIэ«КъэбэрдейАдыгэХасэ»лъэпкъ-жылагъуэ зэгухьэныгъэр Налшык къы- щызэрагъэпэщащ 1990 гъэм, накъыгъэм и 7-м. Хасэм и Уставым илъэси 6 ипэкIэдыхэплъэжащикIи къару зиIэ дэфтэру абы дытетщ. ХабзэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, КъАХ-р зи щхьэ хущытыж жылагъуэ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъ- къэр Республикэм и щIыналъэм щолажьэ. Дэ дапыщIащ щIыпIэ, къэрал, политикэ, жылагъуэ, динIуэхущIапIэхэм,КъБР-м иКонституцэмрэ УФ-м «Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ятеухуауэ» и хабзэмрэ къагъэув мардэхэр и тегъэщIапIэу. Адыгейхэм, шэрджэсхэм, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъхэм, мэздэгу адыгэхэм ягъэлажьэ апхуэдэ лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ещхьу, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм КъБР-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ гупсысэр еунэтI, я Iуэху еплъыкIэхэр ядеIыгъ, хуитыныгъэмкIэ дунейпсо хабзэхэм я мар-дэу Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) и Уставым къыщыгъэлъэгъуахэр икIи УФ-м къаруяIэу къыщалъытахэр я лъабжьэу.
  • «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм кърихьэлIахэр. 2016 гъэ

    КъАХ-р Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зы Iыхьэщ. Абы и къудамэхэр щолажьэ КъБР-м и район псоми, къалэхэм,къуажэхэм.Дижылагъуэзэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэгурыIуэрэ пщIэрэ дэлъу щыгъэтыныр, адыгэ лъэпкъ гупсысэм адэкIизегъэужьыныр.Ар и телъхьэкъымлъэпкъхэм я зэхуаку къаугъэ къыдэзылъхьэхэм.

  • — Зи гугъу пщIы къалэнхэр зэвгъэхъулIэн папщIэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр зэфIэфхрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм?
  • «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр йокIуэкI. Кэнжэ, 2015 гъэ

    — Дэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм гъащIэм и унэтIыныгъэ куэд къызэщIеубыдэ. Абыхэм я нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди республикэм и цIыхухэр зэгурыIуэныгъэрэ мамырыгъэрэ зи лъабжьэ Iуэхугъуэхэм къахузэщIэдгъэуIуэныр, хабзэр зи джэлэс демократие къэралыр гъэбыдэныр, хамэ щIыналъэхэмщыпсэудилъэпкъэгъухэр хэкужьым къэшэжыныр, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ зехьэныр дэIыгъыныр, н.къ. Апхуэдэу Хасэм мыхьэнэш- хуэирет лъэпкъ гупсысэр къэIэтыным, анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным, адыгэ унагъуэм илъ лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ жылагъуэм пщIэ щаIэным икIи абы хуэунэтIа Iуэху купщIафIэхэр зэфIех.

  • «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм щытекIуахэм ящыщ зы. 2017 гъэ

    КъАХ-р хуэжыджэрщ псапащIэ Iуэхухэми. Абы зэрыхъукIэ защIегъакъуэ гъащIэм щытыкIэ хьэлъэ щихуа цIыху щхьэхуэхэм, апхуэдэу гулъытэ хэха хуещI зи адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжыну хуей ди лъэпкъэгъухэми, къэкIуэжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэми.

  • А псори зригъэхъулIэн папщIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэм ирегъэфIакIуэ хамэ щIыналъэхэм щыIэ лъэпкъ хасэхэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэр, IуэрыIуатэ, литературэ, тхыдэ, фэеплъ щIэинхэр зэхуэхьэсыжыным, абыхэм ятеухуа тхылъхэр къыдэгъэкIыным йолэжь, еплъыныгъэхэр ирегъэкIуэкI, лъэпкъ махуэшхуэхэм епха дауэдапщэхэм, адыгэхэм я щэнхабзэ, экономикэ, политикэ гъащIэм ехьэлIа зэхуэсхэм хэтщ. Гулъытэншэ тщIыркъым лъэпкъым и цIыху щэджащэхэр. Абыхэм ятеухуа пшыхьхэр, зэIущIэхэр къызыдогъэпэщ.
  • «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм и бысымхэм хьэщIэхэр кърагъэблагъэ. Псыгуэнсу,2016 гъэ

    Хасэм и щыIэкIэм, зэфIигъэкI лэжьыгъэхэм ятеухуа тхыгъэхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хэIущIыIу щыдощI, лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм, литературэмрэ тхыдэмрэ къызыхэщ тхылъ щхьэхуэхэри къыдыдогъэкI.

  • — ДызэрыщыгъуазэмкIэ, адыгэбзэр хъумэ- нымрэ абы нэхъри зегъэужьынымрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм гулъытэу хуищIыр адрей псоми яхуэдэжкъым…
  • — Анэдэлъхубзэр хъумэным епха Iуэхугъуэхэр ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт псори зыгъэпIейтейхэм ящыщщ. Дэтхэнэ лъэпкъми езыми тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр фIыгъуэшхуэщ. Зи анэ-дэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэхэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф щIэблэ лъэпкъым къыщIэувэнри мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэным, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну зригъэщIэным хуэгъэпса Iуэхугъуэ дахэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьащ илъэс 20 ипэкIэ. Ар «Си бзэ — си псэ, сидуней» зэпеуэр ди щIыналъэм щегъэкIуэкIы-нырт. Хасэм и жэрдэмыр даIыгъащ «Адыгэ

    «Адыгэ цIэрыIуэхэр» еплъыныгъэм. Налшык,2016гъэ

    псалъэ» газетым, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ. Лъэпкъ гупсысэр зыузэщI педагогикэ гъэунэхуныгъэ хьэлэмэт хъуащ зэпеуэр. Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэныр, бзэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр гъэгушхуэнырабыикъалэн нэхъыщхьэу дгъэуващикIизэманкIэщIымкъриубыдэуфестиваль-зэпеуэм зиузэщIащ. Нэхъапэм утыку къихьэр адыгэбзэр езыгъэджхэрауэ щытамэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы къыхыхьащ балъкъэрыбзэмкІэ, урысыбзэмкІэ езыгъаджэхэри. «Си бзэ — си псэ, си дунейр» щокIуэкI шэрджэсхэм я дежи, Мэздэгуи, Шапсыгъми…

  • «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм кърикIуахэм хоплъэж. 2016 гъэ

    Мы зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэхэм я зэфIэ-кIыр мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуащ Москва, Санкт-Петербург, Саранск къалэхэм. Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэмя урысейпсо зэпеуэхэм ди адыгэ бзылъхугъибл щытекIуащ. Къэралпсо зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр — «Дыжьын къабзийр» — къыхуагъэфэщащ КъАХ-м и Хасащхьэм хэт, Налшык дэт курыт школ №13-м адыгэбзэр щезыгъэдж икIи а IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ ХурМадинэ.

  • Дызэрыгушхуэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуащ Хасэм къыхилъхьауэ щыта а проектыр.
  • «Адыгэ пщащэ». 2018 гъэ

    — Жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пщIэр къэзыIэт, лъэпкъыр хъума хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ ар. Сыт хуэдэ проектхэр иджыри игъэлажьэрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм?

  • — Апхуэдэхэм ящыщу и цIэ къипIуэ хъунущ Кэнжэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм илъэс еханэ хъуауэ къыщызэдгъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм. Абыхэм хэтакIэщ адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ, гъуазджэмрэ тхыдэмрэ, IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI, лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырыным хуэIэижь илъэс 16 — 25-рэ зи ныбжь хъыджэбз щэныфIэ цIыкIуу 80-м щIигъу. Дызэрыт илъэсым япэу екIуэкIынущ «Адыгэ щауэ» зэпеуэри.
  • Мэздэгу Адыгэ Хасэм и хьэщIэхэр. 2017 гъэ

    ЗэфIэдгъэкI лэжьыгъэхэм къыхэгъэбелджылыкIыпхъэщ Адыгэ махуэгъэпсым къыщыдгъэлъэгъуа лъэпкъпсо махуэшхуэхэм ящыщу зыбжанэ республикэм гуфIэгъуэу зэрыщагъэлъапIэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Адыгэ ныпым и махуэр (2010 гъэ лъандэрэ), Адыгэ фа-щэм и махуэр (2011 гъэ лъандэрэ), Адыгэхэм я махуэр (2014 гъэ лъандэрэ), Адыгэшым и махуэр (2015 гъэ лъандэрэ) зэрызэдэтIэтыр. 2018 гъэммэкъуауэгъуэм и 30-м ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэм зэдэарэзыуэ къызэдащтащ Адыгэ нарт эпосым и махуэр гъэувыным епха унафэр.

  • «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым»еплъыныгъэм. Налшык, 2014 гъэ

  • «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм. 2018 гъэ

  • «Шууей Хасэм» хэтхэр гъуэгу тохьэ.2018 гъэ

  • «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм щытекIуахэр ягъэлъапIэ. 2017 гъэ

  • Шапсыгъ Адыгэ Хасэр ягъэлъапIэ. Псэзууапсэ

  •  

    Адыгэбзэ диктант ятх. Налшык,    2019 гъэ

  • КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьэри, адыгэ дунейм щагъэлъэпIащ къэбэрдей литературэмиклассикКIыщокъуэ Алим (2014 гъэм), СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ (2016 гъэм), дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэрэ япэ къэбэрдей усакIуэ, узэщIакIуэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэнрэ (2018 гъэм) я илъэсхэр. 2019 гъэм догъэлъапIэ Къалмыкъ Юрэрэ (1934 гъэ) Къэшэж Иннэрэ (1944 гъэ) я илъэсхэр.
  • ЖыпIэнурамэ, КъАХ-р дапщэщи хуолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэхэщIыкIрэ пщIэрэ дэлъыным, ди хэкур ефIэкIуэным, зи тхыдэр, хабзэр, къызыхэкIар зыщIэж щIэблэ узыншэ адыгэм къытщIэхъуэ-ным. Лъэпкъ зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэм-рэ яхуэгъэза мурадхэр ди куэдщ.
  • -Тхьэм къывигъэхъулIэ, Мухьэмэд.
  • Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.