Мы махуэхэм
2018-05-31
- Накъыгъэм и 31, махуэку
- Тутын емыфэным и дунейпсо махуэщ
- ЦIыхухэр зэхэгъэж щIыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
- Урысей адвокатурэм и махуэщ
- Урысейм и МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэхэм я махуэщ
- Къэзахъстаным ягу къыщагъэкIыж политикэ залымыгъэхэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ яхьахэр
- Тыркумэным щагъэлъапIэ я алэрыбгъум и махуэр
- 1223 гъэм урысхэмрэ тэтэр-монголыдзэмрэ Калкэ псым деж щызэзэуащ.
- 1708 гъэм Царское се- ло жылэм (иджы ар Пушкин къалэрщ) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
- 1710 гъэм урыс азбукэщIэр, Пётр Езанэр зыхэлэжьыхьыжар, IуэхущIапIэ псоми къыщагъэсэбэпын хуейуэ унафэ къащтащ.
- 1868 гъэм Париж и Iэгъуэблагъэм дунейм щыяпэу щекIуэкIащ лъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжэнымкIэ зэхьэзэхуэ.
- 1879 гъэм дунейм щыяпэу Берлин къыщызэIуахащ электрокъарукIэ лажьэ мафIэгухэр зрикIуэну гъущI гъуэгур.
- 1911 гъэм «Титаник» кхъухь абрагъуэр япэу псым техьащ. А зэманым дунейм щынэхъ ин дыдэу къалъыта кхъухьыр зэраутIыпщым яфIэтелъыджэу кIэлъыплъат цIыху мини 100-м щIигъу. Зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, 1912 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м, и япэ рейсыр щигъэзащIэм мыл абрагъуэм жьэхэуэри, Атлантикэ хым щыщIилъэфауэ щытащ ар.
- 1918 гъэм Совет Урысейм ЦIыхубэм щIэныгъэ етынымкIэ и комиссариатым унафэ къищтащ щIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ зэгъусэу егъэджэным теухуауэ.
- 1942 гъэм дыхьэпIи дэкIыпIи имыIэу бийм къиухъуреихьа Ленинград къа-
- лэм футбол щызэдэджэгуащ «Динамо», «ЛМЗ» (Ленинград гъущIхэкIхэр къыщыщIагъэкIыу дэт завод) командэхэр.
- 1946 гъэм Лондон и Хитроу аэропортыр къызэIуахащ.
- 1961 гъэм хэIущIыIу ящIащ Инджылызым къыхэкIыу Африкэ Ипщэ Республикэ щхьэхуит къызэрыунэхуам теухуа хъыбарыр.
- 2002 гъэм Япониемрэ Корее Ипщэмрэ къыщызэIуахащ дунейм футболымкIэ и 17-нэ чемпионатыр. Ар а къэралхэм я стадионхэм щекIуэкIащ накъыгъэм и 31 — мэкъуауэгъуэм и 30-хэм.
- Совет тхакIуэ цIэрыIуэ, РСФСР-м гъуазджэхэм- кIэ щIыхь зиIэ и лэжьа- кIуэ, Лениным, Сталиным, СССР-м я Къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэща, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Леонов Леонид къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
- Совет дзэ къулыкъущIэ, контр-адмирал Тхьэгъапсэ Мэжид къызэралъхурэ илъэс 89-рэ ирокъу.
- Америкэм щыщ актёр, режиссёр цIэрыIуэ, «Оскар» саугъэтыр плIэнейрэ зыхуагъэфэща Иствуд Клинт и ныбжьыр илъэс 88-рэ ирокъу.
- Актёр, кинорежиссёр, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Бурков Георгий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
- Философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэвлокъуэ Вячеслав и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
- Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIыхь зиIэ и экономист, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIу щыта Чеченов Ануар и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- УэрэджыIакIуэ, композитор, УФ-м и цIыхубэ артист Кузьмин Владимир и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
- Къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Къарэнашэ Iэминат къыщалъхуа махуэщ.
- Урысей уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Королёвэ Наташэ (и цIэ-унэцIэ дыдэр Порывай Натальещ) и ныбжьыр илъэс 45-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 — 22-рэ, жэщым градус 15 — 16 щыхъунущ.
- Мэкъуауэгъуэм и 1, мэрем
- Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
- Адэ-анэм я дунейпсо махуэщ
- Шэм и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и Ищхъэрэ флотым и махуэщ
- Правительственнэ связь IэнатIэр къыщызэрагъэпэща (1931 гъэм) махуэщ
- Австралиер къыщызэIуаха махуэщ
- 1806 гъэм архитектор Джакомо Кваренги Петербург ухуэн щыщIригъэдзауэ щытащ Смольнэ институтым и унэр.
- 1862 гъэм США-м цIыхухэр щагъэпщылIыну зэрыхуимытым теухуа унафэ къыщыдэкIащ.
- 1892 гъэм Урысейм щыяпэу Киев электричествэкIэ зекIуэ трамвай щаутIыпщащ.
- 1921 гъэм «Кабардино-Балкарская правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
- 1924 гъэм «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэм я япэ номерхэр къыдэкIащ.
- Нэмыцэ физик, математик, бзэщIэныгъэлI, философ цIэрыIуэ Лейбниц Готфрид къызэралъхурэ илъэс 372-рэ ирокъу. Пётр Езанэм и лъэIукIэ абы зэхилъхьауэ щытащ егъэджэныгъэмрэ къэрал зехьэкIэмрэ зэрызрагъэужьыну щIыкIэм теухуа проектхэр.
- Дипломат, генерал-фельдмаршал Бестужев-Рюмин Алексей къызэралъхурэ илъэс 325-рэ ирокъу. Пётр ипхъу Елизаветэ пащтыхь гуащэм и зэманым Урысейм и къэрал щIыб политикэр зыунэтIу щытар аращ.
- Композитор щэджащэ Глинкэ Михаил къызэралъхурэ илъэс 214-рэ ирокъу. 1833 гъэм абы итха «Патриотическая песня» жыхуиIэ макъамэр Урысей Федерацэм и къэрал гимну щытащ 1991 — 2000 гъэхэм.
- США-м щыщ, дуней псом щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ киноактрисэхэм хабжэу щыта Монро Мэри-лин (и цIэ-унэцIэ дыдэр Нормэ Джин Мортенсонщ) къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу.
- Адыгэ Республикэм щыщ гъавэгъэкI цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Еныкъуэ Исхьэкъ къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
- Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Шортэн Тамарэ къыщалъхуа махуэщ.
- Актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Симоновэ Евгение и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
- Къэрал къулыкъущIэ, Урысейм и Олимп комитетым и президенту щы- та, УФ-м и Къэрал Думэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жуков Александр и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
- Хоккеист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп джэгухэм тIэунейрэ я чемпион Крутов Владимир къызэралъхурэ илъэс 57-рэ ирокъу.
- Израилым щыпсэу жылагъуэ лэжьакIуэ, Кфар-Камэ къуажэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Зэчрей и ныбжьыр илъэс 39-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 20 — 22-рэ, жэщым градус 11 — 13 щыхъунущ.