Къэрал гулъытэм хохъуэ
2018-05-31
- Гъэмахуэм и япэ махуэр сабийуэ дунейм тетым нэхъыфI дыдэу ялъагъу. Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ цIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм щыщIидзэмрэ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр щагъэлъапIэмрэ зэрызэтехуэр.
- Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) сабийхэр хъумэным теухуа унафэ щхьэхуэ къызэрищтэрэ илъэс 70-м нэсащ. Ар къыщыхъуар 1950 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-ращ. А махуэшхуэр убзыхунымкIэ япэу жэрдэм къыхэзылъхьар ЦIыхубзхэм я дунейпсо демократ федерацэращ. IуэхугъуэщIэр диIыгъащ ООН-м икIи унафэ ищIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр, я узыншагъэр, уеблэмэ я гъащIэр хъумэным гулъытэ хуащIын хуейуэ. Езы дунейпсо зэгухьэныгъэми зэфIих лэжьыгъэ псоми ящыщу сабийхэм ехьэлIахэр япэ игъэщыпхъэу къилъытащ.
- Илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 1-м дуней псом махуэшхуэр щагъэлъэпIэну унафэ къащтами, сабийхэм я Iуэхур хэпщIыкIыу ефIэкIуэн папщIэ, ООН-м япэщIыкIэ къищ-тащ Сабийм иIэ хуитыныгъэхэмкIэ Декларацэ, иужькIэ, 1979 гъэм, Конвенцэ щхьэхуэ. Ахэр ди къэралым къыщилъытар илъэс 11 дэкIа нэужьщ. Нобэ а IэнатIэр ди къэралым шэщIауэ щолажьэ. Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ УФ-м и Президентым и уполномоченнэщ Кузнецовэ Аннэ.
- Накъыгъэм и иужьрей мы махуэхэм Москва щызэхуашэсащ сабий омбудсменхэм я XV съезд. Абы щытепсэлъыхьащ «Сабиигъуэм и илъэсипщI» къэрал программэр гъащIэм хэпща зэрыхъу щIыкIэхэм, сабий садхэм я Iуэхутхьэбзэхэм хуэныкъуэ псоми ар къагъэсэбэпыфыну Iэмал етыным, курыт школхэм етIуанэ, ещанэ сменэхэр щыIухыным, щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм щапI сабийхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм хэхауэ защIэгъэкъуэным, нэгъуэщIхэми.
- А псори къалъытэ УФ-м и унафэщIхэм икIи къытщIэхъуэ щIэб-лэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къэрал мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу ягъэув. Сабиигъуэм ди къэралым хуищI гулъытэм илъэс къэс хохъуэ. 2007 гъэ лъандэрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щолажьэ «Унагъуэ и мылъку» программэ хэхар. Анэхэм хухах мылъкур, сом мин 250-у къежьа дэIэпыкъуныгъэу сабий етIуанэ (ещанэ…) зыгъуэт анэм иратыр, нэгъабэ лъандэрэ хъуащ сом мин 453-м щIигъу. А ахъшэр трагъэкIуадэ псэупIэхэр егъэфIэкIуэным, сабийхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, анэхэм я лэжьыгъэ пенсэм хузэхуахьэс Iыхьэм. Шэч хэмылъу, программэр сэбэп хъуащ къэра-лым сабий нэхъыбэ иужьрей илъэсхэм къыщалъхунымкIэ. КъинэмыщIауэ, япэу бын зыгъуэтхэм къэралым социальнэ и лъэныкъуэкIэ мы гъэм къыщыщIэдзауэ хэпщIыкIыу защIегъакъуэ. Щыпэлъхум мазэ къэс хухах мылъкум и ина-гъыр ди республикэм щохъу сом 12 7780-рэ. Ар унагъуэм Iэрыхьэнущ сабийм и ныбжьыр илъэсрэ ныкъуэрэ ирикъуху. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр, шэч хэмылъу, бын зэзыгъэгъуэтыну хуей унагъуэщIэхэм я дежкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ. Абы ирегъэфIакIуэ ди щIыналъэм щыщыIэ демографие щытыкIэр, сабий зэзыгъэгъуэтыну хуей унагъуэхэри абы нэхъри трегъэгушхуэ.
- Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм мы зэманым щолажьэ бын зиIэ унагъуэхэм социальнэу ядэIэпыкъуным хуэгъэпса программэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс ират пособиехэр, гъэсапIэхэм екIуалIэ цIыкIухэм папщIэ ят пщIэм щыщ процент бжыгъэ адэ-анэхэм зэрыхуагъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэшхуэхэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и Iыхьэ гуэрым къызэригъэзэжыр, анэ (унагъуэ) мылъку сабий етIуанэм (ещанэм, еплIанэм…) зэрыхуагъэувар, етхуанэ (е нэхъыбэ) бын зэзыгъэгъуэта (къуэ, пхъу зыщIа) бзылъхугъэхэм псэупIэ яухуэн е къащэхун папщIэ сом мин 250-рэ къызэрыратыр, республикэм и сабий гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэхэм пщIэншэу бынхэр зэрыщыбгъэIэфыр. А Iуэхугъуэхэр зэфIэха зэрыхъум набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и уполномоченнэ Лъынэ Светланэ.
- Дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщыныгъэр псом япэу къызэралъытэр абы сабийм, анэм, унагъуэм щаIэ пщIэрщ, гулъытэрщ. А IэнатIэхэр нэхъри ефIэкIуэну, сабийхэм яхуэгъэза къэрал гулъытэр нэхъыбэж хъуну дыщогугъ. Я бын цIыкIухэр, насып щыгъэу Тхьэр къазэрыхуэуп-са фIыгъуэр, гъэсэныгъэ екIу зыхэлъ цIыху нэсу жылагъуэм хэгъэхьэныр къапэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытыр дэтхэнэ адэ-анэми хьэкъыу пхыкIауэ щытыпхъэщ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.