Ислъамым и нур
2018-05-29
- НэщIым и иужьрей махуэхэр
- Къэдэр жэщыр
- Къэдэр жэщым нэхърэ нэхъ лъапIэ зы жэщи щыIэкъым. Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Къэдэр жэщыр жэщ мин нэхърэ нэхъ лъапIэщ» Iэятыр.
- Къэдэр жэщым Тхьэм хуэпщылIам и псапэр хуегъадэ жэщ минкIэ Алыхьым хуэпщылIам и псапэм хуэдизым. А жэщыр апхуэдизкIэ лъапIэщи, Тхьэм цIыхум хуиуха гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ иIэнущ, а цIыхур Тхьэм зэрыхуэпщылIым теухуауэ. Сыту жыпIэмэ, а жэщ лъапIэм мелыIыч псори щIылъэм къох, Тхьэм елъэIуу щыс цIыхум мелыIычхэри нэху щыху хуолъаIуэ. А лъэIухэр къабыл зэрыхъум щыхьэт тохъуэ КъурIэн лъапIэри хьэдисхэри.
- Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Къэдэр жэщыр къыщыфлъыхъуэ Рэмэданым и иужьрей махуипщIым», — жиIэри.
- НэщIым и иужьрей жэщипщIыр Къэдэр жэщра къыпфIэщIу Тхьэм ухуэпщылIмэ, а жэщ лъапIэм уримыхьэлIэнкIэ Iэмал иIэкъым, армыхъуамэ, пIэщIэкIынкIэ шынагъуэ щыIэщ.
- Хьидыр
- Муслъымэн псоми ди зэхуэдэ махуэ лъапIэхэр нэщIикIыж хьидымрэ Къурмэн хьидымрэщ. А махуэхэм псапэщ зыгъэпскIыныр, мэ дахэ къыпкIэрезыгъэххэр зыщыхуэныр, Iэмал зэриIэкIэ, щыгъыныщIэ щытIэгъэныр, Iыхьлыхэм, благъэхэм, гъунэгъухэм, ныбжьэгъухэм якIэлъыкIуэныр, хуэмыщIахэм, зи закъуэу псэухэм, тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм гулъытэ лей яхуэщIыныр.
- НэщI дикIыжа нэужь, хьидым и япэ махуэм хьид нэмэзыр дощI. Ар щащIыр мэжджытращ. Ауэ щхьэусыгъуэ пыухыкIа гуэрхэмкIэ мэжджытым мыкIуэфхэм унэм щащIми хъунущ. Хьид нэмэзыр тщIын и пэ къихуэу бытырыр ттын хуейщ. Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «КъэвнэщIар уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэтынущ, фи бытырыр фтыхукIэ». Абы и мыхьэнэр фи нэщIыр къабыл хъунукъым, бытырыр фымытмэ, жиIэу аращ. Апхуэдэу щыхъукIэ, бытырыр умытыныр Iэмал зимыIэ Iуэхущ. Ар тыпхъэщ хьид нэмэзым и пэ къихуэу.
- Бытырыр зэтыпхъэр
- Бытырыр етыпхъэщ тхьэмыщкIэм, хуэмыщIам, къулейсызым. Iыхьлыхэм, благъэхэм, гъунэгъухэм апхуэдэ яхэтмэ, ахэращ зэтыпхъэр, абыхэм ар зытехуэ яхэмытмэ, итIанэщ нэгъуэщI жылэ дэсхэм епт щыхъунур.
- Нэмэзым щыуагъэ хэтщIыхьмэ, «сэждэ» тщIымэ къытхуогъу. НэщIым щыуагъэ хэтщIыхьамэ, къызэрытхуэгъур бытырыращ.
- Шэууал мазэм щыщу махуих
- Рэмэданым къыкIэлъыкIуэ шэууал мазэм щыщу махуих нэщIыныр псапэ лей зыпылъ Iуэхугъуэщ. Абы теухуауэ Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «НэщI мазэр къинэщIу, къыкIэлъыкIуэ шэууал мазэм щыщуи махуих нэщIар, илъэс псом нэщIам хуэдэщ». Хьид махуищым и ужькIэ махуихыр зэкIэлъыпыту къэбнэщIми хъунущ ар, хэчыхьауэрэ къэбнэщIми хъунущ. Ар фарзкъым, атIэпсапэзыпылъIуэхугъуэуаращ.
- Анэм и хьэкъыр
- Дызэрыщыгъуазэщи, ЛIыкIуэ лъапIэу Мусэ (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр) Алыхьым епсалъэу щытащ. Зэгуэрым Мусэ бегъымбарым Тхьэм зыхуигъэзащ мы упщIэмкIэ: «Уэ, си Тхьэ ЛъапIэ! Уэ сэ Уи нэфIыр къысщыхуащ, укъызэрызэпсалъэмкIи укъысхуэупсащ, жэнэткIи сыкъэбгъэгугъащ, хэт жэнэтым си гъунэгъунур?» — жиIэри. Алыхьым жэуап къритащ: «Къалэм и зы хьэблэм щопсэу лыщэ (лыкIэ сату зыщI) щIалэ, мис аращ жэнэтым уи гъунэгъунур», — жиIэри.
- Ар икъукIэ телъыджэ щыхъуащ ЛIыкIуэм. «Дауэ къызэрыгуэкI цIыхум ЛIыкIуэхэм я гъунэгъуу жэнэтым хэщIапIэ зэрыщигъуэтынур?» («сыткIэ къилэжьауэ пIэрэ?») жыхуиIэу. Мис а гупсысэхэр и щхьэм илъу ЛIыкIуэ лъапIэм къигъуэтащ лыщэм и тыкуэныр. Лыщэр и ныбжькIэ щIалэ дыдэу, и теплъэкIэ лъагъугъуафIэу къыщIэкIащ. Пщыхьэщхьэ хъууэ тыкуэныр зэхуищIыжыху ЛIыкIуэр щIалэщIэм кIэлъыплъащ. Имыщэу къэна лы тIэкIур иIыгъыу унэм кIуэж щIалэм иужь иувэри, Мусэ (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр) кIэлъыкIуащ. ЩIалэр и бжэIупэм щынэсыжам, ЛIыкIуэр бгъэдыхьэри, еупщIащ: «ХьэщIэр Алыхьым и щIасэщ, сынебгъэблэгъэну?» — жиIэри. ЩIалэм гуапэу ЛIыкIуэм сэлам кърихри, иригъэблэгъащ.
- А щIалэщIэм Алыхьыр апхуэдизу къыщIыхуэупсам и щхьэусыгъуэр зыгуригъэIуэн мурадкIэ, Мусэ бегъымбарыр набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ щIалэм ищIэ псоми. ЩIалэм къихьа лы тIэкIур ипщэфIащ, иужькIэ, нэгъуэщI пэшымкIэ щIыхьэри, матэшхуэ къыщIихащ, фызыжь лъэрымыхь илъу. ЩIалэр сакъыурэ фызыжьыр матэм кърихри, итхьэщIащ, и IэхэмкIэ жьэдилъхьэурэ, сабийм хуэдэу, фызыжьыр игъашхэщ, иужькIэ, едэхащIэри, хуигъэхьэзыра пIэ щабэм игъэгъуэлъыжащ. Фызыжьым хуэмурэ зыгуэрхэр жиIащ, ауэ ар зэрыкъарууншэм ипкъ иткIэ, абы и псалъэхэр ЛIыкIуэм зэхищIыкIакъым.
- Фызыжьыр игъэжея нэужь, щIалэщIэр и хьэщIэ лъапIэм бгъэдэтIысхьащ. «Хэт а фызыжьыр?» — жиIэу Мусэ (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр) щыщIэупщIэм, щIалэм жэуап къитащ: «Ар си анэщ», — жиIэри. «Бзылъхугъэ къасщтэу си анэм кIэлъызгъэплъыфынукъым, абы естын мылъку зэрызимыIэм къыхэкIыу, си анэр сэ езым зызохьэж», — жиIащ ныбжьыщIэм. ЛIыкIуэр етIуанэу щIэупщIащ: «Сыт уи анэм Iущащэу жиIахэр?»
- — Си анэр згъэшхауэ щызгъэгъуэлъыжым деж зы махуэ къэмынэу Тхьэм схуолъэIу си гуэныхьхэр къысхуигъэгъуну, ЛIыкIуэ лъапIэу Мусэ (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэным) и гъунэгъуу жэнэт Iыхьлы сыхъуну, — жэуап къитащ щIалэм.
- ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэр арэзы зыхуэхъуным) щIалэщIэм зыхуигъэзащ: «Уи насыпщ, щIалэ! Хъыбар узогъащIэ, уи анэм и тхьэлъэIур Алыхьым къабыл зэрищIамкIэ, Мусэ бегъымбарыр сэращи, си гъунэгъуу жэнэт Iыхьлы узэрыхъунумкIэ!» — жиIащ Мусэ Бегъымбар лъапIэм.
- Аращи, адэ-анэм, псом хуэмыдэу анэм, жэнэтми жыхьэнмэми уашэфынущ. Адэ-анэм я хьэкъырзыщымыгъупщэнТхьэмпсоридищI!
- Кърымым къыщрагъэжьа мэжджытышхуэр
- Кърымым къыщрагъэжьауэ щаухуэ Тхьэм и арэзыныгъэ къыщалэжьыну уардэунэ. Къэрал Думэм и депутат Бальбек Руслан зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ мэжджытышхуэ а хытIыгуныкъуэм зэи щаухуакъым. Кърымыр Урысейм ей хъужа нэужь кърагъэжьа а ухуэныгъэр 2019 гъэм яухыну я мурадщ.
- Мэжджытыр метр зэбгъузэнатIэ 5.785-рэ мэхъу. КъызэрабжамкIэ, абы текIуэдэнущ сом мелардиплI. Мэжджытым хэтынущ хьэрыпыбзэмрэ дин щIэныгъэмрэ щрагъэгъуэт еджапIэ нэхъыщхьэ, щIэныгъэлIхэр щызэIущIэну пэшышхуэхэр, хьэщIэщхэр. АзэнджапIэуплIыиIэнущи, дэтхэнэзыми метр 50 и лъагагъыущытынущ.
- Тхылъ щхьэпэ куэд къыдэзыгъэкIа Тхьэкъуахъуэ Iэуес
- Хьэдисым къыщыкIуащ: «Дунейм ехыжа цIыхум и тхылъыр зэхуащIыж. ЗэхуамыщIыжу къанэр абы и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъ закъуэращ».
- Хьэдисым и мыхьэнэр мыращ: ЦIыхум и псэр щыхэкIам и деж, абы и гъащIэр зэрыта тхылъри зэхуащIыж. Ауэ зэхуамыщIу къонэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIауэ дунейм къытринахэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, тхылъ щхьэпэ къыдэзыгъэкIахэм я псапэр зратхэ тхылъыр зэхуащIыркъым, абы и IэдакъэщIэкIыр дунейм тетыху. Апхуэдэхэр лIа щхьэкIэ къэмынэу, псапэ къалэжь. Апхуэдабзэщ зи Iэдакъэ Iей къыщIэкIахэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, цIыхур зыгъэщхьэрыуэ тхылъ е кино хуэдэхэр дунейм тезыутIыпщхьахэм я гуэныхьхэр зратхэ тхылъри зэхуащIыркъым.
- Нобэрей ди тхыгъэри зэтеухуар Алыхьым и арэзыщIыныгъэм псэемыблэжу телажьэ Тхьэкъуахъуэ Iэуесщ.
- Iэуес 1972 гъэм Нартан къуажэм къыщалъхуащ. Ар зэрысабийрэ щIэхъуэпсырт дин щIэныгъэ зригъэгъуэтыну.
- — Сэ сыщыцIыкIум щыгъуэ сымаджэ сыхъуамэ, псом япэу си анэр къызэпщэу щытащ КъурIэн IэятхэмкIэ. Шэч хэмылъу, сэбэпи къысхуэхъурт, — игу къегъэкIыж Iэуес.
- Муслъымэн щыпкъэхэм, абыхэм яхэлъа хьэл-щэн дахэмрэ шыIэныгъэмрэ ятеухуа тхыгъэ кIэщI цIыкIухэр зэрыт напэкIуэцIхэр адыгэ тхылъхэм къыщигъуэтмэ, къытригъэзэжурэ ахэр щIиджыкIырт Тхьэкъуахъуэм икIи щIэхъуэпсырт апхуэдэ цIыху щыпкъэхэм я лъагъуэм ирикIуэныр. «Узэджэр къокIуэ» жыхуиIэрати, Iэуес и хъуэпсапIэр къехъулIащ.
- Тхьэкъуахъуэр КъурIэн еджэкIэ иригъэсащ Нартан щыпсэу Ануар Хьэсэн. Налшык дин IуэхущIапIэ къыщызэIуаха нэужь, ПщыхьэщIэ Шафихь иригъэкIуэкIыу щыта курсхэм щIэсащ. ИтIанэ Налшык ислъам институт къыщыщызэIуахым, абы щIэтIысхьауэ щеджэу, и насып кърихьэкIри, дунейпсо ислъам институту Мысырым щыIэ аль-Азхарым еджакIуэ ягъакIуэ гупым яхэхуащ. Абы илъэс зыбжанэкIэ щеджауэ, ар Мысырым икIри, Сауд Хьэрыпым кIуащ. Мис апхуэдэурэ, дин щIэныгъэр зригъэгъуэтын мурадкIэ, Iэуес къыщыхутащ щIыпIэ зыбжанэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэригъэзэжрэ зы махуи щысакъым Тхьэкъуахъуэр Iуэхуншэу, атIэ нобэр къыздэсым и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпытщ.
- — Хамэ къэрал сыщыщеджэ илъэсхэм ди къуажэдэсхэм мылъкукIэ зыкъысщIагъэкъуащ, ар гуапэу си гум къахуинащ. Тхьэм сахуолъэIу Алыхьым и фIыгъуэм ахэр химыныну, — жеIэ Iэуес.
- Ислъам диным теухуа тхылъ щхьэпэ зыбжанэ адыгэбзэкIэ къыдигъэкIащ Тхьэкъуахъуэм. Ахэр теухуащ нэщIым, нэмэзым, хьэлэлым, хьэрэмым, фарзым, сунэтым, КъурIэным, хьэдисхэм, нэгъуэщI куэдми. КъищынэмыщIауэ, иджы къыдигъэкI тхылъхэм диск ящIыгъущ. Тхьэкъуахъуэм адыгэбзэкIэ къыдигъэкIа и тхылъ щхьэпэхэр щывгъуэтынущ ислъам тыкуэнхэм.
- — ФIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн къытхуэхъуа псоми. Псом хуэмыдэу я цIэр къисIуэну сыхуейт мы гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ щысхуэхъуа Бэлагъы Шэукъирэ Гуащокъуэ Абдул Бакъирэ. Ахэр ади, къуэш нэхъыжьи, ныбжьэгъуфIи зэрымыхъу щыIэкъым. Абыхэм я сэбэпынагъыу дэ къыдагъэкIыр къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Абыхэм сахуолъаIуэ Алыхьым и нэфIыр къащыхуэну, Тхьэм и фIыгъуэмрэ берычэтымрэ химыныну, — жеIэ Тхьэкъуахъуэм.