ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэздэгу Адыгэ Хасэм и лIэщIыгъуэ плIанэ

2018-05-31

  • «Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ обществэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы махуэхэм илъэс 25-рэ зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Мэздэгу къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ Уардэунэм. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща пшыхьыр гуимыхужу зэхашат.

  • Мэздэгу адыгэхэм я гурыфIыгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ гъуни нэзи имыIэу апхуэдэт. Осетинхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм КъБР-м и Iэтащхьэхэм къабгъэдэкIыу захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Осетие Ищхъэрэ — Аланием лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Цуциев Аслъэн, Мэздэгу райо-ным и администрацэм и унафэщI Гугиев Геннадий, Курской район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Сидоренкэ Оксанэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий сымэ, нэгъуэщIхэми.
  • Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ академическэ ансамблым, «Бзэрабзэ» гупым, уэрэджыIакIуэхэу ЦокIыл Азэмэт, Хьэкъул Оксанэ, ХьэбытIэ Вячеслав, Дауров Эдуард, Секинаевэ Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.