Мы махуэхэм
2018-05-29
- Накъыгъэм и 29, гъубж
- ООН-м и мамырщIэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ
- Дзэ автомобилистым и махуэщ. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ 2000 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.
- ГъущI зэпызыгъавэм и махуэщ
- Литературовед, критик цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и вице-президент, Къэрэшей-Шэрджэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэчыжь Лейла къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 19, жэщым градус 11 — 14 щыхъунущ.
- Накъыгъэм и 30, бэрэжьей
- Урыс дзэзешэ цIэрыIуэ Невский Александр къызэралъхурэ илъэс 798-рэ ирокъу.
- Пшынауэ Iэзэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Сэхъу Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
- Телережиссёр, искусствоведением и кандидат, УФ-м и Артиадэм и лауреат Сэралъп Самарэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 18, жэщым градус 12 — 13 щыхъунущ.