Зеикъуэ къыщагъуэта «Нартхэм я кхъэр»
2019-04-13
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхашащ Кавказ Ищхъэрэ археологие экспедицэ зэгуэтым Зеикъуэ и бгылъэхэм щригъэкIуэкIа илъэситху лэжьыгъэм щриплъэж зэхуэс ин. Абы хэтащ экспедицэм и унафэщI, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кадиевэ Аннэ, ди лъахэгъу, хэкурыдж цIэрыIуэ Котляров Виктор, КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэр, аспирантхэмрэ студентхэмрэ.
- Зеикъуэ щыIэ кхъэлъахэм елэжьыныр, абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыныр яублауэ щытащ 2014 гъэм. Iуэхур езыхьэжьар Котляровымрэ университетым и лэжьакIуэхэмрэт. ИужькIэ ар экспедицэ псо хъуащ, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и IэщIагъэлIхэри хэту. Зэхуэсым доклад нэхъыщхьэр щызыщIа Кадиевэ Аннэ а псоми зэпкърыхауэ щыгъуазэ хуищIащ абы кърихьэлIахэр.
- Кадиевэм зэрыжиIамкIэ, Нартхэм я кхъэлъахэр щыIащ ди эрэр къэунэхуным ипэ VIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ ди эрэм и VII лIэщIыгъуэ пщIондэ. Абы къызэщIиубыдащ кобан, сармат, алан лъэхъэнэхэр. Кхъэлъахэм и ухуэныгъэм хьэлэмэтагъ куэд хэлъщ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, ар зэрызэхэт Iыхьэхэм я зэтелъыкIэр. Хабзэ хъуауэ, кхъэхэм нэхъ иужьыIуэкIэ щыщIалъхьэхэр нэхъ лъагэу ягъэтIылъ. Нартхэм я кхъэлъахэм зэрыщыщытыр нэгъуэщIущ. ЯпэщIыкIэ нэхъ лъагапIэхэм деж щыщIалъхьащ дунейм ехыжахэр, иужькIэ къекIуэтэхыурэ щагъэтIылъащ. Ауэ щыхъукIи, кхъэр зэпыудащ а лъэхъэнэхэм псэуа лъэпкъхэм ятещIыхьауэ: дэтхэнэ лъэпкъми езым и Iыхьэ иIэжу яухуат. КъинэмыщIауэ, языныкъуэ кхъэлэгъунэхэр нэхъ ипэIуэкIэ щIалъхьауэ щытахэм ейм тетщ. Апхуэдэу, сарматхэм я лъэхъэнэм яухуауэ щыта щIыщIагъ зекIуапIэхэр ящхьэщытщ кобан зэманым къриубыдэу зи лъабжьэр ягъэтIылъа кхъэхэм.
- Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, кхъэлъахэр къагъэсэбэпащ яхэлъ фIэщхъуныгъэкIэ, зэрахьэ хабзэхэмкIэ зэтемыхуэ лъэпкъ зыбжанэм. Абы щыхьэт тохъуэ а щIыпIэм дамыгъэ, нэщэнэ, нагъыщэ зэмылIэужьыгъуэхэр зытелъу къыщагъуэта хьэпшыпхэр. Ахэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм ейуэ икIи абыхэм хьэгъэщхьэхукIауэ пщIэ хуащIу щытауэ къалъытэ.
- — Ди жагъуэ зэрыхъущи, илъэс мин бжыгъэкIэ къекIуэкIа кхъэлъахэхэр нобэ зэхакъутэж, зэхадыгъуэж, щысхьырабгъу ямыIэу. Псом хуэмыдэу зэхакъутащ зауэлIхэм я кхъэхэр. Абыхэм щIэлъа шабзэхэм, шабзэшэхэм, гъущI джыдэхэм, дыжьын таж пыIэхэм ящыщ куэд лъэужьыншэу кIуэдащ, — жиIащ Кадиевэм. — Къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щедгъэкIуэкIым нэхъыбэу къэдгъуэтар цIыхубзхэм зэрахьэу щыта хьэпшыпщ: дыжьыным къыхэщIыкIа Iэпщэхъухэр, мастэкъуаншэхэр, Iэлъынхэр, нэгъуэщIхэри. Къэдгъуэта хьэпшып хьэлэмэтхэм ящыщщ лъэгуажьэмыщхьэу щыт, зи IэфракIитIыр щIым егъэкъуа бзылъхугъэ уэндэгъум и скульптурэ цIыкIур. Ар кобан лъэхъэнэм щыщу худогъэфащэ. Европэм щыпсэухэм ар хьэлэмэт къащыхъунщ, ауэ а скульптурэ цIыкIум къегъэлъагъуэ а лъэхъэнэм сабийхэр дунейм къызэрытехьэу щыта щIыкIэр. Абы теухуа тхыдэ дэфтэрхэр ди музейм щIэлъщ.
- Экспедицэм хэтахэм къагъуэта хьэпшып нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ гуэрхэри щыхьэт тохъуэ сабийр гущэм хэпхэныр ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым.
- Гупым зэфIиха къэлъыхъуэныгъэхэм, къэхутэныгъэхэм къарикIуа псори ТхыдэмкIэ къэрал музейм щахъумэнущ. Абыхэм ятеухуа тхыгъэ щхьэхуэу 20-м щIигъу къыдэкIащ. Ахэр зи лъабжьэ монографиери куэд дэмыкIыу дунейм къытехьэнущ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.