ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2018

2018-05-31

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым
  • и къуэдзэм и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым ипкъ иткIэ, иджыпсту иIыгъ къулыкъур щхьэщыхауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу гъэувын Мовсисян Грант Олег и къуэр.
  1. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
  •        Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •       и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий
  • Налшык къалэ
  • 2018 гъэм накъыгъэм и 29-м
  • №65-УГ
  •  

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Указ

Къэрал гулъытэм хохъуэ

2018-05-31

  • Гъэмахуэм и япэ махуэр сабийуэ дунейм тетым нэхъыфI дыдэу ялъагъу. Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ цIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм щыщIидзэмрэ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр щагъэлъапIэмрэ зэрызэтехуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мэздэгу Адыгэ Хасэм и лIэщIыгъуэ плIанэ

2018-05-31

  • «Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ обществэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы махуэхэм илъэс 25-рэ зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Мэздэгу къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ Уардэунэм. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща пшыхьыр гуимыхужу зэхашат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Мы махуэхэм

2018-05-31

  • Накъыгъэм и 31,  махуэку
  • Тутын емыфэным и дунейпсо махуэщ
  • ЦIыхухэр зэхэгъэж щIыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
  • Урысей адвокатурэм и махуэщ
  • Урысейм и МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэхэм я махуэщ
  • Къэзахъстаным ягу къыщагъэкIыж политикэ залымыгъэхэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ яхьахэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2018-05-31

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 4
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 6.45 «ТВ-галерея». Дунейпсо зэпеуэм и лауреат Шэрыб Валерэ (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.10 «Ди псэлъэгъухэр». Филологие щIэныгъэхэм я кандидат Чурей Дыжьын (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Хьэтхэр

2018-05-31

  • Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ
  • Роман
  • Япэ Iыхьэ
  • БжьыпэтещIэ.
  • МывэтIалэ
  • Хы Курытымрэ тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ къэралыгъуэшхуэр хэзыгъэщIэн къару зэи зыми къигъэувыфатэкъым. Арат зауэр зэи щIэмыувыIэр, Хьэт щIыналъэм и пащтыхь уардэхэм зэпымычу я хэкур щIахъумэфыр. ЛъэныкъуиплIымкIи къаухъуреихьами, унэмыплъысу биидзэр бжыгъэншэми, Тхьэхэм къахъумэ хуэдэт лъэпкъыжьым и псэр — сыт хуэдэ зауэми текIуэныгъэр я Iэрылъхьэу, я пщIэм хэхъуарэ я щхьэр Iэтауэ къекIуэлIэжырт. Уеблэмэ, зэгуэр я бийуэ щытыгъахэр IупэфIэгъу къащIыжарэ, зэдамэгъу хъуауэ къызэдэгъуэгурыкIуэрт. Мыужьыхыжыххэр мысыр Фирхьэунхэрт. Хабзэ яхуэхъуа хуэдэт Фирхьэуным и тетыгъуэ чэзур къэса нэужь, Хьэт къэралыгъуэм къебгъэрыкIуэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

АкъылыфIэхэр утыку йохьэ

2018-05-31

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ «АкъылыфIэхэр КъБКъУ-м щызэIуощIэ» джэгу-зэпеуэр. Абы и жэрдэмщIакIуэщ КъБР-м и курыт школхэм я 10-нэ классхэм щIэсхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэным хуэзыгъэхьэзыру университетым иIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Пашэныгъэр яхузэрыгъэгъуэтыркъым

2018-05-31

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и мыгъэрей чемпионатыр хуабжьу хьэлэмэтщ. Зэхьэзэхуэм хэтхэм я нэхъыбэм джэгу-гъуэи-пщI пщыкIуз ирагъэкIуэкIа пэтми, бжьыпэр и закъуэу зыми зэкIэ зыIэригъэхьэфыркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Мэжэр

2018-05-31

Будапешт Европэм и къалэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ. Мэжэр и щыхьэрыр нэхъри узыIэпызышэ ещI лъэмыж хъарым. 1849 гъэм Дунай псым тралъхьа лъэмыжым Будэрэ Пештрэ зэпищIащ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым лъэмыжыр якъутауэ щытащ, ауэ иужькIэ нэхъ екIужу зэфIагъэувэжащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

МэшбащIэ Исхьэкъ  ягъэлъапIэ

2018-05-29

  • Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат дыгъуасэ АР-м и Правительствэм и Унэм щригъэблэгъащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт МэшбащIэ Исхьэкъ, тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, депутатхэр, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-05-29

  • Накъыгъэм и 29, гъубж
  • ООН-м и мамырщIэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ
  • Дзэ автомобилистым и махуэщ. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ 2000 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Бэрэгъун Мухьэмэд и  цIэр фIащащ

2018-05-29

  • Дэтхэнэ цIыхури къызыхуигъэщIа IэщIагъэр языныкъуэхэр щысабийм наIуэ къохъу, языныкъуэхэри ар къыхахынымкIэ гугъу йохь. Ауэ, икIэм-икIэжым, зыхуейм и Iэр техуа нэужь, фIыуэ илъагъу IэщIагъэм пэроувэри, и къарум щымысхьыжу ирехьэкI и IэнатIэр. Ауэ IэщIагъэ псори зэпэплъытмэ, жыпIэ хъунущ псом нэхърэ нэхъыщхьэр егъэджакIуэ IэщIагъэр арауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ислъамым и нур

2018-05-29

  • НэщIым  и  иужьрей махуэхэр
  • Къэдэр  жэщыр
  • Къэдэр жэщым нэхърэ нэхъ лъапIэ зы жэщи щыIэкъым. Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Къэдэр жэщыр жэщ мин нэхърэ нэхъ лъапIэщ» Iэятыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Бжьыгъуэ  зэфIэхь-2018

2018-05-29

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Сокуров Александр и цIэр зезыхьэ и пэшым къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» нэгузыужь зэпеуэм и Бжьыгъуэ зэфIэхьыр иджыблагъэ щызэхэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Театреплъхэр къыдехьэхыф

2018-05-29

  • Мы тхыгъэр зытеухуа, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ-      рал драмэ театрым и джэгуакIуэ ныбжьыщIэ Бейтыгъуэн Жамболэт и утыку итыкIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Псалъэ дахэ куэд хужыпIэфынущ и Iуэху зехьэкIэмкIэ цIыхубэм гунэс ящыхъуа щIалэщIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше