Бэрэгъун Мухьэмэд и цIэр фIащащ
2018-05-29
- Дэтхэнэ цIыхури къызыхуигъэщIа IэщIагъэр языныкъуэхэр щысабийм наIуэ къохъу, языныкъуэхэри ар къыхахынымкIэ гугъу йохь. Ауэ, икIэм-икIэжым, зыхуейм и Iэр техуа нэужь, фIыуэ илъагъу IэщIагъэм пэроувэри, и къарум щымысхьыжу ирехьэкI и IэнатIэр. Ауэ IэщIагъэ псори зэпэплъытмэ, жыпIэ хъунущ псом нэхърэ нэхъыщхьэр егъэджакIуэ IэщIагъэр арауэ.
- Ар къыхэзых дэтхэнэми и гумрэ и псэмрэ сыт щыгъуи а лэжьыгъэм етауэ, иригъаджэхэр фIыуэ илъагъуу, ахэр и хьэлкIэ, теплъэкIэ, бгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ къыдихьэхыфу щытын хуейщ. А IэщIагъэм гурэ псэкIэ бгъэдэтащ РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, филолог Бэрэгъун Хьэжпагуэ и къуэ Мухьэмэд (и ахърэт нэху Тхьэм ищI). Мы махуэхэм а щIэныгъэлI щыпкъэм и цIэр фIащащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Абей къуажэ дэт курыт еджапIэм.
- ЗэIущIэм кърихьэлIат Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед, УФ-м и Къэрал Думэм и депутату щыта Сэхъу Владимир, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Бэлэтокъуэ Владимир, Урысейм и Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм КъБР-м щиIэ управленэм и унафэщI Пщыншэ Казбек, Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым, Тэрч щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Вэрий Маринэ, КъБКъУ-м и доцент Хьэтыхъу Iэубэчыр сымэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу абы кърихьэлIат иджыпсту IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрыт, Бэрэгъун Мухьэмэд иригъэджауэ щытахэри, щIэныгъэлIым и Iыхьлыхэри.
- ХьэщIэхэр кърагъэблэгъа нэужь, класс нэхъыжьхэм щIэс еджакIуэхэм ахэр нэхъ куууэ щагъэгъуэзащ щIэныгъэлIым и гъащIэ гъуэгуанэм, ирихьэкIа лэжьыгъэм, и Iэужьу къэнахэм, абыхэм ягъуэт гулъытэм, мыхьэнэуэ яIэм тепсэлъыхьахэщ.
- Бэрэгъун Мухьэмэд 1928 гъэм Абей къуажэм къыщалъхуащ. ИлъэсипщI ныбжьым иту и адэр щхьэщыукIуриикIри, ар унагъуэм и щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэу къэнат. Курыт школыр къиуха нэужь 1948 гъэм ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ институтым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и факультетым щIэтIысхьэри, 1951гъэм и пIалъэр нэмысу абы еджапIэр ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ.
- Къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа нэужь, ар РСФСР-м педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ и академием лъэпкъ школхэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэм щIэтIысхьэщ, кIэщIкIи и кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIри, КъБКъУ-м урысыбзэмкIэ щригъэджэну а IуэхущIапIэм увауэ щытащ. Илъэс зыбжанэкIэ а IэнатIэм пэрыта нэужь, РСФСР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъ школхэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжьу ящтэри, абы щыIэурэ гъэунэхуныгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэу Абейкъуажэ дэт курыт еджапIэр къищтэри, илъэс 15-кIэ Мухьэмэд адыгэ сабийхэм тыншу урысыбзэр къегъэщтэным телэжьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар мы проектым и къызэгъэпэщакIуэуи гъэзэщIакIуэуи зэрыщытар. А зэманым курыт школым щрагъэкIуэкI щIэныгъэ конференцхэм къакIуэрт гъунэгъу республикэхэм я егъэджакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр.
- Урысыбзэр тыншу абхъаз-адыгэ бзэ гупхэр зыIурылъхэм зэребгъэджыным теухуа методикэ чэнджэщхэр, монографиеу 4-рэ лэжьыгъэу 46-рэ Бэрэгъуным и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы зэхилъхьа азбукэхэр, зэреджэну тхылъхэр мызэ-мытIэу къыдагъэкIыжащ.
- ЩIэныгъэлIым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэфIыр гулъытэншэ хъуакъым. Абы къыхуагъэфэщащ РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ цIэ лъапIэхэр, СССР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орден лъапIэр, фIыщIэ, щIыхь тхылъу къыхуагъэфэщам бжыгъэ иIэкъым.
- Зыпэрыт лэжьыгъэм, иригъаджэ цIыкIухэм яхуиIэ лъагъуныгъэм гукъыдэж къриту лэжьащ Мухьэмэд. КъыдэкIуэтей щIэблэм я къэкIуэнум, гъэсэныгъэм, щIэныгъэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэр уасэ зимыIэщ. Илъэс 60-м иту дунейм ехыжа щIэныгъэлI щыпкъэм и цIэр нэхъапэIуэкIэ фIащат ар щыпсэуа, курыт школыр зытет уэрамым. Иджы а цIэ лъапIэр курыт еджапIэми игъуэтащ.
- Япэу псалъэ зрата, курыт школым и унафэщI Балъкъэр МуIэед жиIащ:
- — ЦIыхубэ гъащIэм егъэджакIуэм щиубыд увыпIэр, а IэщIагъэм гугъуехьу пылъыр къэпхутэну гугъу дыдэщ, сыту жыпIэмэ, абы и IэмыщIэ илъщ къэралым и къэкIуэнур. Ар и лэжьыгъэфIхэмкIэ, и IэужьыфIхэмкIэ иджыри зэ наIуэ къищIащ Бэрэгъун Мухьэмэд Хьэжпагуэ и къуэм. Нобэ къызэIутхыну фэеплъ пхъэбгъури иджыри зэ абы щыхьэт тохъуэ.
- КъыкIэлъыкIуэу къэпсэлъащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед.
- — Ди щIыналъэм Абей къуажэ курыт еджапIэм увыпIэшхуэ щиубыду, къыхэлыдыкIыу апхуэдэщ. Мы иджыпсту дызыпэрыт Iуэхур ди нобэм къэсыным, нэрылъагъу хъуным цIыху куэд хущIэкъуащ, псом хуэмыдэуи абы яужь итахэр Бэрэгъун Мухьэмэд и Iыхьлыхэращ. Насыпышхуэщ апхуэдэ цIыху щыпкъэм, щIэныгъэлI гъуэзэджэм хуэдэ уи жылэм къыдэкIыныр, абы и цIэр щIыпIэ курыт еджапIэм игъуэтыжыныр. А насыпыр нобэ мы курыт еджапIэми къеуэлIащи, ехъулIэныгъэфIхэр фиIэу, фи цIэр жыжьэ Iууэ, фыузыншэу куэдрэ фылэжьэну сыфхуохъуахъуэ! Iуэхур къыддаIыгъыну къекIуэлIа псоми фIыщIэ фхузощI!
- АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ мы курыт школыр къэзыуха Бэлэтокъуэ Владимири. Нобэ курыт школым игъуэт цIэ лъапIэр я напщIэ телъу, IуэхуфIу щыIэр кърахьэлIэу илъэс куэдкIэ лэжьэну ехъуэхъуащ ар.
- Ахъсор Хьэлими псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ къекIуэлIа псоми, Джылахъстэней Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ нэхъыфIхэм яритащ.
- Апхуэдэу зэхуэсым къыщыпсэлъащ Бэрэгъуным и Iыхьлыхэри. Псом хуэмыдэу мы Iуэхум гугъу дехьа Хьэтэжыкъуэ Эммэ фIыщIэ яхуищIащ дэIэпыкъуэкъу къыхуэхъуахэм.
- АдэкIэ махуэшхуэм хуагъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэхэм, теплъэгъуэхэм хьэщIэхэр ирагъэплъащ.
- Зэхуэсым и кIэухым ирихьэлIэу фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ Дадэ МуIэедрэ Хьэтэжыкъуэ Эммэрэ. КъекIуэла псоми хъуэхъу дахэкIэ иджыри зэ зыхуагъэзэжри, зэIущIэр абдеж щызэхуащIыжащ.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.